Адыгэ тхыдэ щIэныгъэмрэ Урыс-Кавказ зауэр джын Iуэхумрэ
Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм «адыгэ Iуэхур» къэралыгъуэ утыку ихьауэ, Урыс-Кавказ зауэм политикэ, тхыдэ, хабзэ, цIыхугъэ я лъэныкъуэкIэ хуэфащэ цIэр игъуэтыжын хуейуэ къагъэув куэд щIауэ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и щапхъэ IупщIщ «Урысейм и мыурыс лъэпкъхэм я лигэм» и унафэщIым и къуэдзэ Бидэнокъуэ Исмэхьил «Лъэпкъхэм я союзым» и зэхуэсу 1916 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27 — 29-хэм Лозаннэ щекIуэкIам щыжиIахэр: «Кавказыр Урысейм гуагъэхьа зэрыхъуа щIыкIэр акъылкIи хабзэкIи захуагъэу къыпхуэмылъытэн Iуэхущ. Урысейм и IэмыщIэ ихуэн ипэкIэ зы хэгъэгуу щыта Шэрджэсейр абы зэ IэбэгъуэкIэ тIу ирищIыкIри, КъуэкIыпIэрэ КъухьэпIэу гуэша хъуащ. Зауэр зэрекIуэкIа Iэмалхэри гущIэгъуншэ защIэт…
Дальше