Публицистика

Адыгэ тхыдэ щIэныгъэмрэ Урыс-Кавказ зауэр джын Iуэхумрэ

Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм «адыгэ Iуэхур» къэ­ра­лыгъуэ утыку ихьауэ, Урыс-Кавказ зауэм политикэ, тхыдэ, хабзэ, цIыхугъэ я лъэныкъуэкIэ хуэфащэ цIэр игъуэтыжын хуейуэ къагъэув куэд щIауэ.

 Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и щап­хъэ IупщIщ «Урысейм и мыурыс лъэпкъхэм я лигэм» и унафэщIым и къуэдзэ Бидэнокъуэ Исмэхьил «Лъэпкъхэм я союзым» и зэхуэсу 1916 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 27 — 29-хэм Лозаннэ щекIуэ­кIам щыжиIахэр: «Кавказыр Урысейм гуагъэхьа зэрыхъуа щIыкIэр акъылкIи хабзэкIи захуагъэу къыпхуэмылъы­тэн Iуэхущ. Урысейм и IэмыщIэ ихуэн ипэкIэ зы хэгъэгуу щыта Шэрджэсейр абы зэ IэбэгъуэкIэ тIу ирищIыкIри, Къуэ­кIыпIэрэ КъухьэпIэу гуэша ­хъуащ. Зауэр зэрекIуэкIа ­Iэмалхэри гущIэ­гъуншэ защIэт — къуа­жэхэр ягъэсу, мылъкур зэхадыгъуэу, бзылъхугъэ­хэмрэ сабийхэмрэ яукIыу, цIыхухэр щIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ бжыгъэншэу икIуэдыкIыу. КъухьэпIэ Шэрджэсейм щыщ цIыху 750000-рэ я хэкум щрахуа 1858 — 1864 гъэхэр урысхэм зэрахьа лейм и леиж хъуащ».
Бидэнокъуэм, дауи, «лъэпкъгъэ­кIуэд» псалъэр къигъэщхьэпатэкъым, ауэ жиIат: «Иджырей тхыдэм и бзэр зэрыщабэм къыхэкIыу, а бэIу­тIэIум теухуауэ къагъэсэбэпыр «империализм» псалъэрщ. ИтIани,­ лъэпкъ мамырыр зыхадза гузэвэгъуэр дунейпсо цIыхубэм яхуэгъэза щIэпхъаджагъэщ, щIэныгъэрэ гъэ­сэныгъэ­рэ зыб­гъэдэлъ дэтхэ­нэ цIыхури пэщIэувапхъэрэ идэн хуэ­мейуэ. Нобэрей дунейм сыт щы­гъуи нэлат ирех Израиль цIыхубэр и хэкум изыхуа, урым къэралыгъуэм и IыхьиплIым изыгуэша урым императорхэу Титрэ Веспасианрэ. И хуитыныгъэр ихъумэжын, лъэпкъ щхьэхуэу къэнэжын гукъыдэж зэриIэ къудейм къищынэмыщIа, къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ лъэпкъым Урыс зэрып­хъуакIуэхэм XIX лIэщIыгъуэм иращIар куэдкIэ нэхъ гуемыIу щIэпхъа­джагъэщ».
ИужькIэ хамэ къэралхэм щыщу ­утыку къихьа щIэныгъэлIхэм (Куэцэ Пщымахуэ, ТIрахъуэ Рэмэзан, Бэр­къукъу Исмэхьил, Натхъуэ Къадыр, Айдэмыр Иззэт, Бэрзэдж Нихьэт, Къан­дур Мухьэдин сымэ) Урыс-Кавказ зауэр къызэрагъэлъагъуэр адыгэ цIыхубэр я хэкум щрахуа, щызэт­раукIа зэрыпхъуакIуэ зауэущ.
1980 гъэхэм адыгэ щIэныгъэлIхэм тхыдэ дэфтэр куэд утыку кърахьащ. Абыхэм пэж дыдэу щымыгъуа­зэу арами, ямыщIафэ зытрагъауэми, Урыс-Кавказ зауэм хащIыкIыу зы­зылъытэжхэм а дэфтэрхэм я гугъу ящIыркъым.
