Информация

Сирием ис ди лъэпкъэгъухэм я 1уэхум нэхъыщхьэ нобэ щы1экъым

Ди газетымк1э хъыбар зэрывэдгъэщ1ащи, фок1адэм и 19-м Налшык къалэ дэт Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щек1уэк1ащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Конгрессыр. Зэхуэсышхуэм кърихьэл1ащ КъБР-м и 1этащхьэ К1уэк1уэ Юрий,  КъШР-м и Правительствэм и Унафэщ1 Къэзанокъуэ Руслан, Адыгэ Республикэм Лъэпкъ 1уэхухэмк1э, хэхэсхэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащ1э 1энат1эхэмк1э и къэрал комитетым и унафэщ1 Щхьэлахъуэ Аскэр, Краснодар крайм и вице-губернатор К1эрмыт Мухьдин, экономикэ щ1эныгъэхэм я доктор, профессор, Москва щы1э Адыгэ-абхъаз зэгухьэныгъэм я нэхъыжьхэм я  тхьэмадэ Агырбэ Юрий, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Мэшбащ1э Исхьэкъ,  адыгэ щыпсэу гъунэгъу хэгъуэгухэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Голландием, Германием, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ – Алание республикэхэм, нэгъуэщ1 щ1ып1эхэм къик1а хьэщ1эхэмрэ л1ык1уэхэмрэ.

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэ1ущ1эр къызэ1уихыу, ар зэрек1уэк1ыну щ1ык1эр 1э 1этк1э яубзыхуа нэужь, псалъэ иратащ КъБР-м и 1этащхьэ К1уэк1уэ Юрий.

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэм и Унафэщ1 Къэзанокъуэ Руслан къыздик1а хэгъуэгум и ф1эхъусыр къызэхуэсахэм яриха нэужь,  КъШР-м и 1этащхьэ Темрезов Рашид Конгрессым хэтхэм зэрызахуигъазэм къеджащ. Абы къыхэщырт къэрал куэдым щызэбгрыпхъа адыгэхэм я лъэпкъ хабзэр, бзэр, щэнхабзэр хъумэныр ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр, ахэр зэхыхьэнымк1э, зэрыщ1энымк1э, зэдэ1эпыкъужынымк1э Хасэшхуэм мыхьэнэ ин зэри1эр. КъШР-м щызэдэпсэу лъэпкъ ц1ык1ухэм я зэхуаку пщ1э дэлъынымк1э, зэгуры1уэу зэдэпсэунымк1э лэжьыгъэшхуэ зэрек1уэк1ыр, зэпэщ1эувэныгъэм ф1ы къызэрыдэмык1уэр тхыдэм къызэрыхэщыжыр ц1ыхухэм къазэрыгуры1уапхъэр, ДАХ-р абык1э 1эмэпсымэф1у зэрыщытыр къыхигъэщащ къэпсалъэм. Адыгэ Республикэм и  1этащхьэ Тхьэк1ушынэ Аслъэнджэрий Конгрессым хэтхэм зэрызыхуигъазэм къеджащ АР-м Лъэпкъ 1уэхухэмк1э, хэхэсхэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащ1э 1энат1эхэмк1э и къэрал комитетым и унафэщ1 Щхьэлахъуэ Аскэр. Дызыхэпсэук1 лъэхъэнэм адыгагъэр, лъэпкъ хъугъуэф1ыгъуэр хъумэнымк1э ДАХ-м и пщэ къыдэхуэ 1уэхур зэрымытыншыр, абы хэтхэм адыгэм и тхыдэр зэф1эгъэувэжынымк1э, дуней псом щыпсэу ди къуэшхэр зэрыгъэгъуэтыжынымк1э, къыдэк1уэтей щ1эблэр хэкупсэу гъэсэнымк1э къару къалъыкъуэк1ыну зэрехъуэхъур къыщыхьат Тхьэк1ушынэм къигъэхьа псалъэм. Краснодар хэгъуэгум къик1 ф1эхъус жи1ащ вице-губернатор К1эрмыт Мухьдин.

