Новости

КАВКАЗ ЗАУЭМ ХЭКIУЭДА АДЫГЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪ МАХУЭМ ИРИХЬЭЛIЭУ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭ КIУЭКIУЭ КАЗБЕК ЦIЫХУХЭМ ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Накъыгъэм и 21-м илъэси 161-рэ ирокъу Кавказ зауэр зэриухрэ. А зэманым нэхъ лъэщу щыта къэралыгъуэхэр я геополитикэ сэбэп зыхэлъхэм щхьэкIэ зэрызэпэувауэ щытам кърикIуащ а зауэр икIи адыгэ лъэпкъым гуауэшхуэ
дыдэ, цIыхущхьэкIи мылъкукIи хэщIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр къыхуихьащ абы.
Мы махуэм дэ ди щхьэр яхудогъэщхъ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым, адэжь щIыналъэр залымыгъэкIэ зрагъэбгынахэм, хамэ хэкухэр псэупIэ зыхуащIу бэлыхь куэд дыдэ зыгъэвэн хуей хъуахэм.
Адыгэхэр къызэфIагъэщIакъым зыпхыкIын хуей хъуа гъэунэхуныгъэ хьэлъэ дыдэхэм. Я къэмылэнджагъэмрэ яхэлъ быдагъэмрэ, Iущыгъэмрэ япэкIэ плъэфу зэрыщытымрэ абыхэм щIэгъэкъуэн къахуэхъуащ а гузэвэгъуэ зэманыр къызэранэкIынымкIэ, апхуэдэуи ахэр хуэпэжу къэнэжащ тхыдэ мыхьэнэшхуэ иIэу илъэс щитхум нэблагъэкIэ узэ IэбэкIыжмэ нэхъыжьхэм ячауэ щыта лъэбакъуэм. Абы мыхьэнэшхуэ дыдэ иIащ адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнумкIэ, хуэщхьэпащ иджыри сэбэп хуохъу абы и хабзэ зыми емыщхьхэр, щэнхабзэ, псэкупсэ щIэин къулейр хъумэным, Урысей къэралыгъуэ лъэщым хэту зиужьыным, и Iуэхухэр ефIэкIуэным.
Си фIэщ мэхъу, дяпэ итахэр зытета хабзэхэу зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, Хэкум хуэпэжыныр зи лъабжьэр тхъумэкIэрэ, дэ сыт
хуэдэ гугъуехьхэми дазэрытекIуэнур, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди къэралышхуэмрэ яфI зыхэлъхэм, ахэр нэхъри ефIэкIуэным хуэгъэзауэ къытпэщыт къалэнхэр зэрызэдгъэхъулIэфынур.
Республикэм ис псоми узыншагъэ быдэ яIэну, мамыру, зэIузэпэщу псэуну си гуапэщ.

Related posts

Leave a Comment