Новости

«Адыгэхэм я къэхъукIэр»

 1939 гъэм адыгэ тхыдэдж, бзэ щIэныгъэлI, юрист, политик цIэ­рыIуэ Намитокъуэ Айтэч и IэдакъэщIэкIыу франджыбзэкIэ дунейм къытехьауэ щытащ «Адыгэхэм я къэхъукIэр» тхылъыр. Куржы республикэм и щыхьэр Тбилиси щылажьэ «Адыгэ щэнхабзэ IуэхущIапIэм» и жэрдэмкIэ зи гугъу тщIы тхылъыр урысыбзэкIэ къыдэкIащ.

 ФIыщIэрэ гулъытэрэ яхуэфащэщ тхылъым елэжьахэм: Тифлис дэт «Адыгэ щэнхабзэ зэгухьэныгъэм» и жэрдэмщIакIуэхэу профессор Чу­хуа Мераб (проектым и унафэщI); тхыдэдж Бещто Аслъэн (редактор); ЛIыпцIэкъуэ Ларисэ (жэуап зыхь редактор) сымэ. Шэч хэмылъу, къа­рум я нэхъыбэр къыдэкIыгъуэм езыхьэлIари япэ игъэувапхъэри зэ­дзэкIакIуэращ. Ар Налшык дэт етI­уанэ курыт еджапIэм франджыбзэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьа Балъ­къэр — Морская Ритэщ. «Адыгэхэм я къэхъу­кIэр» дунейм къытехьэным мылъку и лъэныкъуэкIэ сэбэп хуэ­хъуащ США-м щыщ псапащIэ Хьэбыкъуэ Джинэ.
ЩIэныгъэлIым и гъащIэм тетхы­хьахэм къызэрыдагъащIэмкIэ, На­митокъуэ Айтэч Адыгейм щыщ По­нэжыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.­ Абы къиухащ Ставрополь дэт гимназиер, абы и ужькIэ — Бытырбыху университетым и юридическэ факуль­тетыр. Революцэм и пэкIэ Намитокъуэр уэчылу лэжьащ, Урысейм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм ­хыхьэ лъэпкъ школхэм якIэлъыплъ Комиссэм хэтащ. Намитокъуэр щыщт Сорбоннэ университетым епха щIэ­ныгъэ зэгухьэныгъэм. Профессор Дю­мезиль Жорж и гъусэу абы ­къыдигъэкIащ «Цей Ибрэхьим и шыпсэхэр». Адыгэ дунейм щыцIэрыIуэщ 1939 гъэм дунейм къытехьа «Адыгэхэр къы­зэ­рыхъуар» («Происхождение чер­ке­сов») тхылъыр. Ар Париж франджы­бзэкIэ къыщыдэкIащ.
Намитокъуэ Айтэч теухуауэ сатыр зыбжанэ ущрохьэлIэ Ершов Виталий и IэдакъэщIэкIыу 2017 гъэм къыдэкIа «Урыс дунеймрэ Кавказ Ищхъэрэм XX — XXI лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм иIэпхъукIахэмрэ» («Русский мир и ­северокавказское зарубежье в XX-­начале XXI вв.) тхылъми.
«1930 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэм, куржыхэм, ермэ­лыхэм къахэкIахэм Париж «Кавка­зыр джынымкIэ зэгухьэныгъэ» къы­щызэрагъэпэщауэ щытащ, — етх Ершовым. — 1934 — 1937 гъэхэм а зэгу­хьэныгъэм жану хэлэжьыхьащ адыгэ юрист, тхыдэдж, IуэрыIуатэдж Намитокъуэ Айтэч.
1911 — 1916 гъэхэм ар хэтащ Бы­тырбыху къыщызэрагъэпэща Бгырыс муслъымэн комитетым. Фев­раль революцэ нэужьым ПIалъэкIэ унафэр къэзыщта тепщэгъуэм (Временное правительство) Егъэджэ­ныгъэмкIэ и министерствэм Намитокъуэм и пщэ къыдилъхьауэ щытащ Урысейм щыщ мыурыс лъэпкъхэм я еджапIэхэр зэ­рылажьэм кIэ­лъыплъыныр. Ар хэтащ Кавказ Ищ­хъэрэ Республикэм и парламентым, иужькIэ Кубань правительствэм юстицэмкIэ министру хагъэхьащ. А тепщэгъуэм и лIыкIуэу Намитокъуэр 1918 гъэм Париж щекIуэкIа конференцым хэтащ.
Париж щыщыIам, Намитокъуэр политикэм къыхэкIри, Сорбоннэ университетым щIэтIысхьат. 1920 гъэхэм, уэчыл IэнатIэр зэриIыгъым хуэдэу, ар жану бгъэдэтащ бзэ щIэныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэм. Намитокъуэр щы­лажьэу щытащ инджылызыбзэ­кIэ, франджыбзэкIэ, нэмыцэбзэ­кIэ, урысыбзэкIэ къыдэкI щIэныгъэ журналхэм. Абыхэм щIэныгъэлI Iэзэм къыщытрыригъадзэрт кавказ лъэпкъхэмрэ абыхэм я IуэрыIуатэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр, нэхъыбэу — адыгэбзэмрэ адыгэ IуэрыIуатэмрэ епхахэр.
Намитокъуэ Айтэч и тхылъ «Адыгэ­хэм я къэхъукIэр» Кавказым теу­хуа тхылъхэм я дыщэ фондым хэ­хуащ. А лэжьыгъэр 1939 гъэм Париж къыщыдэкIауэ щытащ къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я IуэрыIуатэдж франджы филолог Дюмезиль Жорж и цIэр къызыхэщ хуэгъэфэщэныгъэ т­ету. Хъыбар щыIэщ 1930 гъэхэм Намитокъуэ Айтэч Париж адыгэбзэ щригъэджауэ. 1957 гъэм щIэныгъэлIыр Дюмезиль дэIэпыкъуащ «Убых псы­сэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ» къыдигъэкIынымкIэ.
Гулъытэ зыхуэфащэ Iуэхущ Намитокъуэм и кхъэлъахэу Истамбыл щыIэм Кавказым икIахэм пщIэ хуащI зэпыту къызэрекIуэкIри.

ЧЭРИМ Марианнэ. Налшык къалэ

Related posts

Leave a Comment