Адыгэбзэ

ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ

Лъэпкъым нэхъ Iей дыдэу къыщыщIынкIэ хъунур зэкъуэхунрати, ди адыгэхэм а шынагъуэр къалъэIэсри, дуней псом щикъухьа хъуащ. Ауэ а псори зэзышэлIэж, къызыхэкIар ящызымыгъэгъупщэ зы къару щыIэщ – ар ди адыгэбзэращ. Бзэм зрагъэужьын, къыдэкIуэтей щIэблэм ар яIурылъу къагъэтэджын мурадкIэ къызэрагъэпэщащ мы тхыгъэр зытеухуа, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм зи презентацэр иджыблагъэ щекIуэкIа «СИ БЗЭ» жыхуиIэ проектыр.

 

Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщI Пащты Борис, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, КъБР-м Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гергоков Джамбулат, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, КъБКъУ-м Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ, «Жьэгу» зэгухьэныгъэм и унафэщI Борэ Аслъэн, «Гу къабзэхэр» зэгухьэныгъэм хэт КIарэ Ратмир, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и урысыбзэ, адыгэбзэ, балъкъэрыбзэ кафедрэхэм я егъэджакIуэхэр, студентхэр, артистхэр, тхакIуэхэр, бзэм жыджэру елэжьхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Иджыпсту сайтыр бзищкIэ мэлажьэ: урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, тыркубзэкIэ. Иджыри хьэрыпыбзэкIэ «къагъэпсэлъэну» яужь итщ. Проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм адыгэ хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, тхыдэм къыщыхъуа гуэрым и хъыбархэр фильм цIыкIуурэ ящIауэ абыи ущеплъ хъунущ. КъищынэмыщIауэ, порталым къыщыбгъуэтынущ адыгэбзэ алфавитыр зэрызэбгъащIэ хъуну мультимедийнэ программэ, электрон тхылъхэр, лъэпкъ уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр, псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, нэгъуэщIхэри.

 

Проектыр ехьэжьа зэрыхъуамрэ цIыхухэр къешэлIа зэрыхъуамрэ тепсэлъыхьащ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Хьэмдэхъу Анзор. Абы къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжар къызэрехъулIам зэрыригушхуэри къыжиIащ.

— «СИ БЗЭ» интернет порталыр 2005 гъэм къэунэхуауэ щытащ «Адыгэбзэ» фIэщыгъэр иIэу. Ар сэрэ Джэрыджэ Аслъэнбэчрэ ди жэрдэмкIэ къызэдгъэпэщащ, – жиIащ абы. – 2006 гъэм «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и грамматикэ» тхылъым и «Фонетикэ» Iыхьэр и лъабжьэу адыгэ алфавитым хуезыгъаджэ мультимедийнэ программэ зэхэтлъхьэри дутIыпщащ. ИужькIэ проектым елэжьыным къыхыхьащ иджыпсту КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдин. ЩIэрыщIэу къэдгъэщIэрэщIэжщ, урыс-адыгэ псалъэ зэпэдзыж къызэдгъэпэщри, ар етIуанэу дутIыпщащ. Ауэ проектым теплъэщIэ щигъуэтар 2013 гъэм ди лэжьыгъэм программист Евгъэжьыкъуэ Тимур къыхыхьа нэужьщ. Абы игъэлъэщри, «псэщIэ» хилъхьащ порталым, смартфонхэм требгъатхэ хъуну гуэдзи къызэригъэпэщащ».

Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ «Си бзэм» и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къардэн Мусэдини.

— Адыгэбзэр зэзыгъэщIэну, ищIэм хэзыгъэхъуэну, лъэпкъ щэнхабзэм щыгъуазэ зыхуэзыщIыну гукъыдэж зыщI дэтхэнэми дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунырщ мы проектым и къалэн нэхъыщхьэр, – жиIащ абы.

