Фокӏадэм и 28-м Адыгэ фащэм и махуэщ
Ныбжьэгъу лъапӏэхэ, ди лъэпкъэгъухэ! Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ, Краснодар, Ставрополь хэгъуэгухэм, дуней псом адыгэхэр хэхэсу здэщыlэ щlыпlэхэм ину щагъэлъапӏэ. Лъэпкъ фащэр щыгъын къудейкъым, ар лъэпкъым и тхыдэщ, ди псэкупсэ лъапIэныгъэхэр зэрытхъумэн ӏэмалщ. Адыгэ фащэр лӏэщӏыгъуэ куэд ипэ дуней псом къыщацӏыхуащ. Апхуэдэуи нобэ адыгэ цейр зыщыгъхэм ящыщщ Иорданием и пащтыхьыр зыхъумэхэр. Ину адыгэ цейм и пщIэр яIэтащ лъэпкъым къыхэкIа адыгэ усакIуэхэми. Абыхэм язщ МэшбащIэ Исхьэкъ «Адыгэ цей» («Черкеска») зыфIища и усэ цIэрыIуэр: «Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами, зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ». Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэ гупым хэтхэм я цIэкIи, си щхьэкIи фӏыщӏэ…
Дальше