Информация

Хьэткъуэ Фатхьи: Адыгэр зэи к1уэдыжынукъым

Ди псэлъэгъухэр

Хьэткъуэ Фатхьи: Адыгэр зэи к1уэдыжынукъым

Дунейпсо Адыгэ Хасэ лъэпкъым и1эн хуейуэ и гупсысэр япэ дыдэу утыку къизыхьахэм ящыщщ Голландием щыпсэу Хьэткъуэ Фатхьи. И ныбжьк1э мыщ1алэжми, лъэпкъым папщ1э гууз-лыуз зи1э тхьэмадэщ, 1уэхур ежьа зэрыхъуамк1э зыхуэарэзыжу т1ысыжахэм ящыщкъыми, иджыри и псалъэ, и зэф1эк1 хилъхьэу яхэтщ ДАХ-м и л1ык1уэхэм, къызэпича гъуэгуанэ жыжьэр къехьэлъэк1акъым, адыгэм и зэхэтык1э дахэ Налшык щилъэгъуати. Дакъикъэ зыбжанэ къысхуихуат Фэтхьи нэ1уасэ сщ1ынуи, къызжи1ахэр фи пащхьэ изолъхьэ.  

— Хасэр щы1эн хуейуэ япэу зигу къэк1ахэм уащыщщ Фатхьи, Епщ1анэ Зэхыхьэшхуэр  дауэ къыпщыхъуа? Ар къыщызэвгъэпэщым хуви1а мурадхэмрэ ДАХ-р нобэ здынэсамрэ сыт я зэхуаку?

— Япэ дыдэ махуэм жыс1ауэ щытащ:  «Нобэ зэхэтшэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр гъэ къэси нэхъ дахэ, нэхъ лъэрыхь, нэхъ ц1эры1уэ хъууэрэ к1уэнщ». Ар пэж зэрыхъуар си нэгу щ1эк1ащ. Къэрал, хэгъуэгу куэдым къик1ахэр къызэхуэсащ. Хэхэс адыгэхэм я дежк1э ДАХ-м мыхьэнэшхуэ зэри1эр иджыри зэ хьэкъ сщыхъуащ, абыхэм я л1ык1уэхэм сыщепсалъэм. Къалэн куэд дэлъщ лъэпкъ хасэшхуэм и пщэ. Ар тхьэмадэми, абы щылажьэхэми зыхащ1эну сф1экъабылт. Ауэ псори зы махуэ лэжьыгъэу къызыщыхъухэр щоуэ, ДАХ-м 1уэху пыухык1а зэф1игъэк1ын папщ1э къулыкъущ1ап1э куэдми, къэрал политикэми елъытащ. Ар къагуры1уэу хуэмурэ, къызэрезэгъым хуэдэу адыгэ 1уэхур зэрахьэну сыхуейт. Уи упщ1эм зы псалъэухак1э жэуап ептмэ, лъэбакъуэ куэд ичащ ДАХ-м, нэхъ къару, лъэрылъ хъуащи, дяпэк1э нэхъыбэжк1э дыщогугъ.

X Конгрессым и к1эм нэсу ухэтащ, жа1ахэм уедэ1уащ, ялэжьахэр зэбгъэщ1ащ. Иджы лэжьэну зэхаша гупымрэ абыхэм я мурадхэмрэ дауэ къыпщыхъуа?

— Сыт хуэдэ 1уэху щызэрахьэ 1энат1эми  унафэщ1ым куэд елъытащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр хуабжьу сигу ирихьащ. Сэхъурокъуэ Хьэутий ц1ыху жыджэрщ, хабзэр, бзэр ещ1э, хыхьэк1э-хэк1ык1эм ф1ыуэ щыгъуазэщ. Ауэ абы и закъуэ и къалэнкъым ДАХ-м и пщэрылъхэр. Хуабжьу лэжьэн хуейщ Гъэзэщ1ак1уэ гупри. Абы л1ык1уэхэр щ1эуэ, ныбжьк1э щ1алэу зэрыхагъэхьам гу лъыстащ, бзэм, тхыдэм, адыгэр зыгъэп1ейтейхэм теухуауэ къэпсэлъахэм жа1ахэр сигу нэсащ. Си гугъэщ зыщ1езыгъэх хэмыту лэжьэну гуп зэхуашэсауэ.

— Дяпэк1э гу нэхъ зылъатапхъэхэм ящыщу сыт къэбгъэлъэгъуэнт?

— Интернетым сыщеплък1э, ДАХ-м и 1эр зэтедзауэ, зыри имыщ1эу щыс хуэдэу жа1э. Сэ Хасэшхуэм и Советми, Конгрессми сыщ1эсати, слъэгъуар нэгъуэщ1щ. Сак1элъыплъати, 1уэху щхьэпэ куэдым иужь итщ, ауэ сытми щысын яхэслъэгъуакъым. Дэтхэнэ зыми къыгуры1уэн хуейщ зи хабзэ, политикэ зи1эж къэрал куэдым щызэбгрыпхъа адыгэм и 1уэхур дэбгъэк1ын папщ1э илъэс бжыгъэхэр зэрытек1уадэр. Ауэ зэманым и мызакъуэу, нобэ мы 1уэхум акъыли, къаруи, зыхэщ1ык1и ехьэл1эн хуейщ. Ар зыр зым дэт1ыгъыжу дыщымытмэ, тхузэф1эк1ынукъым. Лажьэхэр зыубхэм, езыхэми ящ1эфыр ягъэлъэгъуэн хуейщ, я гупсысэхэр ДАХ-м кърахьэл1эн хуейуэ къызолъытэ сэ.

— Адыгэм и гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэр Сирием бэлыхь щыхэхуа ди къуэшхэр зэшэл1эжынырщ… 

— Сыт япэ игъэщын хуейр жып1эмэ, мис аращ – Сирием къыщылыда маф1эм хисхьэ адыгэхэр къэшэжынырщ. Ахэр иджыпсту хуабжьу щызэбгрок1 Европэм, нэгъуэщ1 къэралхэм. Сыту щхьэусыгъуэф1т а зауэр, СХьР-м ис адыгэ мини 100-м щ1игъур Урысейм къэшэжынымк1э. Ар ДАХ-м ищ1 унафэ закъуэк1э зэф1эк1ыну щытамэ, куэд щ1ат ди къуэшхэр къызэрет1ысыл1эжрэ. Ауэ къэралхэм я унафэщ1хэмрэ хабзэхэмрэ куэд елъытащ. Зауэр къызэрыхъейрэ ДАХ-м хузэф1эк1 къигъэнакъым а 1уэхум папщ1э сэбэп хъуну.

— Зи гугъу пщ1а Интернетым ущеплък1э, щ1алэгъуалэ куэд хуэарэзыкъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм…

— Щ1алэгъуалэр сыт щыгъуи къызыщ1эзыгъэу1э къару уи1эн хуейщ. А Интернетым щытхэхэр къызэщ1эзыгъаплъэ щы1эхэщ, ди жагъуэ зэрыхъущи. Ауэ абы 1уэху тепщ1ыхь хъунукъым, ДАХ-р псоми зэхуэдэу я гум дыхьэу щытын хуейкъым. Ауэ Хасэм ахэр зэи 1эщ1ыб ищ1 хъунукъым. Щ1алэгъуалэм 1уэхур къыбда1ыгъын, уагуры1уэн папщ1э, сыт щыгъуи щ1эр къэбгъэсэбэпу, зэманым удек1уу щытыпхъэщ.  Иджыпсту динымрэ политикэмрэ куэд зэблаш. Абыхэм дедмыгъэхьэхыу, адыгэми зы 1эмэпсымэ ди1эн хуейщ  ди щ1алэхэр хэкупсэу къэхъун папщ1э. Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщ1эхэмрэ дызэгуры1уэу, бий дызэхуэмыхъуу дызэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ и1эщ.

— Голландием щек1уэк1 «адыгэ гъащ1эм» и гугъу уэзгъэщ1ынут.

— Европэм зы Федерацэ ди1эщи, Голландием щыпсэухэри абы хэту аращ. Адыгэ унагъуи 100 хуэдиз исщ Голландием. Ахэр Европэм щызэхохьэ-щызэхок1. Канадэми Хасэ щагъэпсащи, согуф1э. Хэкум  гъэзэжын 1уэхум хуабжьу толэжьыхьри,  си гуапэ мэхъу. Мис абыхэм сахыхьэжмэ, яжес1энущ  ДАХ-м и 1уэхур зы1утыр,  ди адэжь хэкум ц1ыхухэр зэрыщыпсэур, Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэм я мурадхэр. Нобэ сэ слъэгъуамк1э, пщэдей адыгэр к1уэдыжынукъым. Бзэращ нэхъ шынагъуэри, абы нэхъ щ1эгъэхуэбжьауэ елэжьын хуейщ.

 Мыри къыхэзгъэщынут: Урысеймрэ Тыркумрэ куэдрэ зэзэуащ, ауэ нобэ зэк1ужауэ я псэр зы чысм илъу зэдопсэу. Ат1э щхьэ адыгэр зыгуэрым ебиин,  къаугъэ къигъэхъеин хуей? Щыпсэу къэралымрэ зыхэс лъэпкъымрэ ягуры1уэмэ, ахэр я ныбжьэгъумэ,  куэдк1э нэхъ захъумэжыфынущ, я 1уэхури нэхъ дэк1ынущ. Дунейпсо, щ1ыналъэ хасэхэм хэтхэм политикэм зыщ1ыдрагъэхьэхын щы1экъым, ат1э ар къагъэсэбэпурэ яф1 зыхэлъхэр зригъэхъул1эн хуейщ.  Зыр зым еда1уэмэ, зым жи1эр адрейм зэхихмэ, сэбэпынагъ куэд къыдэк1уэнущ. Езыхэр зэгурымы1уэжмэ, нэхъ игъэк1уэтыгъуаф1э хъунущ бийм и дежк1э. Ар къагуры1уэрэ зэры1ыгътэмэ, ди насыпт!

Епсэлъар Нэщ1эпыджэ Замирэщ.

Related posts

Leave a Comment