Новости

Адэжь лъахэмкIэ къэхъуапсэ дэтхэнэми и мурадыр кърехъулIэ!

Ди лъэпкъэгъу, ди хэкуэгъу лъапIэхэ!

Ди гуапэу дынывохъуэхъу Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэмкIэ. Абы дигу къегъэкIыж илъэс 27-кIэ узэIэбэкIыжмэ, 1998 гъэм шыщхьэIум и 1-м, къэхъуа Iуэхугъуэшхуэр. А махуэм, Урысей Федерацэм и унафэщIхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ, япэу ди хэкуэгъу гупышхуэ адэжь лъахэ лъапIэм къыщытеувэжащ – Косовэ автоном щIыналъэм щыщ адыгэ (шэрджэс) хэхэсхэр.

Къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къыхуащIу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къызэрысар икъукIэ ди гуапэщ. Ауэ дэнэ щIыпIэ ахэр щыпсэуми, сыт хуэдэ бзэкIэ псалъэми, ягури я псэри ХэкужьымкIэ къэгъэзащ, ар я плъапIэу мэпсэу.

Апхуэдэу, нобэ Косовэм, Тыркум, Сирием, Израилым, Иорданием, Германием, США-м къикIыжа ди хэкуэгъуу 5000-м щIигъу Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм щопсэу. Абыхэм ящыщщ Сирием щыIа адыгэ 3000-р. Ахэр псори ди Хэкум и цIыху щыпкъэ хъуащ, абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI. ЕхъулIэныгъэ яIэу жылагъуэм хыхьащ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытщ, дуней псом щызэбгрыдза адыгэ хэхэсхэм я зэпыщIэныгъэр ягъэбыдэ. И зэфIэкIым елъытауэ дыщыпсэу къэралми псори ещIэ абыхэм псэукIэ тынш, ехъулIэныгъэ яIэу я гъащIэр къызэгъэпэщынымкIэ.

ПщIэ зыхуэсщI си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупми сэри къыдбгъэдэкIыу гуапэу сынывохъуэхъу Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэмкIэ.

Фэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм фыкъыщыхъуащ, ауэ Хэкужьым хувиIэ зэпыщIэныгъэхэр лIэщIыгъуэхэм къызэпаудакъым, уеблэмэ зэрыбыдэу къэнащ. Фи лъахэм фыкъыщыкIуэжым, фэ гъащIэм щывгъэзэщIащ хэхэс щIэблэ куэдым я хъуэпсапIэр – сыт щыгъуи фи гум илъа щIым фытетын, фытелэжьэн. Дэ ди фIэщ мэхъу адыгэхэм (шэрджэсхэм) я Хэкужьым къэгъэзэжыныр зэпымыуну.

Къеблэгъэжахэр адыгэ щIыналъэм лъэ быдэкIэ щыувыну, щыбэгъуэну! НэгъуэщI къэралхэм щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэмрэ я Хэкужьыр здэщыIэ Урысеймрэ я зэпыщIэныгъэр ефIэкIуэну, адэжь лъахэмкIэ къэхъуапсэ дэтхэнэми и мурад дахэр къехъулIэну, лъэпкъым, ди къэралым къыхуэщхьэпэн Iуэху куэд длэжьыну Тхьэм тхузэфIигъэкI!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Related posts

Leave a Comment