Зэхуэс щхьэпэ
«Адыгэ псалъэ» газетым зэрытетащи, ф1ок1адэм и 19-м КъБКъУ-м щызэхэтащ «Урысеймрэ Тыркумрэ: дунейпсо щытык1эмрэ геополитикэ 1уэхухэмрэ — 2025» зыф1аща ет1уанэ Дунейпсо щ1эныгъэ-къэхутэныгъэ зэ1ущ1эр. Ар къызэрагъэпэщат Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Дипломатиер гъэк1уэтэнымк1э Горчаковым и ц1эр зезыхьэ фондымрэ. Къэралыгъуит1ым дунейпсо утыкум щаубыд увып1эм, а т1ум я зэхущытык1эм, хэхэс адыгэхэм я щы1эк1э-псэук1эм тепсэлъыхьыну зэхуэсат Европэм, Тыркум, Абхъазым, Урысейм и щ1ыналъэхэм щы1э Адыгэ Хасэхэм я пашэхэмрэ л1ык1уэхэмрэ.
Адыгэхэм я махуэм ирихьэл1эу къызэрагъэпэща зэ1ущ1эм хэтащ КъБР-м и 1этащхьэм и Администрацэм и Унафэщ1 Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, УФ-м и Къэрал думэм и депутат, СНГ-м и 1уэхухэмк1э, евразие къэралхэм я зэкъуэтыныгъэмк1э, ди хэкуэгъухэм хуа1э зэпыщ1эныгъэхэмк1э комитетым и унафэщ1ым и япэ къуэдзэ Затулин Константин, УФ-м Хамэ къэрал 1уэхухэмк1э и Министерствэм и Представительствэм и унафэщ1 Нюппэ Сергей, УФ-м и Ц1ыхубэ тхак1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ, Федеральнэ инспетор нэхъыщхьэу КъБР-м щы1э Къуэщ1ысокъуэ Тимур, КъБР-м и Ц1ыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымк1э уполномоченнэу щы1э Зумакулов Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщ1 Берд Хьэзрэталий, КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгэхэмк1э и институтым и унафэщ1 Дзэмыхь Къасболэт, Щ1эныгъэхэмк1э Дунейпсо Адыгэ академием и щ1эныгъэл1 секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, ДАХ-м и вице-президент, Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд, КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я л1ык1уэхэр, КъБКъУ-м и егъэджак1уэхэмрэ студентхэмрэ.
Зэ1ущ1эр къызэ1уахын ипэ Мэшбащ1э Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрикъуам папщ1э къызэхуэсахэр ехъуэхъуащ.
Адэк1э Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий хьэщ1эхэмрэ зэ1ущ1эм хэтхэмрэ захуигъазэу жи1ащ:
— Ныбжьэгъухэ, ди нобэрей щ1эныгъэ-практикэ конференцым и ет1уанэ зэхыхьэм си гуапэу фыкъызогъэблагъэ. «Урысеймрэ Тыркумрэ: дунейпсо щытык1эмрэ геополитикэ 1уэхухэмрэ — 2025» ф1эщыгъэм лъабжьэ хуэхъуар ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр Тыркум мелуан бжыгъэк1э зэрыщы1эрщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэхэр сыт хуэдэ къэралыгъуэ щымыпсэуами, зыхэс къэралым хуэлажьэу, я ц1эр ф1ык1э къра1уэу къогъуэгурык1уэ. Иужьрей зэманым къэралыгъуэхэр зэкъуоувэ, зэдолажьэ, мурадыф1хэр зэдаубзыху. Ар