Информация

Хузэф1эк1ар мащ1экъым, нэхъыбэжк1э дыщогугъ

Хузэф1эк1ар мащ1экъым, нэхъыбэжк1э дыщогугъ

 

Хабзэ зэрыхъуам тету Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Конгрессыр ек1уэк1ыным ипэ къихуэу фок1адэм и 18-м зэхуэсащ ДАХ-м и Хасащхьэм (Советым) хэтхэр. Зэ1ущ1эр къызэ1уихри, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ илъэсищым и к1уэцк1э зэдалэжьыну зэгуры1уахэр зэрагъэу1ужу зэрыхэплъэжар, зи къалэныр тэмэму зэф1эзыхаи мылэжьаи зэрахэтыр.

— Дунейпсо Адыгэ Хасэм ищ1эн хуейхэм дыщытепсэлъыхьк1э, япэ къыхэдгъэщыр дэнэ щыпсэу адыгэри зэрыгъэщ1эныр аращи, дэри нэхъапэу зиужь дитахэм ящыщщ ар. Дызэк1элъык1уэми, иджырей технологием и 1эмалхэр къэдгъэсэбэпми, къэрал 52-м адыгэ зэрыщы1эр зэдгъэщ1ащ, я хъыбар мащ1э зэхыдагъэхащ. Къищынэмыщ1ауэ, нэхъ пасэ лъандэрэ дызыдэлажьэ хасэ къудамэхэм дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэпыщ1эныгъэр нэхъри дгъэбыдащ. Уставым къызэригъэувым ипкъ итк1э, Советри Гъэзэщ1ак1уэ гупри и чэзум зэхыхьэурэ къек1уэк1ащ, къэтщта унафэхэри, зэф1этха 1уэхухэри зэрыт тхылъымп1эхэр ди1эщ. Пэжщ, дэ дызыхуея псори къыдэхъул1акъым, едгъэк1уэк1 лэжьыгъэхэм я купщ1эр, абы кърик1уапхъэу дызыщыгугъыр хамэ къэрал псоми я деж псынщ1эу щынэдмыгъэсыфаи къытхуихуащ.

ДАХ-м илэжьахэр зэпкърыхауэ иту Сэхъурокъуэм игъэхьэзыра дэфтэрым хэплъа нэужь, ет1уанэ махуэм утыку кърихьэну зэрыхуитым арэзы техъуащ къызэхуэсахэр. Апхуэдэуи къызэдащтащ Конгрессыр зэрек1уэк1ыну жыпхъэр, ДАХ-м и Хасащхьэм, Гъэзэщ1ак1уэ гупым  хэтыну ц1ыху бжыгъэхэр, Къэпщытак1уэ гупым хэтыну зыхуагъэфащэхэм я ц1эр къра1уащ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхилъхьащ Нэхъыжьхэм я совет зэхашэу, 1уэхум кърашал1эмэ зэрыф1экъабылыр. Гъащ1эм и п1алъэ ящ1эу, къулыкъу зэмыл1эужьыгъуэхэм пэрытауэ, ДАХ-м къищтэ унафэхэм к1элъыплъыну  нэхъыжь гуп я1эмэ, зэрыщымыуэнур къыхигъэщащ.

Советым хэтхэм нэхъыщхьэу яубзыхун хуейр ДАХ-м и тхьэмадэу къагъэлъэгъуэныр арати, япэу псалъэ къищтащ Иорданием щылажьэ Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и сенатор Къардэн Самир.

— Блэк1а илъэсищым 1уэхуу етхьэжьар зэф1эк1ауэ жыс1эфынукъым. Дэтхэнэ зы щыщ1агъэри зи лажьэр дэращ, ар тхьэмадэм и закъуэ тетлъхьэк1э дэ нэхъыф1 дыхъунукъым, — жи1ащ Самир. — Къулыкъу гуэр пэрытым ищ1ар къыщапщытэжк1э, 1уэхуу и1ам и процентыр 50-м щ1игъур игъэзэщ1амэ, пэлъэщауэ къалъытэ. Сэ сызэреплъымк1э, ди къуэш Сэхъурокъуэ Хьэутий иджыри зэ дзыхь хуэтщ1ми хъунущ ДАХ-м и тхьэмадэ къулыкъур, сыт щхьэк1э жып1эмэ, процент 50-м щ1игъу къехъул1ащ. Нэхъ жану, адыгэм и 1уэху зытетыр ищ1эу, абы и зыужьыныгъэм хуилэжьыныр иубзыхуфу къуэдзэ зыбжанэ и1эмэ, си гугъэщ зыхуэдгъэувыжа мурадхэр къыдэхъул1эну. Нобэ дызэгуры1уэрэ пщэдей утыку дихьэмэ, ди 1уэхур нэхъ дахэ хъуну къысщохъури, щхьэж фи еплъык1эр къэвгъэлъэгъуэну сыхуейт.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд жи1ащ япэми хуэдэу Сэхъурокъуэм и кандидатурэр КъАХ-м хэтхэм зэрыда1ыгъыр, куэд хузэф1эк1ауэ къызэрилъытэр, нэхъыбэжым пэлъэщыну зэрыхуигъэфащэр.

