АДЫГЭБЗЭМ И МАХУЭШХУЭМКIЭ СЫНЫВОХЪУЭХЪУ
ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ! Лъэпкъым дежкIэ анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр, къарур, къалэныр инщ. Ар щэнхабзэм, гъэсэныгъэм, щIэныгъэм, зыужьыныгъэм я къежьапIэщ, псом нэхъыщхьэращи, бзэр лъэпкъым и къуэпсщ и псэщ. Аращ лъэпкъым и цIыхухэр зэгурызыгъаIуэр, зэпызыщIэр. Сыт хуэдэ лъэпкъ ирехъуи, и бзэр имыIэжмэ, ар дунейм темытыжу къэплъытэ хъунущ. Ди бзэр хъума хъун папщIэ, ар зэдмыгъэтIылъэкIыу ди щIэблэм яIурытлъхьэу дыкъекIуэкIын хуейуэ аращ. А псор къалъытэри, 2003 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм нобэрей махуэшхуэр гъэлъэпIэныр игъэувауэ щытащ. Гъатхэпэм и I4-м адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм лъэпкъыбзэм теухуа зэIущIэхэр, зэпеуэхэр, щIэныгъэ конференцэхэр, акъыл зэхэдзэхэр, усэ пшыхьхэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди щрагъэкIуэкI. Бзэм и…
Дальше