Мусэдин утыку къришащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджэхэу Къармэ Миланэ, Хъуран Миланэ, Къазий Лаурэ сымэ. ЗэрыжиIамкIэ, абыхэм лэжьыгъэшхуэ ящIащ сайтым иралъхьэну материалхэр къыхэхынымкIэ.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Евгъэжьыкъуэ Тимури. Ар тепсэлъыхьащ сайтым щIэуэ къралъхьахэм, япэм Android телефонхэм фIэкIа гуэдзэр къэбгъэсэбэп мыхъуу щытами, иджы OC IOS-хэмкIи урилажьэ зэрыхъунум.

Къызэхуэсахэр ирагъэплъащ Къэзанокъуэ Жэбагъы и жыIэгъуэхэр зи лъабжьэ  хъуа таурыхъхэр, абыхэм къищынэмыщIауэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэ иIэу сабийхэм папщIэ ящIа «Бажэмрэ хьэхэмрэ», «ЩакIуэл гуэшыкIэ», «Хэт и хъупIэ?» жыхуиIэ таурыхъ цIыкIухэм.

«СИ БЗЭ» сайтым япэу къыщызэрагъэпэща интернет зэпеуэр а махуэм зэхуащIыжри, текIуахэм я цIэхэр къраIуащ. Гукъыдэж зиIэу интернетым ихьэф дэтхэнэри хэт хъунут мы зэхьэзэхуэм, бзэр фIыуэ зэращIэр, зэрагъэшэрыуэр къагъэлъэгъуэн хуейуэ арат. Япэ увыпIэр къихьащ Хьэмокъуэ Ислъам, етIуанэ хъуащ Шэвхужь Iэминат, ещанэр Тэнащ Миланэщ.

Ахэр ягъэлъэпIэну утыкум кърагъэблэгъат Сэхъурокъуэ Хьэутий, Щоджэн Iэминат, ЩоджэнцIыкIу Леонид, Гергоков Джамбулат, КIарэ Ратмир, Борэ Аслъэн сымэ. Абыхэм зэпеуэм щытекIуахэм фIыщIэ, щытхъу тхылъхэмрэ гукъинэж ящыхъун саугъэтхэмрэ иратащ.

— Нобэ къэфIэта Iуэхугъуэм и мыхьэнэр псоми нэсу къагурымыIуэнкIэ хъунущ, ауэ мы зэIущIэм зи цIэ куэдрэ щраIуа Къэзанокъуэ Жэбагъы зэрыжиIащи, «Зэманым декIур лIыфIщ», – къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм. – Зэманым къихьа технологиехэм, абыхэм хуитыныгъэу, лъэкIыныгъэу цIыхум къаритар ди лъэпкъым, ди бзэм, ди хабзэм, ди щIэныгъэм ятеухуауэ къэбгъэсэбэп зэрыхъунур наIуэ къащIащ нобэ мы щIалэхэм. Ди бзэр адрейхэм къыкIэрамыгъэхун, ар къытщIэхъуэ щIэблэм къагъэсэбэпыфын, лъэпкъыр зэрыщIэн щхьэкIэ екIуэкI мы Iуэхум и пщIэр къэлъытэгъуейщ. Тхьэр арэзы къыфхухъу мыр къызэзыгъэпэща щIалэхэми, абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуахэми. Фи зэфIэкIым хэхъуэу, ди бзэр адэкIи зыгъэкIуэтэн Iуэхугъуэ куэд Тхьэм къывигъэхъулIэ!»

 

Къэпсэлъа псоми къыхагъэщащ мы проектыр гъэсэныгъэ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ я лъэныкъуэкIэ зэрыIуэху щхьэпэр, илъэс зыбжанэ и пэкIэ куэдым ущызымыгъэгугъыу щытами, нобэ абы зэрыригушхуэр, ар адэкIи ефIэкIуэным, абы зиужьыным я гуащIэ зэрыхалъхьэнур.

ЗэIущIэр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэ щIалэхэу Къанкъул Ислъам, Насып Азэмэт,   Сирием къикIыжа щIалэщIэ Ует Хьэмзэт сымэ.

 

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.

Related posts

Leave a Comment