— ДАХ-м и 1уэхущ1афэхэр зыхуэдэр зэлъытар тхьэмадэм и закъуэкъым, ат1э абы хэт хасэ къудамэхэм я лэжьыгъэращ хъуамрэ мыхъуамрэ къызэрапщыр. Хьэутий имыщ1ар дэри дымыщ1ауращ, абы къехъул1а1амэ дэ ди гуащ1э хэлъуращи, къуаншэ къэдывмыгъэлъыхъуэу, дэтхэнэри ди къалэным иужь дивгъэт. Илъэсищ ипэ Хасэм зыхуигъэувыжауэ щыта къалэнхэм я процент 70-р къыддэхъуауэ жызо1э сэ. Ар псори щызэхуэхьэсыжауэ тхылъышхуэ къыдэдгъэк1ащи, абы фриплъэжмэ, на1уэ фщыхъунущ,- къыхигъэщащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд.

Зэ1ущ1эм кърагъэблэгъа, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Мэшбащ1э Исхьэкъ  жи1ащ: «Илъэсихк1э хасэ тхьэмадэу лэжьа Нэхущ Заурбий сыхуэзати, «п1алъит1к1э сэ схузэф1эк1ам нэхърэ нэхъыбэ иджырей Гъэзэщ1ак1уэ гупым зэф1ихауэ къысщохъу», — къызжи1ащ. Абы къегъэлъагъуэ Сэхъурокъуэ Хьэутий иджыри зэ адыгэ лъэпкъым и дзыхь иригъэз зэрыхъунур. Хьэутий сэ щысц1ыхур нобэкъым ик1и дыгъуасэкъым. Мыр л1ы губзыгъэщ, ц1ыхум хыхьэк1э-хэк1ык1э, властым зэрыбгъэдыхьэ хабзэ, жылагъуэм зэрабгъэдэт щ1ык1эхэр ещ1э. Зык1э сыныволъэ1у, нэхъыщ1эф1хэ: дызэгуры1уэу дыздэвгъэпсэу, зыл1 и быну дызэкъуэвгъэт.  Си щхьэк1э си дзыхь езгъэзу  вдэс1ыгъыну сыхуейщ Сэхъурокъуэ Хьэутий и кандидатурэр».

1уэхум хуи1э еплъык1эр къигъэлъэгъуащ КАФ-ФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар.

— Дэ, Тыркум ис адыгэхэм, ДАХ-м мыхьэнэшхуэ идот, — жи1ащ абы. —  Сирием ис ди къуэшхэм я щхьэ кърик1уам дрогумэщ1 нобэ. Пщэдей Тыркум ис адыгэхэр бэлыхь хэмыхуэну зыми шэсып1э къыдитыфынукъым. Ди лъэпкъ хабзэ ди1эжу, абы дытету дыкъэгъуэгурык1уащи, ар зетхьэу дывгъэпсэу. Нобэ хэти щрет ДАХ-м и тхьэмадэу, дэ дызыхуейр адыгэ 1уэху зэрихуэу, апхуэдиз къэралыгъуэм щызэбгрыпхъа ди къушхэр зэры1ыгъынымк1э, бэлыхь хэхуам зыщ1эдгъэкъуэнымк1э тхузэф1эк1 тщ1эн хуейуэ аращи, псори фыкъыхузоджэ: ди бзэр, ди хабзэр, ди ц1ыхур хэмык1уэдэн щхьэк1э ди гуащ1э хэдывгъалъхьэ ек1уэк1 1уэхум, абык1э дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъун тхьэмадэщ дызыхуэныкъуэр.

Дунейпсо Адыгэ Хасэ щ1ыди1эни, дыщ1ызэхуэсыни щы1эжкъым, ди ц1ыхухэр шхын щхьэк1э л1эмэ е яук1мэ. Ди гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэк1ып1эхэмрэ дымыгъэпсыфмэ, 1уэху зэф1эдмыхыфмэ, тхьэмадэми, гъэзэщ1ак1уэхэми дащ1ыдэлэжьэн щымы1эу къыдолъытэ. Иджыпсту гугъущ зэманыр, интернетымк1э дуней псор зэпыщ1ащи, ди щ1алэгъуалэр 1уэху мыщхьэпэхэм хашэ. Дэ ахэр къэдгъэдэ1уэфын, къызэщ1эдгъэу1уэфын хуейщи, ар зыхузэф1эк1ыну тхьэмадэр хэтми, дыарэзыуэ хэтхынущ.

Сирием, Израилым, Краснодар крайм къик1ахэри тепсэлъыхьащ ДАХ-м и къэк1уэнум зэрыщыгугъым. Зэ1ущэм къыщыпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэу Сэхъурокъуэ Хьэутий хахынымк1э мыарэзыхэри.

Къык1элъык1уэ зэ1ущ1эр, ДАХ-м и X Конгрессыр, ет1уанэ махуэм Налшык къалэ дэт Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щек1уэк1ащ.

Related posts

Leave a Comment