— Краснодар крайр инщ, ц1ыху мелуни 5,5-рэ исщ. Абы щыпсэу адыгэ мин 30-р щ1ыналъэ нэхъыф1хэм тесщ, нэхъыбэр — Краснодар, Армавир (Ермэлы хьэблэ), абы къедза жылэхэмрэ дэсщ, хы Ф1ыц1э 1уфэм 1усщ. Краснодар щ1ыналъэм щызэдэпсэу лъэпкъхэм я зэхущытык1эр егъэф1эк1уэнымк1э программэ хэха щолажьэ крайм, мылъку хъарзыни хухах, — пищащ адэк1э Мухьдин. —  Абы щыщу адыгэм къылъысри мащ1экъым, газет къыдагъэк1ынми, бзэр зэрагъэщ1энми, щэнхабзэ 1уэхухэр къызэрагъэпэщынми, ц1ыхухэм я псэук1эр ирагъэф1эк1уэнми трагъэк1уадэу. К1уэаракъэ, иужьрей илъэсипщ1ым сом мелуан 40 хуэдиз адыгэхэм хухахащ. Лъэпкъ политикэр дагъуэншэу щагъэзащ1э мы хэгъуэгум. Абыхэм псоми  адыгэр къахэлыдык1ыу апхуэдэщ. Шэч хэмылъу 1уэхур  дахэу зезыгъак1уэр, зыхуэныкъуэхэр къигъэна1уэу Правительствэм и пащхьэ изылъхьэр Шапсыгъ Адыгэ Хасэращ.   Ар хущ1окъу шапсыгъхэм я щы1эк1э-псэук1эр егъэф1эк1уэным, адыгэм и хъугъуэф1ыгъуэ нэхъыщхьэхэр хъумэным. Си гугъэщ ДАХ-мрэ шапсыгъ къулыкъущ1ап1эхэмрэ дызэрыщ1эу дызэдэлажьэмэ куэд тхузэф1эк1ыну.

2012-2015 гъэхэм къриубыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэк1уэк1а лэжьыгъэхэм убгъуауэ тепсэлъыхьыжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, видеорэ сурэтхэмк1э и псалъэр щ1игъэбыдэжу.

ДАХ-м и Уставым къызэригъэувым тету, Хасэр нэхъыщхьэу зиужь итыпхъэхэм щытепсэлъыхьым, абы къыхигъэщащ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къарухэр зэрагъэуIуу лъэпкъым и псэкупсэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зегъэужьыныр, тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр япэ зэрырагъэщыр. «Абы ехьэлIауэ тхылъ къыдыдогъэкI, фестивалхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъылI нэсу къытхэтахэм я фэеплъ пшыхьхэр къызыдогъэпэщ. «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Шапсыгъ», «Нарт», «Хасэ» газетхэм куэдрэ къытохуэ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа ди къуэшхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ абыхэм къытхуатх хъыбархэмрэ. ДАХ-м и жэрдэмкIэ 2014 гъэр адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIыщокъуэ Алим  и илъэсу дгъэувауэ щытащ. Къызэралъхурэ нэгъабэ илъэсищэ ирикъуа тхакIуэм теухуа пшыхь гъэщIэгъуэнхэр КъБР-м, КъШР-м, хамэ къэалхэми щекIуэкIащ. Апхуэдэу дахэу дгъэлъэпIащ къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру, ЩIДАА-м и академикыу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур», — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм.

КъызэщIакъуэж пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м и лIыкIуэхэр хэтащ Урысейми, абы и гъунапкъэхэми адыгэм теухуауэ щекIуэкIа зэIущIэхэм, конференцхэм, пшыхьхэм, апхуэдэуи Дипломатие зэIухам зегъэужьынымкIэ Горчаков Александр (1798-1883) и цIэр зезыхьэ фондыр я щIэгъэкъуэну Налшык къалэ дунейпсо жылагъуэ-щэнхабзэ зэIущIэ зыбжанэ къыщызэрагъэпэщащ, абы Москва щригъэкIуэкIа зэхуэсми хэтащ.

ДАХ-м и гуащIэ хелъхьэ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэнымкIэ, хэкум къэIэпхъуэжхэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ, хэхэсхэм я бзэмрэ я хабзэмрэ яхъумэжынымкIэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм. Абы ипкъ иткIэ,  Иорданием, Сирием, Тыркум щыщ ди къуэшхэр КъБР-м и Iэтащхьэм мызэ-мыт1эу хуэзащ, ахэр тепсэлъыхьащ щэнхабзэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ нэхъ быдэу зэпыщIа зэрыхъуным. «Дэ сыт щыгъуи Iуэху ядыдощIэ къэрал унафэр зыIэщIэлъхэм. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къедгъэблэгъауэ щытащ ООН-м и Комиссар Нэхъыщхьэм зи лъахэр зрагъэбгынахэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм и лIыкIуэу Урысей Федерацэм щыIэ Вак-Войя Баисэ. Сирием щекIуэкI зауэм кърихужьэжу ди республикэм къэкIуэжахэм я Iуэхур зыIутыр гурыдгъэIуащ, едгъэлъэгъуащ», — пищащ ДАХ-м и тхьэмадэм.

