Адыгэбзэ Новости

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Х Конгрессым и л1ык1уэхэм Урысей Федерацэм ис адыгэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми

Дунейпсо Адыгэ Хасэм

и Х Конгрессым и л1ык1уэхэм  Урысей Федерацэм ис адыгэхэм, хамэ къэралхэм  щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми

 

ЗЭРЫЗАХУАГЪАЗЭР

Лъэпкъ, бзэ, тхыдэ – зыр япэ ибгъэщ мыхъуну мы Iуэхугъуищыр зэкIэщIэхыпIэ ямыIэу зэпхащ. Тхыдэ зимыIэ лъэпкъ щыIэкъым, бзэр зимыIэж лъэпкъыр зэрыкIуэдыжым ещхьу. Абы къыхэкIкIэ дэтхэнэ зы адыгэми Iурылъыжын хуейщ къыдалъхуа бзэр — тхыдэ кIыхь зиIэ и лъэпкъым и бзэ къулейр.

Адыгэбзэр нэхъ бзэ гугъу дыдэхэм щыщу куэдым жаIэ. Абы и пэжагъым нэхърэ нэхъыбэщ иIэ зэфIэкIыр, бгъэдэлъ дахагъыр, гупсысэ куур. Ауэ ар мылажьэмэ, лъэпкъым и цIыху псоми яIурымылъмэ,  зиужьынукъым, абы нэхъ шынагъуэжыращи, иджыпсту дунейм щекIуэкI глобализацэ жыхуиIэ Iуэхугъуэм хихьэжэнущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, щIэблэм бзэр егъэщIэным хуэлажьэ дэтхэнэ зыми а Iуэхугъуэр зэрызэфIигъэкIын бгъэдыхьэкIэхэр иригъэфIэкIуэн хуейщ, мыдрей псори абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуу. А дэIэпыкъуныгъэхэм ящыщщ иджыпсту дэтхэнэ зыми хыхьэпIэ-хэкIыпIэ яIэу интернет къагъэсэбэпым бзэм ехьэл1а сайтхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ, адыгэбзэкIэ гъэпса джэгукIэхэр щIэблэщIэм я пащхьэ илъхьэнымкIэ, IуэрыIуатэм щыщ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр тхылъу къыдэгъэкIынымкIэ  бзэм ирилажьэ-елэжьхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр.

Иджырей адыгэбзэм и тхыбзэр и пIэ изэгъэным нэсыху, гугъуехь куэдым пхыкIащ, алфавитым зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэрэ игъуэтащ. Сыт хуэдэ тхэкIэми (ар латин, хьэрып, кирилл тхэкIэ ирехъу),  дауикI, дагъуэ яIэщ, ауэ иджыпсту екIуэкI Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэр тхэкIэр хъуэжыным зэфIигъэкIыну щыткъым. Нобэ ди лъэпкъэгъухэм яхэтщ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм хуэпабгъэ. Ар хуэгъэпсащ  лъэп­къым и къарур хуэмурэ щIэгъэкIуэсыкIыным, адыгэр нэгъуэщI  лъэпкъхэм яхэгъэшыпсыхьыжыным.  Зэман кIыхь лъандэрэ зы пIэмрэ зы щытыкIэмрэ иту зызыужь адыгэбзэм апхуэдэу удэджэгу хъунукъым. Дуней псом щикъухьа хъуа ди лъэпкъэгъу псори зы бзэкIэ, зы тхыкIэ зиIэ хьэрфылъэм къигъэщI бзэкIэ зэпсалъэу, я Iуэху зэрыщIэу псэун хуейщ. Кириллицэр зи лъабжьэу къэгъуэгурыкIуэ ди анэдэлъхубзэр хуолажьэ а къалэнышхуэм-дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэри зэпыщIэжа хъуным.

 Зы щIыпIэм дыщымыпсэуми, иджыпсту техникэм, щIэныгъэм я зэфIэкIыр инщ, дызэхуэтхэфынущ, дызэрыщIэфынущ, ауэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэ зэфIэдгъэкIынуми, лъэпкъым зыужьыныгъэ еттынуми, дызэгурыIуэу бзэм зедгъэужьын хуейщ.

Адыгэбзэращ лъэпкъ щэнхабзэм и хъумакIуэри, ар ижь-ижьыж лъандэрэ нобэм къэзыгъэсари, япэкIэ зыгъэкIуэтэнури.

Лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм я къыщIэдзапIэр анэдэлъхубзэр. Адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэу щIэблэр къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм лэжьыгъэшхуэ щегъэкIуэкIын хуейщ.

Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэращи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэфщIыну, ипэкIэ вгъэкIуэтэну, зевгъэужьыну фыкъыхудоджэ.

Бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъри кIуэдыжынущ.

Дывгъэхъумэ ди анэдэлъхубзэр!

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Х Конгресс

Налшык къалэ, 2015 гъэ, фок1адэм и 19

 

 

Related posts

Leave a Comment