Къэк1уэну зэманым ф1ык1э дыхуэвгъэлажьэ
Мы гъэм накъыгъэм и 21-м илъэси 153-рэ ирокъу адыгэ лъэпкъым и л1акъуэ зыбжанэ къызэщ1эзыубыда, игъащ1эк1э мыгъущыжын дыркъуэрэ гуауэшхуэрэ къытхуэзыхьа Кавказ зауэр зэриухрэ.
А зауэ гущ1эгъуншэм и 1эужьхэм ящыщщ адыгэхэр щыпсэу щ1ыналъэм и нэхъыбэр зэраф1эк1уэдар, вагъуэм и пэбж ц1ыху зэрыхэк1уэдар, псэууэ къэнахэм ящыщ куэдым залымыгъэк1э хэкур ирагъэбгынэу Уэсмэн пащтыхьыгъуэм зэрагъэ1эпхъуар. А псом кърик1уащ зэгуэр лъэрызехьэу ик1и лъэпкъышхуэу щыта адыгэхэр щымы1эжыххэнк1э хъуным пыщ1а шынагъуэр.
Урыс пащтыхьыгъуэм и зэранк1э ди лъэпкъым бэлыхь 1эджэ и фэм дэк1ами, адыгэхэр зэи урысхэм япэщ1эувакъым, зык1и еныкъуэкъуакъым, пащтыхьыгъуэм и щхьэзыф1эф1агъым кърик1уахэм щхьэк1э урыс лъэпкъыр зэи ягъэкъуэншакъым. Абы и щыхьэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгэ Республикэми, адыгэхэмрэ урысхэмрэ зэгъусэу щыпсэу адрей щ1ыналъэхэми хабзэ щыхъуауэ лъэпкъит1ым дяку дэлъ зэныбжьэгъугъэ, благъагъэ дэлъу илъэс куэд лъандэрэ къызэрызэдек1уэк1ыр.
Иджырей Урысей Федерацэм тхыдэм и пэжыр хэ1ущ1ы1у щыхъунымк1э 1эмалыр къытхуздахьащ ди къэралым щек1уэк1а демократие зэхъуэк1ыныгъэхэм. Зэманым къытхуегъэув Кавказ зауэм и 1эужьу лъэпкъгъэк1уэдыр зи щхьэ кърик1уа, адэжь лъахэр залымыгъэк1э зрагъэбгына адыгэхэм ягъэва гузэвэгъуэм теухуа пэжыр щхьэтечу жыт1эну, тхыдэм и пэжып1эр зэрыщытауэ зэф1эдгъэувэжыну.
УФ-м и япэ Президенту щыта Ельцин Борис Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм 1991 гъэм накъыгъэм и 18-м защыхуигъазэм, къыхигъэщат «ц1ыхупсэ куэд дыдэрэ мылъку мымащ1эрэ зыхьа Кавказ зауэжьым и джэрпэджэжыр Урысейм щыпсэу куэдым я гум узу зэрилъыр», «Кавказ зауэм и лъэхъэнэм къэхъуахэм зэ1ухауэ утепсэлъыхьмэ, Кавказ лъэпкъхэм л1ыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу, щхьэмыгъазэу щ1эбэнащ я лъахэ, я хабзэ, я лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр зэрахъумэжыным».
Дэри дыхуейт къыхэдгъэщыну: Кавказ зауэм и щ1эину дэ къытлъысащ дяпэ ита адыгэл1 хахуэхэм я щ1эблэу хамэ къэралхэм къыщыхъуахэр адэжь лъахэм къэтшэжыныр. Иужьрей илъэс зытхухым Сирие къэралыгъуэм щек1уэк1 зауэ гуащ1эм нэрылъагъу тщищ1ащ хэхэс адыгэхэм я гъащ1эр зэрыхьэлъэри, нап1эзып1эм псоми зыкъызэридзэк1ынк1э хъуну зэрыщытри. Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я унафэщ1хэм ф1ыщ1э хуащ1 Сирием щыпсэу адыгэ хэхэсхэр зыхэхуа бэлыхьыр зэрызэхащ1ык1ам, зауэм зи щхьэр къыхэзыхыу хэкум къэк1уэжа ди къуэшхэм зэрадэ1эпыкъуам папщ1э.