— НобэкIэ къалэн нэхъыщхьэу ди пащхьэ къитыр, дауи, Сирием щекIуэкI зауэм кърихужьа ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъунырщ. Мыбдеж псом япэ къыхэгъэщыпхъэщ а Iуэхум ехьэлIауэ 2013 гъэм Дунейпсо Адыгэ Зэхуэс Налшык зэрыщедгъэкIуэкIар, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа лIыкIуэхэр ди гъусэу ди лъэпкъэгъухэм дазэрыдэIэпыкъуну щIыкIэр зэрыдубзыхуар. А махуэ дыдэм телемарафон къызэдгъэпэщри, ахъшэ зэхуэтхьэсауэ щытащ, ар СХьР-м едгъэхьри, нэхъ хуэныкъуэхэм дэ1эпыкъуащ. НобэкIэ Урысейм къэIэпхъуэжащ цIыху 1700 хуэдиз. Ахэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм игъэтIысхьэнымкIэ, псэупIэ къахуэгъуэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ  едгъэкIуэкIащ, бзэр егъэщIэнымкIэ, я дэфэтэрхэр гугъуехьыншэу къыдахынымкIэ дадэIэпыкъуащ, цIыхухэм я мылъку зэхалъхьэкIэрэ,  унагъуэ 90-м щIигъу псэуалъэ къэхуэтщэхури дгъэтIысыжащ, — жи1ащ Сэхъурокъуэм.

Иужьрей илъэсищым къриубыдэу мыхьэнэшхуэ зиIа Iуэхухэм ящыщщ Сочэ щекIуэкIа XXII Щ1ымахуэ Олимп джэгухэр, лъэпкъыр зэкъуиуду дуней псом тезыкъухьа лъапсэрых зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъуар, адыгэбзэм и Iуэху зыIутым, абы и зыужьыкIэ хъунум, зыуэ щыт литературэбзэ къызэгъэпэщыным ехьэлIахэр. Лъэпкъыр щызыгъэIэж, хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу абы бгъэдэлъ бзэр хъумэным, ар адэкIи зэредгъэфIэкIуэным теухуа псалъэмакъ, зэIущIэ куэд екIуэкIащ блэкIа илъэсищми, абы ипэкIи.

Къапщтэмэ, ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщ лъандэрэ и нэIэ нэхъ зытригъэтын хуейхэм ящыщщ адыгэ щыпсэу щIыналъэхэр, хэгъуэгухэр, къэралхэр зэпыщIэныр, зэлъэгъэIэсыныр. А мурадыр яIэу хасэ тхьэмадэхэр  зыбжанэрэ щыIащ Ставрополь краймрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ щыпсэу мэздэгу адыгэхэм, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я деж. ДАХ-м и зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIащАдыгеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ, сыт щыгъуи япыщ1ащ хасэ къудамэхэр щылажьэ Тыркум, Сирием, Израилым, Германием, Иорданием, США-м.

— Дэтхэнэ зы адыгэри, щыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэрыщыгугъыр зыщ: дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэгъэуIунырщ, ди бзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ, ди лъэпкъэгъухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнырщ, хэкум къэкIуэжынымкIэ сэбэп хъунырщ. Дызэкъуэтмэ, дызэгурыIуэмэ, абы щыщ куэдыр зэрытхузэфIэкIынум шэч къытесхьэркъым, — жи1ащ и псалъэхэм я к1эухыу Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Къык1элъык1уэу псалъэ зрата, ДАХ-м и Къэзыпщытэ гупым и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Анатолэ къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къы1эщ1ыхьа мылъкур къызыхэк1амрэ ахъшэр зытрагъэк1уэдамрэ, апхуэдэуи Уставым къигъэувхэр зэрагъэзэщ1а щ1ык1эм тепсэлъыхьыжащ. Ахъшэм и нэхъыбэр псапащ1эхэм къыхалъхьауэ аращ, ар нэхъыщхьэу зытрагъэк1уэдар Сирием къик1ыжахэм унэ къахуэщэхунырщ. Абы хухахащ сом мелуан 27-рэ мин 577-рэ.

Зэ1ущ1эм и ет1уанэ 1ыхьэр зытеухуар Хэхыныгъэхэрати, япэу 1э я1этащ ДАХ-м и тхьэмадэр хэхыным папщ1э. Конгрессым къэк1уа л1ык1уэ 73-м щыщу 62-м Сэхъурокъуэ Хьэутий и кандидатурэр да1ыгъащ, 10-м мыарэзыуэ 1э я1этащ, зыр гуит1щхьит1у къэнащ. Адэк1э ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэхэр хахын хуейуэ арати, унафэ зэращ1ам ипкъ итк1э, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу Тыркум и л1ык1уэр — япэ къуэдзэу, бэлыхь хэхуа ди къуэшхэр щыпсэу Сирием къыбгъэдэк1ыу — зы къуэдзэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым — щыщу зы къуэдзэ и1эн хуейуэ арати, ахэри 1э 1этк1э хахащ. 1уэхум къыпащэу къызэдащтащ ДАХ-м и Советым хэтынухэри, Гъэзэщ1ак1уэ гупым щылэжьэнухэри. Апхуэдэуи Урысей Федерацэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм теухуауэ къыдигъэк1а унафэм ипкъ итк1э, ДАХ-м и Уставым халъхьа зэхъуэк1ыныгъэхэм 1э 1этк1э арэзы техъуащ.