Совет зэманым щегъэжьауэ, Урысей тхыдэ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм Кавказ Ищхъэрэм щызэуа лъэпкъхэм Щамил фIэкIа пашэ ямыIа хуэдэу, Урыс-Кавказ зауэм и гуащIапIэу щытари КъуэкIыпIэ Кавказыр арауэ къыщагъэлъагъуэ. Къэралым щылажьэ тхыдэджхэм КъухьэпIэ-Ищхъэрэ Кавказми Кавказ Курытми къыщыхъуахэм темыпсэлъыхьыххэмэ нэхъ къащтэ.
Зи гугъу тщIы дэфтэрхэр къэзыгъэщхьэпэ адыгэ тхыдэ лэжьыгъэхэми, мыхьэнэшхуэ зиIэ Адыгэ (шэрджэс) щIэнгъуазэми къазэрыхэщымкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм и ещанэ Iы­хьэм щегъэжьауэ Урысейм Кавказыр къарукIэ зыIэщIилъхьэным яужь ихьащ икIи япэу а мурад бзаджэм текIуэдар XIII лIэщIыгъуэ лъандэрэ дуней псом «шэрджэс» цIэмкIэ къыщацIыху адыгэхэращ. Адыгэ лъэпкъыр хэкIыпIэ къэгъуэтыным ирахулIати, абы зэрыпхъуакIуэм пэщIэтын, и хуитыныгъэр ихъумэжын IэнатIэр къыхихащ.
Уэзы ФатIимэ и иужьрей лэжьыгъэхэм щыжеIэ Кавказым щызэуа урыс дзэ къулыкъущIэхэм къагъэ­сэбэпа Iэмалхэр — КъухьэпIэ Кавказым щыщ лъэпкъхэм зыхэпсэукI хуэIухуэщIэхэр япэубыдыныр, IэщэкIэ къапэщIэмыт цIыхубэ мамырым езэуэныр — дуней псом щызекIуэ хабзэхэми а зэманым щыIа урыс зауэлI хабзэхэми емызэгъ бгъэдыхьэкIэу зэрыщытар. ЗыфIэлIыкIыпхъэ хабзэхэм ящыщт, псалъэм папщIэ, цIыху щхьэхуэхэм зэхащIыхьа щIэпхъа­джагъэхэм папщIэ ахэр зи лIыкIуэхэм псоми жэуап яхьыныр; диным, лъэпкъ хабзэхэм, псэукIэм, лъэпкъ къазэуа­хэм я щIым зэран яхуэмыхъуныр; хэкурысхэр щыпсэу щIыналъэм игъэ­кIыныр къемызэгъыу къэлъытэныр, къинэмыщIхэр. ЩIэныгъэлIхэм фIыуэ яцIыху генералхэу Милютин Дмит­рийрэ Евдокимов Николайрэ Кавказ корпус щхьэхуэм и унафэщI Барятинский Александр и унафэм щIэту зэхагъэува унафэхэм уащыхэплъэкIэ, гу лъыботэ абыхэм къэзакъ жылагъуэ­щIэхэр щаухуэкIэ «бгырыс лъэпкъ­хэр зэщыгуэн, бгыхэм щыпсэуну абы­хэм Iэмал къахуэмынэжын хуэдизкIэ», «я щхьэр хэкум ирегъэхыпэн» псалъэхэр къызэрыхэхуэм. Барятинскэм къилъытэрт щIы бэвылъэхэм щыпсэу, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус, Кавказ армэм гуащIэу къапэщIэт адыгэхэр псом япэ хэкум игъэкIын хуейуэ. Абы итхырт: «ПсыжьадрыщI щIыналъэм ди тепщэныгъэр нэхъри щыдгъэбыдэн папщIэ Iэмал щхьэпэ за­къуэу къэт­лъытар, бгырысхэр кIуэ пэтми зэщыдгуэурэ, зэрыпсэун Iэмал едмытурэ, къэзакъхэр щIыпIэ пэрытхэм идгъэ­тIысхьэнырщ. ИкIуэт зымыщIэ, къы­дэбиин щызымыгъэт лъэпкъхэм уащIы­щысхьын щхьэусыгъуэ щыIэкъым. Къэралыр зыхуей хуэзэн пап­щIэ, абыхэм я щIыр къатетхыну ди ­къалэнщ».
