Адыгэбзэ

Тхыдэм и дерсхэмрэ къэкIуэнум и нэхумрэ

              Хабзэ зэрыхъуам тету, Адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж        махуэм – накъыгъэм и 21-м – ипэ къихуэу, накъыгъэм       и 20-м и пщыхьэщхьэм цIыхухэр щызэхуос Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж. Мы гъэми ГъащIэ жыгым деж Iуэху дахэ щекIуэкIащ. Лъэпкъым и щхьэ       кърикIуа мыгъуагъэм теухуауэ хэхэс, хэкурыс усакIуэ-хэм зэхалъхьа усэхэм къеджащ щIалэгъуалэри нэхъыжьыIуэхэри, уэрэджыIакIуэхэм гъыбзэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ жаIащ. «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм а пщыхьэщхьэм абдеж жьэрымэ щагъэури, кхъуей, IэфIыкIэ и гъусэу щагуэшащ. Пшыхьым кърихьэлIахэм я къэпсэлъэныгъэхэмрэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмрэ зэфIэкIа нэужь, ныбжьыщIэхэм шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ.             Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда ди адэжьхэм я щхьэр хуагъэщхъыну…

Дальше
Адыгэбзэ

ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ

Лъэпкъым нэхъ Iей дыдэу къыщыщIынкIэ хъунур зэкъуэхунрати, ди адыгэхэм а шынагъуэр къалъэIэсри, дуней псом щикъухьа хъуащ. Ауэ а псори зэзышэлIэж, къызыхэкIар ящызымыгъэгъупщэ зы къару щыIэщ – ар ди адыгэбзэращ. Бзэм зрагъэужьын, къыдэкIуэтей щIэблэм ар яIурылъу къагъэтэджын мурадкIэ къызэрагъэпэщащ мы тхыгъэр зытеухуа, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм зи презентацэр иджыблагъэ щекIуэкIа «СИ БЗЭ» жыхуиIэ проектыр.   Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщI Пащты Борис, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, КъБР-м Граждан…

Дальше
Адыгэбзэ Новости

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Х Конгрессым и л1ык1уэхэм Урысей Федерацэм ис адыгэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Х Конгрессым и л1ык1уэхэм  Урысей Федерацэм ис адыгэхэм, хамэ къэралхэм  щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми   ЗЭРЫЗАХУАГЪАЗЭР Лъэпкъ, бзэ, тхыдэ – зыр япэ ибгъэщ мыхъуну мы Iуэхугъуищыр зэкIэщIэхыпIэ ямыIэу зэпхащ. Тхыдэ зимыIэ лъэпкъ щыIэкъым, бзэр зимыIэж лъэпкъыр зэрыкIуэдыжым ещхьу. Абы къыхэкIкIэ дэтхэнэ зы адыгэми Iурылъыжын хуейщ къыдалъхуа бзэр — тхыдэ кIыхь зиIэ и лъэпкъым и бзэ къулейр. Адыгэбзэр нэхъ бзэ гугъу дыдэхэм щыщу куэдым жаIэ. Абы и пэжагъым нэхърэ нэхъыбэщ иIэ зэфIэкIыр, бгъэдэлъ дахагъыр, гупсысэ куур. Ауэ ар мылажьэмэ, лъэпкъым и цIыху псоми яIурымылъмэ,  зиужьынукъым, абы нэхъ…

Дальше
Адыгэбзэ

ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Х Конгрессым щищ1а доклад

Дунейпсо Адыгэ Хасэм иджыри зы пIалъэ къызэринэкIащ  и къалэн нэхъыщхьэхэр зэфIихрэ и Iэмалхэм хигъахъуэу. 2012-2015 илъэсхэм къриубыдэу ДАХ-р къэрал къулыкъущIапIэхэм, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм ядэлажьэкIэрэ адыгэ Iуэхур игъэкIуэтащ, абы къыпэкIуа хъерри гъунэжщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ДАХ-м и Уставым ипкъ иткIэ, нэхъыщхьэу зиужь дитыпхъэхэм ящыщщ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ди къарухэр зэдгъэуIуу лъэпкъым и псэкупсэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зегъэужьыныр, тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр. Абы ехьэлIауэ тхылъ къыдыдогъэкI, фестивалхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъылI нэсу къытхэтахэм я фэеплъ пшыхьхэр къызыдогъэпэщ. «Адыгэ псалъэ» газетым куэдрэ къытохуэ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа ди къуэшхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ абыхэм къытхуатх хъыбархэмрэ. ДАХ-м и жэрдэмкIэ…

