МЭЛЫЖЬЫХЬЫМ И 25-М АДЫГЭ (ШЭРДЖЭС) НЫПЫМ И МАХУЭШХУЭЩ
Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ (шэрджэс) ныпым и махуэшхуэмкIэ! Адыгэ ныпыр лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу, лIэщIыгъуитIым нэблэгъауэ адыгэхэм къыддогъуэгурыкIуэ, ди блэкIар, ди нобэр, ди къэкIуэнур зэрипхыу. 2010 гъэм щыщIэдзауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, ди ныпым и махуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм мы гуфIэгъуэ махуэм ирихьэлIэу зэхыхьэ дахэхэр щрагъэкIуэкI. Зэхуэсхэм къокIуалIэ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри. НыбжьыщIэхэм нэхъыжьхэм къытхуагъэна тыгъэ лъапIэхэр ящымыгъупщэу, щэнхабзэр ящIэу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу, Хэкум иригушхуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм пщIэ хуащIыу къэгъэхъунымкIэ мы…
Дальше