Конгрессым и л1ык1уэхэр хэплъащ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я 1уэхум, адыгэбзэр хъумэным теухуауэ Зэрызыхуагъазэ тхыгъэхэм ик1и хэлъхьэжыпхъэу къалъытэхэр ягъэнэ1уащ.

Бзэм теухуауэ къыщыпсалъэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмк1э Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал щ1эныгъэ институтым и лэжьак1уэ пажэ, филологие щ1эныгъэхэм я доктор, профессор Бак1уу Хъанджэрий къыхигъэщащ жылагъуэ 1уэхущ1ап1эрэ 1э 1этк1э бзэм и 1уэхур убзыхуа зэрымыхъунур. «Бзит1ыр зы щ1ыжыным теухуауэ япэ дыдэу щ1эн хуейр ди псалъэ зэщхьхэр зэрыт зы псалъалъэ къыдэгъэк1ынырщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр зэрынэхъ тыншыр, нэхъыбэр зэрырипсалъэр къэплъытэу ар лъабжьэ хуэщ1ынырщ», — жи1ащ Бак1уум.

Мэшхуэф1 Нэждэт къыхилъхьащ гуп щхьэхуэ къызэрагъэпэщу абы пыщ1а 1уэхухэр, конференцэхэр, щ1эныгъэл1хэр, унафэщ1хэр зыхэт зэ1ущ1эхэр зэрегъэк1уэк1ыпхъэр. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и л1ык1уэ Къумыкъу Мамдухь къызэхуэсахэм я пащхьэ щыжи1ащ: «Бзэмрэ алыфбейм и 1уэхумрэ бзэщ1эныгъэл1хэм къахуэдывгъэгъани, хасэм и къалэн нэхъыщхьэм иужь дивгъэт. Нэхъапэр иджыпсту бэлыхь хэт, Сирием щыпсэу ди къуэшхэращи, абыхэм ди нэ1э нэхъ ятедгъэтыпхъэщ».

Абы теухуауэ я еплъык1эхэр къагъэлъэгъуащ Хьэткъуэ Фатхьи (Голландие), Къардэн Самир (Иордание), Къэбэрдей Аднан (Сирие) сымэ, нэгъуэщ1хэми.

Иорданием щылажьэ Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир къызэхуэсахэр къыхуриджащ Сирием къыщыщ1эпхъуэжу къэралхэм к1уа  я къуэшхэм адыгэ псори ядэ1эпыкъуну. Иорданиер къапщтэмэ, иджыпстук1э адыгэ унагъуэ 640-рэ унэхэм зэрагъэ1эпхъуар, шэтыр зэрыщ1амыгъэсыр къыхигъэщащ абы. «Гъэзэщ1ак1уэ гупым щылэжьэнухэм я пщэ итлъхьэну къалэнхэр дэри дадэ1эпыкъуурэ зэф1эдгъэк1ыныр 1эмал зимы1эщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр  япэ дыдэу щаухуам зыхуигъэувыжа къалэнхэм ящыщт дэнэ щы1э адыгэри зэрыгъэщ1эныр. ДАХ-м и тхьэмадэм ищ1эн хуейщ сыт хуэдэ къэралми адыгэм и 1уэху зэрыщыдэк1ыр, зригъэлъагъун хуейщ абыхэм я псэук1эр, я гурыгъу-гурыщ1эхэм щыгъуэзапхъэщ. Апхуэдэ дыдэу езы ди къуэшхэми зыкъывагъащ1эу, я гугъуехьхэр къывахьэл1эу, зэгъусэу дызэделэжьу щытыныр сф1эигъуэщ», — къыхилъхьащ Къардэн Самир.

Сирием щы1э Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ Къэбэрдей Аднан ф1ыщ1э яхуищ1ащ ди къуэшхэр зэк1уэл1ауэ зымыгъэщ1эхъуа, дэ1эпыкъуэгъу щагъуэта хэгъуэгухэм я тхьэмадэхэм, абыхэм щы1э хасэхэм я 1этащхьэхэм.

Зэ1ущ1эм кърихьэл1ахэр зэчэнджэщри, унафэу къащтащ зи тхылъ къэзыта, гъунэгъу хэгъуэгухэмрэ хамэ къэрал зыбжанэмрэ щы1э  адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъи 6-р Дунейпсо Адыгэ Хасэм хагъэхьэну.

Нэщ1эпыджэ Замирэ. 

Related posts

Leave a Comment