Адыгэбзэ Новости

Мыхьэнэшхуэ зи1э 1уэхухэр утыку кърахьэ

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я и зи чэзу зэхуэсыгъуэр гъатхэпэм и 29-м Налшык къалэ щек1уэк1ащ. Хамэ къэралхэми, адыгэ щыпсэу хэгъуэгухэми я л1ык1уэхэр зыхэта зэ1ущ1эм кърихьэл1ащ КъБР-м и Парламентым и Унафэщ1ым и къуэдзэ Жаным Руслан, КъБР-м и Правительствэм и Унафэщ1ым и къуэдзэ Фырэ Руслан, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, КъБР-м Печатымрэ ц1ыхубэ коммуникацэмк1э и къэрал комитетым и 1этащхьэ Дроздов Игорь, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э, щ1алэгъуалэм я 1уэхухэмк1э и министрым и къуэдзэ Абазэ Барэсбий, нэгъуэщ1хэри.

Зэ1ущ1эр къыщызэ1уихым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ Гъэзэщ1ак1уэ гупыр зэрызэхуэмыза п1алъэм 1уэхугъуэ куэд зэрек1уэк1ар, адыгэ дунейм мыхьэнэшхуэ щызи1э 1уэху инхэр къызэрыблагъэр.

Махуэм зэрылэжьэну жыпхъэр яубзыхуа нэужь, къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ XXII Щ1ымахуэ Олимп Джэгухэр зыхуей хуэзэу Сочэ зэрыщек1уэк1ам, адыгэ лъэпкъым и хъыбари къэрал куэдым зэрыхэ1уам. Ар къызэгъэпэща зэрыхъуам, адыгэхэм щагъуэта гулъытэм, къэралым, лъэпкъхэм я дежк1э Олимпиадэм и1а мыхьэнэм тепсэлъыхьыжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къардэн Самир, Хьэгъундокъуэ Яшар, Бырсекъуэ Орфан сымэ. Апхуэдэуи а 1уэхур зи нэгу щ1эк1ахэр, Олимп Джэгухэр зэрек1уэк1ам тетхыхьыжахэр къыщыпсалъэ, Сочэ щытраха видео теплъэгъуэхэр зыхэт фильм к1эщ1и ягъэлъэгъуащ. 

Хэкурысхэр нэхъыбэу зыгъэп1ейтей 1уэхум – Сирием бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэр хэкум къешэл1эжыным, къэк1уэжахэм я 1уэху зэрыхъунум — теухуауэ щытащ ет1уанэ упщ1эр. Дэфтэрхэм ехьэл1а 1уэхухэр, иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщы1э щытык1эхэр, хэкумк1э къаплъэу Сирием ис адыгэхэм ятеухуауэ къэпсэлъащ зи гугъу тщ1ы хэгъуэгухэм я Хасэ тхьэмадэхэр, хэкум къэ1эпхъуэжхэм я 1уэхур зи пщэ дэлъхэр.

Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьак1уэ ц1эры1уэу, Урысей Федерацэм юстицэмк1э и министру, Щ1ДАА-м и академикыу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур, КъБР-м и ц1ыхубэ усак1уэ К1ыщокъуэ Алим дунейм къызэрытехьэрэ мы гъэм илъэси 100 зэрыхъум теухуауэ республикэхэм щрагъэк1уэк1ыну 1уэхугъуэхэр яубзыхуащ. Ди лъэпкъым дежк1э мыхьэнэшхуэ зи1э 1уэхугъуэщ накъыгъэм и 21-м щы1энури – Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум ехьэл1а дауэдапщэхэр адыгэхэр зэрыс хэгъуэгухэм, къэралхэм зэрыщрагъэк1уэк1ынум зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэр.

Мыхьэнэшхуэ зи1э 1уэхугъуэщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Хасащхьэм хэт Хьэф1ыц1э Мухьэмэд утыку кърихьари – Хэкурысхэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ я деж адыгэбзэр щыхъумэным ехьэл1а лъэпкъ программэ гъэпсыным – тепсэлъыхьащ къызэхуэсахэр.

«Адыгэ псалъэ»

Нэщ1эпыджэ Замирэ.

Related posts

Leave a Comment