Урысыдзэ унафэщIхэм я мурадхэм я гугъу щищIкIэ, Барятинскэм жиIэрт: «Имычэзууэ ди плъапIэхэр къэдгъэнаIуэмэ зэраныгъэ къызэришэнум къыхэкIыу, тепщэгъуэм и мурадхэм бгырысхэр щыгъуазэ хъункIэ Iэмал иIэкъым, и гъэзэщIэгъуэр къэсын и пэ къихуэу».
1857 гъэм и гъатхэпэм Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зауэр адэкIэ зэрыщрагъэкIуэкIын хуей щIыкIэр иубзыхуну Комитет Щхьэхуэм и пщэ ­далъхьат. 1858 гъэм Кавказ армэм и унафэщIым адыгэхэр хэкум ирагъэ­IэпхъукIыну жэрдэм къыщыхилъхьэм, ар къемызэгъыу къэзылъыта Коми­тетым къищта унафэм щыжиIэрт: «Барятинскэмрэ Милютинымрэ къыхалъхьэхэм ятепщIыхьмэ, абы къикIыр «кавказырысхэр жыIэщIэ щIын Iуэхукъым, атIэ ахэр зэтеукIа зэрыхъун щIыкIэщ. Абы Кавказым щедгъэкIуэкI зауэм фэ къыттригъауэр зэрыщыту ихъуэжынущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лIэ­щIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува я хабзэ­хэм демыгуэуащэурэ, бгырысхэр хуэм-хуэмурэ жыIэщIэ зыхуэтщIыным, Iэщэ ­къудейкIэ мыхъуу, дгъуэт Iэмал псомкIи ахэр ди тепщэгъуэр зы­хуей­хэм къытедгъэхуэным и пIэкIэ, дызыхуэкIуэнур ахэр псори зэкъуэдгъэувэу гуащIэу къытпэщIэувэным етхулIэнырщ, Iуэхур зэриухынури гу­рыIуэгъуэкъым».
Кавказ Корпус щхьэхуэм и Штабым и унафэщIу щыта генерал-лейтенант Коцебу Павел Кавказым урыс къэ­закъ жылагъуэхэм зыщегъэуб­гъун зэры­хуейм и гугъу щищIым жиIат: «Мылъку­кIэ, псэукIэ тхъэгъуэкIэ, гъа­­щIэ тыншкIэ къэбгъэгугъэкIэ, ады­гэ­хэр хэкум икIыным пхуеувэлIэнукъым. Милютиным къыхилъхьэ жэрдэмым гущIэгъуншэу дызэпэщIигъэу­вэну ар­къудейщ, Кавказыр къум мыхъуауи зауэр тхуэгъэувыIэжынукъым».
ИкIэм-икIэжым, а IуэхумкIэ­ мы­арэзыуэ апхуэдиз цIыху къы­зэ­ры­пэщIэувам щхьэкIи къэмынэу, Урыс империем и тепщэгъуэм адыгэ-шэрджэсхэр щалъхуа щIыналъэм егъэ­зыгъэкIэ ирахуу нэгъуэщI къэралым ягъэIэпхъуэныр къыхахащ. А унафэращ 1858 — 1864 гъэхэм адыгэхэм хэкIыпIэ псори япэзыубыдар. Аращ икIи щхьэусыгъуэ хуэхъуар цIыхухэр мин бжыгъэкIэ хэкIуадэу, лъэпкъыр Iэпхъуэным езыхулIа гузэвэгъуэм. Адыгэ тхыдэ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэми, адыгэ (шэрджэс) зэгухьэныгъэхэу дуней псом щылажьэхэми а Iуэхугъуэр къызэралъытэр дунейпсо цIыхубэм иращIылIа щIэпхъаджагъэущ.