нэрылъагъу тщыхъуащ Урысейм, Китайм, Индием, нэгъуэщ1 къэралыгъуэхэм я унафэщ1хэр иджыблагъэ щызэ1ущ1ам. Гъэщ1эгъуэнракъэ, а зэ1ущ1эшхуэхэм хэтащ Украинэр къигъэсэбэпурэ Урысейм и лъэр щ1эзыгъэхуну хущ1экъу, тезырышхуэхэр къыттезылъхьэ Европэри. «Дуней мыузыншэм къэрал узыншэ щы1эфынукъым. Къэралыр сымаджэмэ – ц1ыхухэри лъэрымыхьщ», — жа1э. Ар къэплъытэмэ, дэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, ди пщэ къыдохуэ къалэнышхуэ – хэхэсу щ1ым текъухьа ди лъэпкъэгъухэм ди зэхуэдэ хэкум, Урысейм, и политикэр дэт1ыгъыну. Абы папщ1э ДАХ-м и Гъэзэщ1ак1уэ гупымрэ Советымрэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм дахуеблагъэурэ зэ1ущ1эхэр щыдогъэк1уэк1. Псалъэм папщ1э, апхуэдэ зэхыхьэхэр щедгъэк1уэк1агъэххэщ Тыркум, Иорданием, Израилым, Абхъазым. Иужь дыдэу дыздэщы1ар Абхъаз къэралыгъуэрщ. Дызэрыщыгъуазэщи, 1энат1э хьэлъэ 1утщ ахэр. Ик1и ди къалэну къызолъытэ а щ1ыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм защ1эдгъэкъуэну, Урысейм и дамэпкъыр зыхащ1эн папщ1э, ди къару къихьыр яхуэдлэжьыну. Мыхьэнэшхуэ я1эщ Къуэк1ып1э Гъунэгъум къыщек1уэк1 1уэхугъуэхэми. Къэрал къэсыху езым и гъэпсык1эрэ щы1эк1эрэ и1эжщ. Ахэр къэлъытауэ, щхьэж бгъэдыхьэк1э щхьэхуэ хуэубзыхупхъэщ, ди зэхуэдэ хэкум дызэкъуэту дыхуэлэжьэфын папщ1э. Гу лъыстэну сыхуейт дзэ 1уэху хэхахэми. Ди къэралым и Президент Путин Владимир хиха лъагъуэм захуэу дытетщ дэри, ар дыдо1ыгъ фашизмымрэ неонацизмымрэ гъэк1уэдыным теухуауэ. Нобэрей зэ1ущ1эм хэт дэтхэнэ зыри фыкъыхузоджэ мыбдеж къыщапсэлъынухэм ди тхьэк1умэр гъэхуауэ дедэ1уэну, абы иужьк1э унафэ пыухык1ахэри дубзыхуну. Ф1ыщ1э щхьэхуэ хуэсщ1ыну сыхуейт Горчаковым и фондым. Ар сытым дежи щ1эгъэкъуэн къытхуохъу мамырыгъэр, зэгуры1уэныгъэр, зэкъуэтыныгъэр ди гъуазэу едгъэк1уэк1 1уэхугъуэхэмк1э. Къищынэмыщ1ауэ, и ц1э къис1уэнут КъБКъУ-м и унафэщ1 Алътуд Юрий. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмрэ я лъапсэу зэрыщытым имызакъуэу, лъахэм щэнхабзэ дауэдапщэхэм я жьант1эщ, — къыхигъэщащ абы.
Республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек къыбгъэдэк1ыу, хьэщ1эхэм псалъэ гуапэк1э захуигъэзащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
Налшык къэмык1уэфахэр видеожыпхъэм иту зыкъыпащ1эри, къыщыпсэлъащ зэ1ущ1эм. Апхуэдэу, УФ-м и Жылагъуэ палатэм лъэпкъ 1уэхухэмрэ ф1эщхъуныгъэмк1э щы1э комиссэм и унафэщ1 Зорин Владимир къыщыпсэлъам къыхигъэщащ мы унэт1ыныгъэмк1э мамырыгъэр зэте1ыгъэным теухуауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и пщэ къыдэхуэ къалэныр зыхуэдизыр.
