Новости

Накъыгъэм (майм) и 21-р адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэщ

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!

Накъыгъэм (майм)  и 21-р  адыгэхэр  мэщыгъуэ Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди адэжьхэм папщIэ. Зэман жыжьэм ди лъэпкъыр зыхэта гуауэр дигу къыщыдгъэкIыжкIэ, илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым насыпыншагъэу къытхуздихьам дегъэгумэщI.

Дэ   дигу щIохьэ а зауэжьым зи щхьэр хэзылъхьахэм нэмыщI, къэнам я нэхъыбэр хэкум зэрырахуар.

Ауэ адыгэр дуней псом тепхъа хъуами, абы къару къызэкъуихыфащ и щхьэр, и лъэпкъ хьэл-щэнхэр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыну.

БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зэрыхъунур.

Дэтхэнэ зыри къыхузоджэ блэкIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну.

Адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэм екIуэкIыну дауэдапщэхэр  тхуэщхьэпэн тхьэм ищI, ди сэбэп хэлъу тхьэм къыщIигъэкI.

Лъэпкъым апхуэдэ гузэвэгъуэ  тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

Related posts

Leave a Comment