БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум догупсыс
БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум догупсыс
Накъыгъэм и 16-м Налшык щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща зэIущIэ. Абы хэтахэр тепсэлъыхьащ Кавказ зауэжьу илъэси 101-кIэ екIуэкIам и Iэужьым, щэнхабзэмрэ бзэмрэ нобэ я Iуэху зытетым, Адыгэм и щыгъуэ махуэр зэрегъэкIуэкIын хуей жыпхъэм, лъэпкъым хуэщхьэпэн лэжьыгъэу ди щIэныгъэлIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я гуащIэ къихьым.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы кърихьэлIат КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшрокъуэ Залым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр, щIэныгъэлIхэр, нэхъыжьыфIхэр, журналистхэр.
— Псоми ди зэхуэдэ Iуэхуу илъэс къэс едгъэкIуэкI Щыгъуэ махуэм теухуащ ди зэIущIэр. Дызэрыщыгъуазэщи, накъыгъэм и 2I-м ехьэлIа псалъэмакъ, зэгурымыIуэныгъэ куэд къыддокIуэкI лъэпкъым. Абыхэм дытепсэлъыхьу, дызэчэнджэщу хэкIыпIэ гуэр къэдгъуэтыну, лъэпкъым къытхуэщхьэпэн унафэ къызэдэтщтэну сыхуейт. Сыщогугъ абыкIэ ди журналистхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкI газетхэмрэ къыддэIэпыкъуну, ди гупсысэр лъэпкъым бгъэдалъхьэну. БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дегупсысу дыщытын щхьэкIэ, мы Iуэхум елэжь ди щIэныгъэлIхэр, лъэпкъым хуэлажьэ, адыгэм папщIэ зил узхэр къедгъэблэгъащ. Iуэхур къыддеIыгъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. ИкIи ди нобэрей зэIущIэм абы и лIыкIуэу хэтщ Къуэшырокъуэ Залым. ДызэгурыIуэу, хабзэрэ нэмысрэ дгъэлъагъуэу етхьэкIын хуейщ Щыгъуэ махуэри, абы тепсэлъыхьыну нобэ къекIуэлIа псоми фIыщIэ фхузощI, — жиIащ Сэхъурокъуэм.
Япэу псалъэ зрата Къуэшырокъуэ Залым жиIащ Пятигорск къалэм щекIуэкIа зэIущIэшхуэм зэрыхэтар.
— Ди акъыл зэтехуэн зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Пэжщ, нэхъапэхэм зэгурымыIуэныгъэ гуэрхэр щыIащ, ныкъуакъуэр куэдти. Ди блэкIар тщыгъупщэ хъунукъым, дауи, ауэ уи гум гужьгъэжь илъу упсэуным мыхьэнэ иIэкъым. Дызэрауштыжыну хэтащ мызэ-мытIэу. Апхуэдэхэм деж фIым дызэрыхуимышэнур зыщыдвмыгъэгъупщэ. Адыгэ Iуэхум ехьэлIауэ гуныкъуэгъуэ щыIэмэ, къулыкъущIэхэм ди бжэр сытым дежи зэIухащ, зэрытхузэфIэкIкIэ дывдэIэпыкъунущ. Адыгэ напэмрэ хабзэмрэ япэ идгъэщыну фыкъыхузоджэ. Щхьэж и Iуэху еплъыкIэр утыку кърихьэн щхьэкIэщ Хасэ щIызэхашэжри, Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэмрэ фIыщIэ фхузощI апхуэдэ Iэмал къызэрыдэфтам папщIэ, — жиIащ къулыкъущIэм.
ЩIэныгъэлI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и унафэщI, 2006-2009 гъэхэм ДАХ-м и тхьэмадэу щыта Дзэмыхь Къасболэт убгъуауэ тепсэлъыхьащ Кавказ зауэжьым и Iэужьу адыгэ лъэпкъыр дунейм текъухьа зэрыхъуам, абы кърикIуам, нобэр къыздэсым хэхэсхэм я нэгу щIэкIым, зэлъэпкъэгъухэр зэрыгъуэтыжынымкIэ ДАХ-м илэжьам.
— Илъэс 34-р мащIэ дыдэщ тхыдэр зэрыбжэ лъэхъэнэхэм елъытауэ, ауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм илъэжьам тепщIыхьмэ, ар зэманышхуэщ, къаруушхуэщ. Дызэрыщыгъуазэщи, илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэ лъэпкъым и лъэр щIиудат. ХэкIуэдам, уз зэрыцIалэхэм яхьам, хым щIилъэфам я бжыгъэр къыпхуэмыхутэну куэдщ. Къыщыхута къэралыгъуэми хуабжьу гугъу щехьащ ахэр: хуиттэкъым я бзэмкIэ псэлъэну, я унагъуэцIэхэмкIэ зрагъэтхыну, я бынхэм адыгэцIэ фIащыну. Щыхупэм щхьэщытт ди хабзэр, бзэр, щэнхабзэр. Ауэ, адыгэм зихъумэжыну хущIэкъурт, зэрыIыгъти, щыпсэу къэралыгъуэхэм, щIыналъэхэм хасэ къыщызэрагъэпэщу щIадзащ. Дауэ хъуами, хэхэс адыгэхэм нобэм къахьэсащ ди хабзэри, фащэри, щэнри, бзэри, тхыдэри. Лъэпкъыр дызэрыгъуэтыжа нэужь, тхылъхэр, газетхэр, журналхэр зэIэпытхыу, адыгэр щыпсэу щIыналъэхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ я лIыкIуэхэр дунейпсо зэIущIэхэм щызэхыхьэу щIадзащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр къэунэхуа нэужьи абы нэхъри зиужьащ, адыгэ лъэпкъыр зэрыгъуэтыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. Абы и закъуэкъым: Абхъаз зауэр къыщыхъеям, ЮНЕСКО-м, ООН-м, къинэмыщI зэгухьэныгъэхэм тхащ, щылъэIуащ. Нобэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызыхуигъэщIар – адыгэу щыIэр зригъэуIунырщ, ахэр щызэхуэсыж утыку нэхъыщхьэу щытынырщ, — къыхигъэщащ Дзэмыхьым.