— Дунейм адыгэу текъухьам я ек1уэл1ап1э нэхъыщхьэщ ДАХ-р. Абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий сэрэ 2012 гъэ лъандэрэ дызэроц1ыху. А гъэм Олимп джэгухэр Сочэ къалэм щек1уэк1ын хуейуэ къэралым а 1уэхугъуэшхуэм зыхуигъэхьэзырт. Абы щыгъуэ Сэхъурокъуэм дэслъэгъуар акъылышхуэмрэ шы1эныгъэмрэ и закъуэкъым. Зи лъэпкъым хуэпэж, ар ф1ыуэ зылъагъу, гъуэгу захуэм темык1мэ зи щ1асэ пашэщ ар, — къыхигъэщащ Зориным.
Зэ1ущ1эр зытеухуамк1э къэбгъэзэжмэ, Урысеймрэ Тыркумрэ зэдолажьэ 1497 гъэ лъандэрэ. Тхыдэджхэм зэрыжа1эмк1э, абы щыгъуэщ Урысейм и политикэ л1ык1уэр япэ дыдэу Уэсмэн къралыгъуэм щигъэк1уар. Илъэс мин ныкъуэм къриубыдэу а къэралыгъуит1ыр мызэ-мыт1эу зауэ губгъуэм щызыпэщ1эувэжащ, ик1и пхужы1энукъым Урысеймрэ Тыркумрэ зы 1уэху еплъык1э я1эу, я акъыл зэтехуэу. Арами, нобэк1э Урысейр дунейпсо утыкум лъэ быдэк1э ит къэралыгъуэ лъэщщ, Тыркур — тырку дунейм и пэрытщ, и псалъэм куэд дыдэ елъытащ.
— Урысеймрэ Тыркумрэ къэралыгъуэу зэрыщы1эрэ 13-рэ зэзэуащ. Нобэрей Тырку къэралыгъуэр картэм имытынк1и хъунт зэгуэр а т1ум зэгуры1уэныгъэ зэрамыщ1ыл1амэ, зэрызэдек1уэк1ын, зэрызэдэлэжьэн щхьэусыгъуэ къамыгъуэтамэ. Арами, ди 1уэху еплъык1эк1и, хьэлк1и, дуней тетык1эк1и дызэщхькъым тыркухэмрэ дэрэ. Ик1и щхьэгъэпц1агъэщ нобэ дунейм къыщек1уэк1 политикэ 1уэхугъуэхэмк1э зэакъылэгъу дыхъуным ущыгугъыныр. Ауэ, лэгъупыкъум хуэдэу дызэпищ1эу 1уэхугъуэ гуэрхэр ди зэхуаку дэлъщ. Псалъэм папщ1э, адыгэхэр. Сэ университетым и тхыдэ къудамэрщ къэзухари, зыми хуэмыдэжу сыщыгъуазэщ илъэси 160-к1э узэ1эбэк1ыжмэ, Кавказымрэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъам, абы и 1эужьу адыгэхэр мелуан бжыгъэк1э хамэ щ1ыналъэхэм къызэрыщыхутам. Ар тхыдэщ. Тхыдэр тхыдэ зыщ1ыжри апхуэдэ 1уэхугъуэхэрщ, ауэ дэ блэк1ам дыхуеплъэк1ыурэ абы тещ1ыхьауэ ди нобэрей махуэр дубзыху хъунукъым. Дызэплъын хуейр зыщ – адыгэу дунейм тетым я Хэкур здэщы1эр Урысейращи, ди дуней еплъык1эри зыуэ щытыпхъэщ. Адыгэбзэр, хабзэр, щэныр, фащэр к1уэдыжынк1э 1эмал и1экъым. Ар ди къэралъым и къулеигъэхэм ящыщ зыщ, ар зэрытхъумэнми дыпылъу унафэхэр яубзыху. Пэжыр пэжу щытын хуейщ, адыгэхэм Урысейм щагъуэт пщ1эмрэ лъытэныгъэмрэ хуэдэ зыщ1ып1и ща1экъым. Хэкужьым къэзыгъэзэжыну хуейхэм папщ1э хабзэхэр ягъэщэбэну щ1олъэ1у хэхэсхэр. Ауэ Урысейм и хабзэмрэ бзэмрэ ямыщ1эу мыбы къэк1уэжхэр щылэжьэфынукъым ик1и щыпсэуфынукъым. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къэралыбзэу 3 и1эщ: адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ, урысыбзэ. Мы щ1ыналъэр лъэпкъыбэщ. Ик1и мыбы уизэгъэн папщ1э, адыгэбзэм и закъуэ пщ1эныр мащ1эщ. Псалъэ къыщызатак1э, къыхэзмыгъэщу слъэк1ынукъым ик1и гуапэ мыхъуу къанэркъым дзэ 1уэху хэхар къыщыхъеями, адыгэхэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Урысейм зэрыхуэпэжыр къызэрагъэлъэгъуар. Ар дэ зэи тщыгъупщэнукъым. Мис апхуэдэ зэкъуэтыныгъэк1э дащогугъ хэкум къэзыгъэзэжыну щ1эхъуэпсхэми, — жи1ащ Затулин Константин къыщыпсэлъам.
Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ Затулиным жи1а псори зэрыди1ыгъыр.
Псалъэ къещтэ ди нэхъыжьыф1 Мэшбащ1э Исхьэкъ:
— Роман 20-м щ1игъу си 1эдакъэ къыщ1эк1ащи, ахэр псори адыгэм и тхыдэм епха защ1эщ. Пэжщ, сэ схуэдэу си лъэпкъыр зыми ф1ыуэ имылъагъуу къысщохъу, апхуэдизк1э си псэм хэлъщи. Ик1и а тхылъхэр стхын ипэ, дауи, тхыдэм куууэ щыгъуазэ зыщысщ1ын хуей хъуащ. Абы къыхэк1ыу, си 1уэху еплъык1и си1эжщ… Сызэреплъымк1э, Инджылызым, Франджым, Тыркум, Урысейм я зэпэщ1этыныгъэм, я зэныкъуэкъум адыгэхэр абыхэм я зэхуакум дыдип1ыт1ауэ аращ. Адыгэхэр езыр зауэл1 лъэпкът, лъы пщтырти, я щхьэ къыщхьэщыжыжу, я хэку яхъумэжу шэсащ, я джатэр кърахащ. Залымыгъэк1э дыхашауэ арат илъэси 101-к1э ек1уэк1а а зауэжьым. Ди хьэщ1э лъап1эм гу зэрылъитащи, ар блэк1а 1уэхущ, лъэпкъым и нэхъыбэр дунейм текъухьа хъуами, хэкум къинахэр я щ1ыналъэ исыжщ, дощ1эращ1э, добагъуэ, 1эшт1ым щ1эдгъэлъэгъуэн щхьэусыгъуи ди1экъым, — жи1ащ абы.
Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щы1эк1э-псэук1эр зыхуэдэм теухуауэ зэ1ущ1эм къыщыпсэлъащ Тыркум щы1э Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэм (КАФФЕД-м) и л1ык1уэхэу Йылмаз Онеррэ Токъмакъ Шенесеррэ. Абыхэм къыхагъэщащ хэхэс адыгэхэм хабзэ, щэнхабзэ, бзэ и лъэныкъуэк1э нобэ я1э ехъул1эныгъэхэм хэкум исхэм я ф1ыгъэк1э зэрыхэлъыр, я щ1алэгъуалэм щыщ илъэс къэс хэкум кърагъэблагъэурэ гъэмахуэ мазэхэр мыбдеж зэрыщрахьэк1ым ди зэхущытык1эхэр зэрырагъэф1ак1уэр.
