Тыркум-Анкара къалэ адыгэ ныбжьыщIэ зэхуэс щрагъэкIуэкIащ
Тыркум щыIэ Кавказ-Черкес-Адыгэ хасэхэм я зэгухьэныгъэу-федерацэу КАФФЕД-ым Анкара ныбжьыщIэ зэхуэс щригъэкIуэкIащ 02-03.2013 махуэхэм. Абы Адыгей Республикэм щIэнхабзэмкIэ и министру Къул Мыхьамэти хэтащ. Сурэтым къегъэлъагъуэр 2013 гъэм Адыгэ ныбжьыщIэ зэхуэсым хэтахэр Европэ къэрал зэгухьахэр щIэгъуэкъуэн зыхуэхъу лэжыгъэхэм щыщу «Хуиту гупсысэ!» жыхуиIэм ипкъ иткIэ КАФФЕД-ым зэхишащ ныбжьыщIэ зэхуэсыр. Абы къалэну зыхуигъэувыжар: Тыркум щекIуэкI демократие икIи лъэпкъхэм я зыкъэщIэжныгъэ зыужьыныгъэм еплъыкIэу, бгъэдыхьэкIэу щыбжьыщIэхэм хуаIэр зыхуэдэр къащIэну, Адыгэ хэкужьми адыгэр щыхэхэс къэралхэми щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ныбжьыщIэхэр щыгъуэзэнхэм, егупсысынхэм иригъэгуфIыну, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ныбжьыщIэхэр нэхъ жьыджэру щIыхэмыхьэм и щхьэусыгъуэхэр къэпщытауэ ахэр дэгъэзыжыным, адыгэ ныбжьыщIэхэр нэхъ зэрпыщIа зэрыхъуным я амалхэм еусэну икIи хъуну щытмэ адыгэ ныбжьыщIэ хасэ зэрызэхашэнум елэжьынхэу аращ. НыбжьыщIэ зэхуэсыр щекIуэкIащ «ЕтIуанэ адыгэбзэ ЩIэнIуатэр» здекIуэкIау щыта хьэщIэщым. Ар къызэIуихащ КАФФЕД-ым гъэсэныгъэ икIи жылагъуэ зэхэшэныгъэ IуэхухэмкIэ и тхьэмадэу Челик Филиз. КАФФЕД-ым и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Уаджиди, Адыгей Республикэм щIэнхабзэмкIэ и министру Къул Мыхьамэти зыхуагъэзащ адыгэ ныбжьыщIэхэм, упщIэ къратахэми пэгъуэдз (жэуап) иратыжащ. Япэ махуэм щрагъэкIуэкIа зэхэсыгъуитIыр — «Тыркуейм щекIуэкI демократизацэ Iэхугъуэхэмрэ адыгэхэмрэ» щхьэцIэ зыфIаща япэ зэхэсыгъуэмрэ «Диаспорам-Хэкум-Урысей Федерацэм я зэхущытыкIэхэр» зыфIаща етIуанэ зэхэсыгъуэмрэ ирагъэкIуэкIащ Сеймэн Хьэсэн, Челик Филиз, Хъуажь Нэжан, ЧIупэ-Джанлы Мурат сымэ. ЕтIуанэ махуэм Челик Филизрэ ЧIупэ-Джанлы Муратрэ ириагъэкIуэкIа зэхэсыгъуэхэм щытепсэлъыхьахэщ ныбжьыщIэхэм я зэпыщIэныгъэ зэрыхъунум. Абы хэту унафэ къащтащ КАФФЕД-ым и ныбжьыщIэ комитет къызэрагъэпэщыну, абы щхьэкIэ щIыпIэ хасэхэм ныбжьыщIэ лIыкIуэхэр щыхахыну, ахэр зэхуэсынурэ КАФФЕД-ым и ныбжьыщIэ комиссем и тхьэмадэр, и хасащхьэм хэтынухэр ягъэнэхуэну. НыбжьыщIэ комиссэр зэлэжьыну япэ IэухуитIри абы щагъэнэхуащ. Щачэ (Сочи) олимпиядэр икIи Тыжь Илкай къэгъэзэжын проекту Мейкъуапэ къыщызэрагъэпэщ хьэщIэщым дэIэпыкъун папщIэ зы пшыхь ирагъэкIуэкIыну. ЩIалэгъуалэр хуиту къыщыпсэлъащ ныбжьыщIэ зэхуэсым икIи хасэ-жылагъуэ Iуэхухэм нэхъ жьыджэру зэрыхэтыпхъэхэр къагурыIуауэ, абы нэхъ тегушхуауэ зэхэкIыщащ. Дауи, щIэлэгъуалэ здэщыIэм къафэ-нафэ, джэгу-удж хэмытынкIэ амал зимыIэщ. Адыгэ пшынэм зыкърагъэIэтащ, дэжьыуащ, джэгум зыщамыгъэнщIыпами загъэтхъэжауэ, ныбжьэгъу куэд зэрагъэцIыхуауэ зэбгрыкIыжахэщ. Иджы щIыпIэ хасэхэм ныбжьыщIэ лIыкIуэ къызэрызыхахынум, абы къыкIэлъыкIуэу КАФФЕД-ым и ныбжьыщIэ хасэ зэраухуэнум поплъэхэр. Дэри дохъуэхъур насыпыфIэ хъунхэу, лъэпкъ Iуэхум нэхъ жьыджэру хэтынхэу, я акъыл, я щIэныгъэ, я лъэпкъ хабзэ-бзыпхъэхэр я гуазэу, ефIэкIуэнхэу, лъэпкъыр ирагъэфIэкIуэну.
Хъуажь Фахьри