МахуэшхуэмкIэ! 2021 ИлъэсыщIэмкIэ!
Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ! Си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сывохъуэхъу ИлъэсыщIэ къэблагъэмкIэ! Узыншагъэ быдэ, гуфIэгъуэ куэд, ехъулIэныгъэ, гукъыдэж дахэхэр ИлъэсыщIэм къыфхуздихьыну Тхьэм жиIэ! Дэтхэнэ унагъуэми мамырыгъэ, гуфIэгъуэ ирелъ. ИрефIакIуэ, ди лъэпкъ дахэр! Иребыдэ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэшыныгъэр! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий
Дальше