Хьэткъуэ Умарщ (Омер Сейфеддин) дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд
Хьэткъуэ Умар и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ абы и новеллэхэр 1920 гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ. Ахэр ягу зэрырихьым къыхэкIыу, адыгэ щIалэм и тхылъ щхьэхуэхэр Мэзкуу, Ленинград 1957, 1975, 1987, 1994 гъэхэм къыщыдокI. ТхылъиплIми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ. Си цIыхугъэфI Печеневыр илъэс куэдкIэ Анкара щылэжьащ икIи тыркубзэр гъуэзэджэу ещIэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, – жеIэ абы. – Eзым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщыкIырт и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм нэхъ пэгъунэгъуу…
Дальше