Видеожыпхъэм иту зэ1ущ1эм къыщыпсэлъащ политикэ щ1эныгъэхэмк1э доктор, Мармарэ университетым и профессор Эршен Эмре. Ар тепсэлъыхьащ Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытык1эр Евразием и геополитикэм къызэрыщыгъэлъэгъуам.
— Пэжщ, мы къэралыгъуит1ым я 1уэху еплъык1эхэр апхуэдизк1э зэтехуэркъыми, шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным, дамэгъу пэж, ныбжьэгъуф1 къызэгъэпэщынымк1э Урысейр куэдк1э нэхъ жыжьэ бэкъуащ, экономикэ и лъэныкъуэк1э Китайм зэгуры1уэныгъэ дрищ1ыл1эри. Урысейр апхуэдизк1э жыжьэрыплъэу къыщ1эк1ащи, Къухьэп1эр егъэп1ейтей. Тыркум щыуагъэу 1эщ1эк1ыр – экономикэмрэ политикэмрэ зегъэужьыным хуэщ1ын хуей гулъытэр зэрыхуимыщ1ырщ, къэралыгъуэшхуэхэм къазэрыпек1уэк1ырщ. Абы и1ыгъыр тырку лъэпкъырщ, ахэр щыпсэу къэралыгъуэхэрщ. Европэр абы дежк1э газ лъагъуэщ, Къуэк1ып1эмк1э упхызыш гъуэгуанэ къудейщ. Урысейм зэгуры1уэныгъэ гэурхэр ирищ1ыл1ами, т1уми я фейдэ зыхэлъ гуэрщ ахэр. Сэ сызэреплъымк1э, Тыркум Урысейм нэхъ дамэгъу лъэщ игъуэтынукъым, ик1и а къэралыгъуэм хуи1э зэпыщ1эныгъэхэр игъэбыдэмэ, а 1эмалыф1ыр зы1эщ1имыгъэк1мэ нэхъыф1щ, — жи1ащ щ1эныгъэл1ым.
Еропэм, Абхъазым, Ставрополь крайм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым щы1э Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр зэ1ущ1эм къыщыпсэлъащ ирагъэк1уэк1 лэжьыгъэм теухуауэ. Псалъэм папщ1э, Европэм щы1э Хасэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий жи1ащ:
— Си адэшхуэм и адэращ хэкум ик1ауэ щытар. Сэ езыр Тыркум сыкъыщалъхуащ, ауэ лэжьэн, псэун 1уэхук1э Европэм нэхъ сыкъыщик1ырти, Германием сы1эпхъуащ. Дэнэ сыкъыщыщ1имыдзми, сэ си лъахэр мыращ – Кавказырщ. Зауэ нэужьым адыгэм и нэр япэу къыщыплъэжари, тыншыгъуэ, пщ1э, ц1э, щхьэ, хуитыныгъэ щигъуэтыжари Урысейр аращ. Дэ, хэхэсхэм, апхуэдэпщ1э зыщ1ып1и щыди1экъым. Мыбдеж адыгэр и бзэ щропсалъэ, къэрал 1уэху щызэрехьэ, хуиту щопсэу, и ц1эмрэ унэц1эмрэ адыгэбзэк1э ире1уэж. Дэ апхуэдэ хуитыныгъэ иджыри къыздэсым ди1экъым. Сыхуейт хэкум къинэу ар тхуэзыхъума ди лъэпкъэгъухэм ф1ыщ1э яхуэсщ1ыну! Хэхэсхэр дэнэ дыщымы1ами ди дыгъэр къыщыкъуэк1ыр Кавказыр здэгъэза лъэныкъуэмк1эщ, сэри гурэ псэк1э сытым дежи мыбык1э сыщы1эщ. Урысей къэралыгъуэм зыгуэрк1э сэбэп дыхуэхъуххэнумэ, Европэм щыпсэу адыгэхэм ди бжэри дигухэри сытым дежи фхузэ1ухащ.