Дальше
Адыгэбзэ Новости

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Конгресс

Щэбэт к1уам Налшык къалэ щек1уэк1ащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Конгрессыр. Лъэпкъым и къэк1уэнум иригузавэ, ДАХ-м и 1уэхущ1афэхэм к1элъыплъ ц1ыху куэд щызэхуэсат Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ къэбэрдей драмэ театрым. Зэхуэсышхуэм кърихьэл1ащ КъБР-м и 1этащхьэ К1уэк1уэ Юрий,  КъШР-м и Правительствэм и Унафэщ1 Къэзанокъуэ Руслан, АР-м Лъэпкъ 1уэхухэмк1э, хэхэсхэм запыщ1энымрэ хъыбарегъащ1э 1энат1эхэмк1э и къэрал комитетым и унафэщ1 Щхьэлахъуэ Аскэр, Краснодар крайм и вице-губернатор К1эрмыт Мухьдин, экономикэ щ1эныгъэхэм я доктор, профессор, Москва щы1э адыгэ-абхъаз зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Агырбэ Юрий, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Мэшбащ1э Исхьэкъ,…

Дальше
Адыгэбзэ

Мазэхэм я ц1эхэр адыгэбзэк1э

Щ1ышылэ  — январь Мазае — февраль Гъатхэпэ — март Мэлыжьыхь — апрель Накъыгъэ — май Мэкъуауэгъуэ — июнь Бадзэуэгъуэ — июль Шыщхьэу1у — август Фок1адэ — сентябрь Жэпуэгъуэ — октябрь Щэк1уэгъуэ — ноябрь Дыгъэгъазэ — декабрь  

Дальше
Адыгэбзэ Турция

Бзэмрэ хабзэмрэ зы чысэ илъщ

Адыгэбзэм и махуэр гъатхэпэм и 14-м дахэу ягъэлъэпlащ Тырку къэралыгъуэм щыпсэу адыгэ-хэм.   «Сэ сыадыгэщ» жызыlэ дэтхэнэми зы лъэбакъуэ езым зыхуичыжащ а махуэм – псэкlэ нэхъ хуит хъуащ. Мазэм щlигъуауэ цlыкlуи ини – адыгэу зызыбжыж псоми – Iуэхум зыхуагъэхьэзырырт, я нэгум щlэкlыну телъыджэм пэплъэу. Абыхэм я гуфlэкlэр ебгъэщхь хъунут хъыджэбз гъэфlам къыщалъхуа махуэм зэрызигъэщlэращlэм. Анэдэлъхубзэр зымыщlэхэри, къыгурыlуэми иримыпсэлъэфхэри, ирипсэлъэфми иримытхэфхэри зыщlэзыгъэгупсысыж щхьэусыгъуэ яlэт – Адыгэбзэм и махуэт. Бзэм щимахуэкlэ, лъэпкъым и махуэт. Зыкъомым я щхьэр къыпыхуауэ, «дилlыхьамэ нэхъыфlт, Хэкур дыбгына нэхърэ» жаlэрт. Къащыщlар къагуроlуэжри, фlыгъуэшхуэ зэрафlэкlуэдар псэкlэ зыхащlэ, къахуэнам зыкlэращlэ, кlэлъоlэбэ.…

Дальше
Адыгэбзэ Новости

Зыми емыщхь Адыгэ махуэгъэпс– щIэнгъуазэ

Мы махуэхэм дунейм къытехьащ 2015 гъэм и Адыгэпсо махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Илъэс къэси хуэдэу, ар нэхъ щIэщыгъуэ, хъыбархэмкIэ нэхъ бей хъуащ. ЦIыхухэм гу зэрылъатащи, мыбы илъэсым и махуэ бжыгъэм  урикIэлъыплъым и закъуэкъым, атIэ ди лъэпкъым ехьэлIа хабзэхэр, нэщэнэхэр, псалъэ шэрыуэхэр, чэнджэщхэр, псалъэжьхэр щызэхуэхьэсащ. Апхуэдэуи уи къаухьым зезыгъэужь, щIэныгъэм хэзыгъахъуэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд итщ гъуазджэм, литературэм, медицинэм, экономикэм, географием, щэнхабзэм, спортым ехьэлIауэ. ГъэщIэгъуэнщ бжыгъэхэм я бзэр, тхыдэм и напэкIуэцIхэм, цIыхухэм я зэфIэкIым теухуа Iыхьэхэри.  Махуэгъэпс-щIэнгъуазэр лъапIэ ещI цIыху цIэрыIуэхэмрэ ахэр къыщалъхуа махуэхэмрэ абы зэритым. Къэбэрдей-Балъ-къэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, хамэ къэралхэм щыщ, IэнатIэ…

