Адыгэбзэ

Адыгэ псалъэжьхэр

 

А сигу, зы1эжьэ, а си жьэ, зубыд.

Абдж щыкъуейм лъапц1эу ухэмыувэ.

Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийк1э увэну?

 («Умыфыгъуэ, умыижэ» жыхуи1эщ).

Адыгэ и хьэщ1э быдап1э исщ.

Адыгэ мыгъуэ шыгъурэ п1астэрэ.

Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри и шым и ныбэ ирегъэкъу.

Адыгэм и хьэщ1э и щ1асэщ.

Адыгэм я нэхъ тхьэмыщк1эри бысымщ.

Адыгэр нэмысщ, урысыр насыпщ.

Адрыщ1ым ущ1эдэумэ, мыдрыщ1ыр къыплъысынщ.

Ажалым пхъуантэ к1уэц1ми укъыщигъуэтынщ.

(«Умыкъэрабгъэ» жыхуи1эщ).

Ажалым умылъыхъуэ, езым укъигъуэтынщ.

Акъыл зимы1эм насып и1экъым.

Акъыл зимы1эм уэуейр ептын?!

(«Акъылыншэми удызек1уэфын хуейщ» жыхуи1эщ)

Акъыл зи1эм шы1э и1эщ.

Акъыл зи1эр еджэнк1э ирикъуркъым.

Акъыл зи1эр акъылыншэми йочэнджэщ.

Акъыл зи1эр си щ1ыб ису къезухьэк1.

Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ.

Акъылым уасэ и1экъым, гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым.

Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэнкъым.

 Акъылыр лэндыщэщ, гъэсэныгъэр дыщэ жыгщ. (Лэндыщэ — дыщэ зэрылэ).

Акъылыр 1уэхум и лъапсэщ.

Акъылыр ящэркъым, къащэхуркъым — зыхалъхьэ.

Акъылыф1эм делэми бзэ къыхуегъуэт.

 Анэм лъэгу щ1этын зыхуэщ1.

Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжи1эм, пхъуми «си псэ» жи1эу хуежьащ.

Анэмэтым хъейнэт ухуэмыхъу. («Дзыхь къыпхуащ1у къып1эщ1алъхьэм уемынэц1ыж» жыхуи1эщ. Хъейнэт — епц1ыжыныгъэ, енэц1ыжыныгъэ).

Анэ зыщытхъур и бынщи, быныр зыгъэдахэр къабзагъэщ.

Ахъшэ мыбж зэ1ахыркъым.

Ахъшэр уи анэ къуитми, лъытэ.

Ахъшэр щэ бжыгъуэщ.

Бажэм сишх нэхърэ дыгъужьым срешх.

Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэ зэхэпхыжынщ.

Банэ хуэдэу къэщтэж, данэ хуэдэу гъэт1ылъыж.

Баш ягъэувами, уедэ1уэн хуейщ.

 

«Адыгэ псалъэжьхэр».

 

Related posts

Leave a Comment