КъБР-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ щыхагъахъуэ и центрым и унафэщ1, Щ1ДАА-м тхыдэ щ1эныгъэхэмк1э и къудамэм и унафэщ1 Къэжэр Артур гу лъитащ Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэдэлэжьэфыну 1уэхугъуэщ1эхэм:
— Щ1эныгъэм нэхъ къару нэхъыщхьэ щы1эу къыщ1эк1ынкъым. Абы къыхэк1ыу ди къэралыгъуит1ым я еджап1э нэхъыщхьэхэр зэдэлажьэмэ, студентхэмк1э дызэхъуажэмэ, нэхъри дызэрыубыдынт. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къалэн нэхъыщхьэр – адыгэ щэнхабзэр, хабзэр, бзэр тегъэщ1ап1э ищ1урэ дунейм адыгэу тетыр зригъэу1ужынырщ. Абы и ф1ыгъэк1э, сызытепсэлъыхь 1уэхугъуэм теухуауэ ДАХ-м лъабжьэф1 игъэт1ылъауэ жып1э хъунущ. Псалъэм папщ1э, Къуэк1ып1эм, Тыркум я тхыдэмк1э ди университетым кафедрэ къыщызэ1утхыныр, дэри уэсмэн дэфтэр хъумап1эхэм хуиту дыщылэжьэфыныр игъуэ дыдэу къысщохъу, — жи1ащ абы.
Къэжэрым ирихьэжьа псалъэмакъ щхьэпэм къыпащэу къэпсэлъащ ди щ1эныгъэл1хэу Дзэмыхь Къасболэтрэ Къущхьэбий Анзорэ.
Зэ1ущ1эм и к1эм Затулиным хуагъэфэщащ ДАХ-м и дамыгъэ нэхъыщхьэр — дыщэ медалыр.
— Пщ1эшхуэ къысхуэфщ1ащ адыгэ лъэпкъым, — жи1ащ абы. – Си сабиигъуэр Сочэ къалэ щесхьэк1ащ, илъэс 20-к1э сыщыпсэуащ шапсыгъ лъахэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ а щ1ып1эм хэт щыпсэуами ф1ыуэ сыщыгъуазэщ. Нобэк1э псом нэхърэ нэхъыщхьэр ди зэхуакум зэгурымы1уэныгъэ къыдэмыхъуэу, алъандэрэ дызэкъуэту дыыкъызэрыгъуэгурык1уам хуэдэу адэк1и дызэдэпсэунырщ. Зэи зыщывмыгъэгъупщэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы хэтхэмрэ – сэ сыт щ1ыгъуи сыфщ1ыгъущ.
ДАХ-м и зи чэзу зэхыхьэр лъэщ зэрыхъуам гу лъитащ Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд псалъэ щратам.
— 1969 гъэм Мэшбащ1э Исхьэкъ сыщ1ыгъуу япэ дыдэу Сириемрэ Ливанымрэ щыпсэу адыгэхэм деж сыщыхьэщ1ауэ щытащ. Абдеж къыщыщ1эдзауэ нобэр къыздэсым сытолажьэ хэхэс адыгэхэм я дунейр къэгъэнэхуэным. Си гуапэу ди хьэщ1э лъап1эм тыгъэ хузощ1 ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа тхылъ зыбжанэ. Ик1и къыхэзгъэщыну сыхуейт мыпхуэдэ зэ1ущ1э купщ1аф1э куэд щ1ауэ сызэрыхэмытыжар. Ар зи ф1ыщ1эр ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийщи, куэдрэ узыншэу и къулыкъум тетыну си гуапэщ, — жи1ащ абы.
Зэ1ущ1эм къыщапсэлъам ипкъ итк1э ДАХ-м хэтхэр адэк1э зытелэжьэну 1уэхугъуэхэр къагъэнэхуащ. Пщыхьэщхьэхуегъэзэк1ыу хьэщ1эхэр ирагъэблэгъащ Адыгэхэм я махуэм папщ1э ягъэхьэзыра концертым.
Фырэ Анфисэ