ЩIэблэм и анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ IэщIэмыхун, лъэпкъым зихъумэжын папщIэ, курыт еджапIэм щIэсхэм адыгэ тхыдэр, географиер, IуэрыIуатэр куууэ егъэджын, егъэджэныгъэм и политикэм зегъэхъуэжын зэрыхуейм тепсэлъыхьащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ щыхагъахъуэ и центрым и унафэщI Къэжэр Артур.
— Адыгэм и тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм, IуэрыIуатэм теухуауэ къытхуэщхьэпэну куэд хэлъщ дэфтэрхэм. Ахэр ди щIэныгъэлIхэм къызэратIэщIыжынымрэ лъэпкъым зэрегъэщIэнымрэщ ди къалэн нэхъыщхьэри, тхузэфIэкI къэдмыгъанэу долажьэ. Ауэ а тхылъхэми щIэныгъэ журналхэм къытредгъадзэ тхыгъэхэми щIэныгъэлIхэр, ар зыфIэгъэщIэгъуэн журналистхэр мыхъумэ, лъэпкъыр къыщIэупщIэркъым. КъищынэмыщIауэ, а тхылъхэр дунейм къытехьэнымкIэ щIэгъэкъуэн диIэкъыми, бжыгъэкIэ мащIэ дыдэу фIэкI къытхудэгъэкIыркъым. Ди тхыдэр къизытхыкIыжхэр, зэзыхъуэкIхэр, тIэщIэзыххэри мащIэкъым. А псори гулъытэншэу къонэ. Сыхуейт КъБР-м и Правительствэр мы IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуну, — жиIащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къущхьэбий Анзор.
Адыгэбзэр щыхупIэ щIыщхьэщыувам и щхьэусыгъуэр къигъэнахуэу къэпсэлъащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и лэжьакIуэ, адыгэ кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдин. Абы зэрыжиIамкIэ, анэдэлъхубзэм хуеджэну, егъэджакIуэу курыт еджапIэхэм щылэжьэну гупыж зыщI ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм кIэрыхуащ.
— Курыт еджапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр илъэс къэс мэлъаIуэ адыгэбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ егъэджакIуэ яхуэдгъэкIуэну. Уеблэмэ иджыри къамыухами ядэ, апхуэдизкIэ къегъэгузавэри. КIэщIу жыпIэмэ, университетым щеджэни курыт еджапIэм щезыгъэджэни диIэкъым, тхурикъуркъым. Абы къыхэкIыу, щIыпIэ, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэм захуэзгъэзэну сыхуейт илъэс къэс цIыхуитI нэхъ мыхъуми филологие къудамэм къагъэкIуэну, ахэр еджэхукIэ мылъкукIэ зыкъыщIагъэкъуэну, еджапIэр къауха нэужь яшэжу, лэжьапIэ ягъэувыну, — жиIащ Къардэным.
Зэ IуплъэгъуэкIэ лъэпкъ Iуэху дэхуэхауэ къыпщыхъум гугъэ нэху хуигъэщIыжу зэIущIэм къыщыпсэлъащ РАН-м и къудамэу Къэбэрдей-Балъкэрым щыIэ институтым и лIыкIуэ Зыгъэзэж Оксанэ. Ар тепсэлъыхьащ адыгэбзэр езыр-езыру зэрадж Iэмалу ягъэхьэзырамрэ, абы папщIэ къызэщIакъуа видеодерсхэмрэ теплъэгъуэхэмрэ. Зыгъэзэжым зэрыжиIамкIэ, а Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ адыгэбзэр зрагъэщIэфынущ сабийми балигъми.
Мы махуэхэм лъэпкъым къыпэщылъ дауэдапщэхэм теухуауэ, хабзэ дахэрэ шыIэныгъэрэ хэлъу ахэр егъэкIуэкIын зэрыхуейм тепсэлъыхьащ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ район зыбжанэм къикIа нэхъыжьыфIхэмрэ.
Зэпсэлъэныгъэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм, накъыгъэм и 16-21-хэм къриубыдэу республикэм щекIуэкIыну зэIущIэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, пэкIум теухуауэ унафэ зыбжанэ къащтащ.
Фырэ Анфисэ.
Сурэтхэр Елъкъан Артур трихащ