Турция

Истэмбыл кавказ хасэм аргуэру цIыхубз тхьэмадэ трагъэуващ

 Истэмбыл кавказ хасэм и зэхуэс щакIуэгъуэм и ещанэ махуэм (03.11.2013) щекIуэкIащ езы хасэм и хэщIапIэм. Абы щыхахащ тхьэмадэу КIэрэф япхъу-Карадаш Хьэуа. Ар адвокатщ икIи уэрэджыIакIуэщ.

Абы ипэкIи Шурдым япхъу Гюнсел хасэм тхьэмадэу куэдрэ тетат икIи и фIагъэшхуэ къигъэкIуат, хасэм унэщIэ къыхуаригъэщэхуат. КIэрэф япхъуми щогъугъхэр хасэм и лэжьыгъэр иригъэфIэкIуэну.

Истэмбыл хасэм и тхьэмадэ къуэдзэу хахащ Алъэсчыр-Динчер Жанберд. Ар дзэм хуэIэзэ врачщ. Абыхэм ягъусэу хасащхьэм хэтынухэр: Iутку Эргун, Йылмаз Хьандэ, Элам Зайнаб, Iишджан Окан, Гюнеш Юксел, Ёздэн Ёзен, Iаджы Джанчат сымэщ.

Хасащхьэм хэтынухэм я Iэдэжхэри: Гювен Барыш, Болат Хьиджран, Эдизгил Тугъчэ, Ёзкан Айшэгул, Куйумджу Захьит сымэщ.

Зэхуэсым щыхахащ зуплъэкIу е кIэлъыплъакIуэ гупым хэтыну: Думэн Догъан, Сайынер Iумит, Сезгин Эминэ. Абы я Iэдэжхэуи: Йурт Салихь, Туфан Айшэ, Тулгъар аднан сымэ.

УпщIэжэгъу нэхъыжь гупу хахащ: Шурдым Мэсхьуд, Тумэ-Туна Рахьми, Нэгъуей Яшар, Чурей Алий, Чичек Кяни, КIуэкIуэ-Гул Джэнгиз, Думэн Iумит, Йылмаз Нихьат, ДыщэкI-Эшсиз Айшэ, Ёлмез Йылмаз, Щокъул-Айдемир Iилхьан, Къущхьэ-Ёзден Догъан, Йылдырым Рэмзи, Адэмей-Албайрак Хьикмэт, Бэзрокъуэ-Дёнмез Керамэттин сымэ.

Истэмбыл Кавказ Хасэм и лIыкIуэу КАФФЕД-ым хэтыну хаха цIыху 25-ри мыхэращ: Тумэ-Туна Рахьми, Думэн Iумит, Нэгъуей Яшар, Пщагукъуэ-Ёзел Махьмуд-Нэдим, КIуэкIуэ-Гул Джэнгиз, Шурдым-Iауджы Гюнсел, КIэрэф япхъу-Карадаш Хьэуа, Алъэсчыр-Динчер Жанберд, Iутку Эргун, Гювен Яшар, Iишджан Окан, Iаджы Джанчат, Думэн Догъан, Полат Хьилал, Хьэткъуэ япхъу-Багъ Минэ, Хьэткъуэ япхъу-Щоджэнхэ я нысэ-Динчер Юксел, Дёнмез Сэтэней, Тутар Хъусен, Шахьин Тимур, Iнанёз Еткин, Гунэш Юксел, Болат Сухьад, Сюрен Зафэр, Ёздемир Фатимэ. Ахэр иджы хэтынущ КАФФНД-ым и зуэхуэсу мы мазэм и 24-нэ махуэм Анкара щекIуэкIынум.

КъызэрылъагъуэмкIэ хасащхьэр нэхъри ягъэщIалэжау аращи, дохъуэхъур я нэхъыжьхэм хуэфэщэнхэу, зыхуей къадэхъуну,  хасэр ирагъэфIэкIуэну, лъэпкъым нэхъ щхьэпэ хуэхъуну.

Фигу къэдгъэкIыжынщ Истэмбыл Кавказ Хасэу зи гугъ къэтщIыр, Тыркум щаухуа хасэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщу зэрыщытыр. КавказыцIэ иIэу ар зэраухуэрэ нэгъабэ илъэс 60 ирикъуащ. Ауэ щаухуа дыдэр 1946 гъэращ. Абы щыгъуэ КавказыцIэри зепхьэну шынагъуэти «НыбжьэгъуIэ ЗэдэIэпыкъуныгъэ Хасэ» фIащри яухуау щытащ. Абы щыгъуэ ахэм яхэтащ Азербейджанхэри, Къэрэшейхэри, Дагъыстанхэри, нэгъуэщI кавказ лъэпкъхэри. ЗэманкIэрэ мыадыгэ-мыабазэ лъэпкъхэр хуомхуомурэ яхэкIри езым я хазэхэр яухуэжащ, къэралми цIыхухэм хуитыныгъэ нэхъыбэ яритащ. Абы къыхэкIкIэ хасэм и цIэр 1952 гъэм «Кавказ щIэнхабзэ (Кулътурэ) Хасэ»уэ яхъуэжащ.

Къэзытхыжар: Хъуажь Фахьри

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Related posts

Leave a Comment