Дальше
Адыгэбзэ

Адыгэ псалъэжьхэр

  А сигу, зы1эжьэ, а си жьэ, зубыд. Абдж щыкъуейм лъапц1эу ухэмыувэ. Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийк1э увэну?  («Умыфыгъуэ, умыижэ» жыхуи1эщ). Адыгэ и хьэщ1э быдап1э исщ. Адыгэ мыгъуэ шыгъурэ п1астэрэ. Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри и шым и ныбэ ирегъэкъу. Адыгэм и хьэщ1э и щ1асэщ. Адыгэм я нэхъ тхьэмыщк1эри бысымщ. Адыгэр нэмысщ, урысыр насыпщ. Адрыщ1ым ущ1эдэумэ, мыдрыщ1ыр къыплъысынщ. Ажалым пхъуантэ к1уэц1ми укъыщигъуэтынщ. («Умыкъэрабгъэ» жыхуи1эщ). Ажалым умылъыхъуэ, езым укъигъуэтынщ. Акъыл зимы1эм насып и1экъым. Акъыл зимы1эм уэуейр ептын?! («Акъылыншэми удызек1уэфын хуейщ» жыхуи1эщ) Акъыл зи1эм шы1э и1эщ. Акъыл зи1эр еджэнк1э ирикъуркъым. Акъыл зи1эр акъылыншэми…

Дальше
Адыгэбзэ Новости

Адыгэм и щхьэр лъагэу щIилъагъужхэмрэ и зэфIэкI къимыхьхэмрэ

Фырэ Руслан, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Жаным Руслан ДАХ-м и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэр Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жыла­гъуэ лэжьакIуэхэр, хамэ къэралхэм, гъунэгъу хэгъуэгухэм щыщ ди лъэп­къэгъухэр. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий кърихьэлIахэр зэригъэцIыхуащ. АдэкIэ Хасащхьэм хэтхэр щызэхуэмыза пIалъэм къриубыдэу къэхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр, IуэхуфIхэр зыхуэдэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр щигъэгъуэзащ. Тырку Республикэм щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД) и тхьэмадэу щыта Шыгъэлыгъуэ Уэджит и пIэкIэ Хьэгъундокъуэ Яшар хахати, Iуэхум хуэIэижь хъуну ехъуэхъуахэщ. Хасащхьэм нэхъыжьыфIу хэт,…

Дальше
Адыгэбзэ Новости

Мыхьэнэшхуэ зи1э 1уэхухэр утыку кърахьэ

  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я и зи чэзу зэхуэсыгъуэр гъатхэпэм и 29-м Налшык къалэ щек1уэк1ащ. Хамэ къэралхэми, адыгэ щыпсэу хэгъуэгухэми я л1ык1уэхэр зыхэта зэ1ущ1эм кърихьэл1ащ КъБР-м и Парламентым и Унафэщ1ым и къуэдзэ Жаным Руслан, КъБР-м и Правительствэм и Унафэщ1ым и къуэдзэ Фырэ Руслан, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, КъБР-м Печатымрэ ц1ыхубэ коммуникацэмк1э и къэрал комитетым и 1этащхьэ Дроздов Игорь, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э, щ1алэгъуалэм я 1уэхухэмк1э и министрым и къуэдзэ Абазэ Барэсбий, нэгъуэщ1хэри. Зэ1ущ1эр къыщызэ1уихым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ Гъэзэщ1ак1уэ гупыр зэрызэхуэмыза п1алъэм 1уэхугъуэ…

Дальше
Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм украин лъэпкъым ЗЭРЫЗЫХУИГЪАЗЭР