Урысей пащтыхьыгъуэм къэралы­гъуэ утыкум ирахьа дэфтэрхэм япкъ иткIэ, хэкум ирахуа адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхъур 493000-рэщ. Хамэ­ къэрал тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, а бжыгъэр 1000000-м щIегъу. Куэд дыдэ уз зэрыцIалIэхэм, щIыIэм, мэжэщIалIагъэм илIыкIащ, цIыхухэр щызэтрихьа Урысей хы ФIыцIэ Iуфэми, Тырку лъэныкъуэм кхъухьхэр щиунэщI адрыщI хы Iуфэми IукIуэдащ.
Аращи, XIX лIэщIыгъуэм Урысей къэралыгъуэм лъэпкъхэр я щIыпIэм игъэкъэбзыкIын IуэхукIэ лэжьыгъэ абрагъуэ иригъэкIуэкIауэ жыпIэ хъу­нущ. Абы адыгэ лъэпкъым и лъэр щIэзыуда удынышхуэхэр иридзащ — лъэпкъ кIуэцI зэпыщIэныгъэхэри, ­гъащIэ хуэIухуэщIэхэу цIыхубэм зэ­рызихъумэж псэукIэ Iэмэпсымэхэ­ри, зы щIыпIэм щыпсэун Iэмал­ри къытрихри, лъэпкъыу зибжы­жын гурыщIэр Iэпиудащ. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм адыгэ лъэпкъыр зыужьыныгъэм и гъуэгу зытеувам къытри­хуащ, щытыкIэ пыухыкIам ит лъэпкъым и бжыгъэр зэтрихуащ, щIыналъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэр IэщIигъэкIащ. Нобэ лъэпкъыр зыхэт бэIутIэIухэми ахэр я щхьэусыгъуэу жыпIэ хъунущ.
Урыс-Кавказ зауэм ехьэлIа Iуэху­гъуэхэм ятеухуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, ар щаджкIэ къыхах бгъэ­ды­хьэкIэхэр зэпэплъытурэ уахэплъэмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу а зауэр нэгъэсауэ къызэщIэубыдэныр, тхыдэм абы щиубыд увыпIэр убзыхуныр, хуэфащэ цIэр фIэщыжыныр Iуэху гугъу дыдэу зэрыщытыр. Ар къызыхэкIыр бгъэдыхьэкIэхэр зэрыкуэд, абыхэм уеблэмэ еплъыкIэ зэпэщIэуэ дыдэхэр къызэрыдекIуэкI къудейракъым. ПщIэ зыхуэфащэ а тхыдэ къудамэм пыщIа щIэныгъэлI зыбжанэм я лэжьыгъэ­хэм япкъ иткIэ къыпхузэщIэубыдэнущ а мурадым лъэIэса узэрыхъуну щIыкIэр. Апхуэдэу щыхъукIэ, «еплъыкIэщIэ», «иджырей» бгъэдыхьэкIэ, «къызэ­щIэубыда гупсысэ» фIэпщу Iэмалы­щIэ къыхэпхьэну ухуежьэрэ ар тхыдэ лэжьыгъэхэм щызэтрагъэува хаб­зэ­хэм темыхуэмэ, а лэжьыгъэм купщIэ иIэнукъым.
Iуэхур зылъахъэр а хабзэхэр езы лэжьыгъэхэм щIэныгъэ и лъэныкъуэ­кIэ яIэ мыхьэнэм елъытауэ­ зэ­ры­щы­мытырщ. ЩIэныгъэлI­хэм зэрыжаIэмкIэ, Урыс-Кавказ зауэм ехьэлIа тхыдэ щIэныгъэм и зыужьыкIэр но­бэр къыздэсым хэгъэзыхьыгъэ гуа­щIэ дыдэм и лъабжьэм щIэту екIуэ­кIащ, а гъуэгум ар иджыри къыте­кIауэ пхужыIэнукъым. Аращ къыхах бгъэ­дыхьэкIэри, зытепсэлъыхьыну нэхъ къащтэхэри, дэфтэрхэм кърах мыхьэнэхэри, къэх­ъуам фIащыжри зэлъытар.

ДЗЭМЫХЬ Къасболэт, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment