Новости

Хэкум япэу къоблагъэж

         Хъыбарегъащ1э

Хэкум япэу къоблагъэж

         Нобэ сыхьэт 17-м Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым къеблэгъэнущ дунейпсо макъамэ зэхьэзэхуэхэм хэта пианист ныбжьыщ1э Джымокъуэ Тамбий.

Щ1алэщ1эр илъэс 16 мэхъу, адыгэщ, Сирием къыщыхъуащ, утыку инхэм и зэф1эк1 къыщрихьащ. Мы зэманым абы  зыхуегъэхьэзыр Нью-Йорк и пэш нэхъ ц1эры1уэхэм ящыщ «Карнеги-Холле»-м зыкъызэрыщигъэлъэгъуэнум.

Пианисткэ ц1эры1уэ Поддубная Тамарэ Джымокъуэ Тамбий и зэф1эк1ыр игъэщ1эгъуащ: «Мазэ 16-к1э ф1эк1а зызымыгъэса щ1алэм апхуэдэ ехъул1эныгъэхэр зы1эригъэхьэныр щхьэм къит1асэркъым. Ар гъуэгу пэж тетщ, адэк1и и зэф1эк1ым хигъахъуэмэ, музыкант лъэщ абы къыхэк1ынущ».

Тыркум щезыгъаджэхэм Тамбий гугъэшхуэхэр ирапх. Ар Рахманиновым и п1э иувэнк1э хъуну ялъытэ. Джымокъуэ Тамбий адэжь хэкум иджы япэу къак1уэу аращ.  И лъэпкъэгъухэм зэра1ущ1энум абы  и дежк1э мыхьэнэшхуэ и1эщ.

Related posts

Leave a Comment