Европэм щыIэ адыгэ щэнхабзэ хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэу куэдрэ лэжьа ТIамжьыкъуэ Омар-Фарукъ и фэеплъу
Хъыбар гуауэ къикIащ Германием. И ныбжьыр илъэс 86-м иту дунейм ехыжащ Европэмрэ Урысеймрэ фIыуэ къыщацIыхуу щыта, адыгэ лъэпкъым и къуэ пэж, жылагъуэ лэжьакIуэ ТIамжьыкъуэ Омар-Фарукъ. Ди къуэш нэхъыжьым хэхэс адыгэхэм я тхыдэм увыпIэшхуэ щеубыд. Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэу илъэс куэдк1э лэжьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм жыджэру Iуэху щызэрихьащ, абы и вице-президенту щытащ. Омар-Фарукъ и лъэпкъэгъухэм сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу щытащ, псапэ ищIэу къэгъуэгурыкIуащ ар. Нобэ апхуэдэ цIыху гуащIафIэ зэрытхэкIар ди дежкIэ гуауэщ. Омар-Фарукъ адыгэ псоми я гум илъынущ, хэкупсэу, адыгэлIу зэрыпсэуам хуэдэу. Дунейпсо Адыгэ Хасэм…
Дальше