Дэ, адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым щыщхэр, икъукIэ дытогузэвыхь ди ныбжьэгъу украин лъэпкъым и къэкIуэнум. Зэхэзэрыхьыныгъэр, лъагъумыхъуныгъэмрэ залымыгъэмрэ щытепщэ зэхэтыкIэм фыкIуэн шынагъуэр къыфщхьэщыхьащ фэ нобэ. Украинэм унафэр щаубыдыну яужь итщ зи нацист фIэщхъуныгъэхэр зыкIи щIэзымыуфэу утыку къизыхьэхэр, зэкъуэш лъэпкъхэм яку залымыгъэ дэлъхьэным къыхуезыджэхэр. Тхыдэм фыхуеплъэкIыжи, фигу къэвгъэкIыж Европэмрэ дунеймрэ щыпсэу лъэпкъхэр нацизмэм зыхуишауэ щытар. ЦIыхухэм яку лъагъумыхъуныгъэ къыдалъхьэныр яхуэвмыдэ, зы лъэпкъым адрейр игъэпудыныр къэвмыгъэхъу. Зауэ дэнэ щыпIэ щемыкIуэкIми, абы и лей нэхъ зытехьэр зыкIи мыкъуаншэ цIыхухэрщ – цIыхубзхэрщ, зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, сабийхэрщ. ЦIыхухэр зэрыхэкIуадэр, зэхэкъутэныгъэхэр, илъэс бжыгъэкIэрэ лъэпкъхэм я гум имыкIыж гужьгъэжьыр,…

Дальше
Адыгэбзэ Новости

Гугу Акрэм: Урысейм и цIыхуу дыкъилъытэнырщ дызыщIэхъуэпсыр

Дызэрыт зэманым нэхъыщхьэ дыдэу адыгэхэр зи яужь и­тыр Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэ­къуэнырщ, ахэр зыхэхуа гузэвэгъуэм къыхэша зэрыхъунырщ. Фэ зэрыф­щIэщи, илъэс зыбжанэ и пэ­кIэ хьэрып къэралхэм зэщIэхъе­еныгъэ инхэр къыщыхъуауэ щытащ. Тунисым, Мысырым, Ливием, Йеменым ще­кIуэкIа зэрыхьзэрийр 2011 гъэм и гъатхэпэм Сирием нэсри, политикэ зэхъуэкIыныгъэхэм я телъхьэу уэрамхэм къыдыхьахэм Iуэхур граждан зауэм хуагъэкIуащ. Илъэсищым нэблэгъауэ Сирием щекIуэкI лъыгъажэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, хокIуадэ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Дэнэ щыIэ адыгэми плъапIэу иIэр и адэжь хэкуращи, апхуэдэ зэфIэкIрэ Iэмалрэ къызыкъуихыу и бынхэр зэрызришэлIэ­жы­ным иужь итщ ди лъахэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал, республикэ уна­фэщIхэми,…

Дальше
Адыгэбзэ

ИлъэсыщIэм зыхуагъэхьэзыр

  ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Нэхущ Iэдэм Дыгъуасэ Налшык щызэхэтащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и зи чэзу зэIущIэ. ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн зэIущIэр къызэIуихри, абы кърихьэлIахэр щигъэ­гъуэзащ 2014 гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъ Iуэхухэм.   АдэкIэ зэIущIэм хъыбар гуапэкIэ къыпащащ. Адыгэ Iуэхум, къэрал пщэрылъхэм, лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм, жылагъуэ зэхыхьэхэм и гуащIэ зэрыхилъхьэм къыхэкIыу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, экономикэ щIэ­ныгъэхэм я доктор Сэхъурокъуэ Хьэутий академием и действительнэ члену хагъэхьащ. ЩIДАА-м и президент Нэхущ Iэдэм абы ехъуэхъури дипломыр иритыжащ.  — Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ апхуэдэ цIэ лъапIэ къызэрысхуэвгъэфэщам, – жиIащ Сэхъурокъуэм.…

Дальше
Адыгэбзэ

ДАХ-ым и Хасащхьэм я зэ1ущ1э

ДАХ-м и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэр щэбэт кIуам Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, США-м, Адыгейм, КъШР-м, Краснодар крайм, Мэздэгу щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэу зэхуэсым кърагъэ­блэгъат КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ДАХ-м и тхьэмадэу щытахэу, иджы Iуэху зезыхьэхэм чэнджэщэгъуфIу ябгъэдэт Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий сымэ, нэгъуэщIхэри.  Хасащхьэм и лэжьыгъэм зи гуащIэ хэзылъхьэну,  лъэпкъ Iуэхум игъэпIейтейуэ абы фIы хуэзыщIэну зи му­ра­ду гъуэгу кIыхь къызэпызычахэми хьэщIэ лъапIэхэми фIэхъус псалъэкIэ…

Дальше