Абы къыдэк1уэу къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ 2014 гъэм Сочи къалэм щек1уэк1а XXII Щ1ымахуэ Олимп Джэгухэмрэ XIX л1эщ1ыгъуэм адыгэхэм я щхьэ кърик1уа гузэвэгъуэмрэ зэзыпхыну хэтахэм я мурадхэр къазэремыхъул1ар. Илъэсищ ипэк1э ек1уэк1а Олимпиадэр спортымрэ щэнхабзэмрэ ятещ1ыхьа, дунейпсо мыхьэнэ зи1э зэхыхьэшхуэу щытащ. Хьэкъыу ди ф1эщ мэхъу Олимп Джэгухэр лъэпкъ зэхущытык1эхэр нэхъ быдэ щ1ыным, мамырыгъэмрэ зэгуры1уэмрэ егъэф1эк1уэным, апхуэдэ щ1ык1эк1и Урысей Федерацэм и къэралыгъуэр гъэбыдэным, и 1улыджым хэгъэхъуэным зэрыхуэщхьэпар. Зи гугъу тщ1ахэм и сэбэп хэлъщ урысей жылагъуэ псом.
Пщ1э зыхуэтщ1 ди лъахэгъухэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ! Кавказыр щ1ыналъэ, лъахэ къудейкъым, ат1э тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зи пщалъэ гуры1уэныгъэщ. Ар л1эщ1ыгъуэ бжыгъэк1эрэ зэманым ипсыхьа къэхъугъэ лъап1эщ. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ къарур апхуэдизк1э инщ ик1и щызщи, зэрымыщ1эк1э мы лъахэм къизэрыхьа лъэпкъхэр, гъунэгъу къытхуэхъуа л1акъуэхэр, уеблэмэ ди щ1ыналъэ дахэр ттрахын мурадк1э къытхуэк1уахэр къытхонэри, ди щэнхабзэм щыщ мэхъу, къытхошыпсыхь.
Зэмыныкъуэкъуу, зэпэщ1эмыувэу Кавказ лъэпкъхэм я1эщ ящ1эни зэлэжьыни. Иджырей дунейм и гъунэжщ уи зэф1эк1 узэреплъыжыну, 1эщэ хэмыту л1ыгъэ зэрыщыбгъэлъэгъуэну 1эмалхэр. Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и гуащ1эр ехьэл1апхъэщ дахагъэр, ф1ыгъуэр, хэхъуэр, хъерыр гъэбэгъуэным, щ1эблэ зэчииф1э къэгъэхъуным, лъэпкъ щэнхабзэмрэ хабзэмрэ къэгъэщ1эрэщ1эжынымрэ егъэф1эк1уэнымрэ. А псом къадэк1уэу дэ къэт1этыжын хуейщ Кавказ лъэпкъхэр хамэщ1 къик1а зэрыпхъуак1уэхэм зэрапэщ1этам и тхыдэр, дяпэ ита л1ыхъужьхэм я хахуагъэр къэзы1уэтэж напэк1уэц1хэр. Абы дыщ1ыхуейр ди блэк1ар нэгъуэщ1хэм я пащхьэ щыдгъэп1иин щхьэк1экъым, ат1э дыкъызыхэк1а лъэпкъхэм я1а зэф1эк1ым ди лъэр игъэжану, ди къэк1уэным ф1ык1э дыхуэлэжьэн папщ1эщ.
Кавказымрэ Урысеймрэ язэпыщ1ауэ, зэкъуэту зы л1эщ1ыгъуэ гъуэгуанэкъым къак1уар ик1и зыр щ1ымыгъуу адрейр нэгум къыщ1эгъэхьэгъуейщ. «Игъащ1эк1э Урысейм дыкъуэтщ!» къыхуеджэныгъэр къыхэ1ущ1ык1ащ Налшыки, Мейкъуапи, Черкесски дэт фэеплъхэм. Шэч хэлъкъым а псалъэхэр ди къэралым щыпсэу дэтхэнэ зы ц1ыхум и дежк1и зэрылъап1эм.
Сэхъурокъуэ Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ,
Хьэф1ыц1э Мухьэмэд,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.