ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Х Конгрессым щищ1а доклад
Дунейпсо Адыгэ Хасэм иджыри зы пIалъэ къызэринэкIащ и къалэн нэхъыщхьэхэр зэфIихрэ и Iэмалхэм хигъахъуэу. 2012-2015 илъэсхэм къриубыдэу ДАХ-р къэрал къулыкъущIапIэхэм, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм ядэлажьэкIэрэ адыгэ Iуэхур игъэкIуэтащ, абы къыпэкIуа хъерри гъунэжщ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, ДАХ-м и Уставым ипкъ иткIэ, нэхъыщхьэу зиужь дитыпхъэхэм ящыщщ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ди къарухэр зэдгъэуIуу лъэпкъым и псэкупсэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зегъэужьыныр, тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр. Абы ехьэлIауэ тхылъ къыдыдогъэкI, фестивалхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъылI нэсу къытхэтахэм я фэеплъ пшыхьхэр къызыдогъэпэщ. «Адыгэ псалъэ» газетым куэдрэ къытохуэ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа ди къуэшхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ абыхэм къытхуатх хъыбархэмрэ.
ДАХ-м и жэрдэмкIэ 2014 гъэр адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIыщокъуэ Алим и илъэсу дгъэувауэ щытащ. Къызэралъхурэ нэгъабэ илъэсищэ ирикъуа тхакIуэм теухуа пшыхь гъэщIэгъуэнхэр республикэм и дэнэ щIыпIи щекIуэкIащ. Апхуэдэу дахэу дгъэлъэпIащ къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру, ЩIДАА-м и академикыу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур.
КъызэщIэтхъуэж пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м и лIыкIуэхэр хэтащ Урысейми, абы и гъунапкъэхэми адыгэм теухуауэ щекIуэкIа зэIущIэхэм, конференцхэм, пшыхьхэм, апхуэдэуи Дипломатие зэIухам зегъэужьынымкIэ Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондыр ди щIэгъэкъуэну Налшык къалэ дунейпсо жылагъуэ-щэнхабзэ зэIущIэ зыбжанэ къыщызэдгъэпэщащ, Фондым Москва щригъэкIуэкIа зэхуэсми дыхэтащ.
ДАХ-м и гуащIэ хелъхьэ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэнымкIэ, хэкум къэIэпхъуэжхэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ, хэхэсхэм я бзэмрэ я хабзэмрэ яхъумэжынымкIэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм. Абы ипкъ иткIэ, Иорданием, Сирием, Тыркум щыщ ди къуэшхэр КъБР-м и Iэтащхьэм хуэдгъэзащ, ахэр тепсэлъыхьащ щэнхабзэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ нэхъ быдэу зэпыщIа зэрыхъуным. Дэ сыт щыгъуи Iуэху ядыдощIэ къэрал унафэр зыIэщIэлъхэм. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къедгъэблэгъауэ щытащ ООН-м и Комиссар Нэхъыщхьэм зи лъахэр зрагъэбгынахэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм и лIыкIуэу Урысей Федерацэм щыIэ Вак-Войя Баисэ. Сирием щекIуэкI зауэм кърихужьэжу ди республикэм къэкIуэжахэм я Iуэхур зыIутыр гурыдгъэIуащ, едгъэлъэгъуащ. Ар яхуэзащ УФМС-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэми, къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэми.
БлэкIа лъэхъэнэм къриубыдэу ди гуапэу дигу къэдгъэкIыжыну тхузэфIэкIахэм ящыщщ фокIадэм и 20-р Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэу зэрыдгъэнэхуар. ДАХ-м къыхилъхьа а Iуэху дахэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий къыддиIыгъри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъ псоми папщIэ гуфIэгъуэ махуэу зэригъэувым теухуа Унафэ къыдигъэкIащ. Ди гугъэщ дяпэкIэ АР-ми, КъШР-ми апхуэдэ унафэ къыщащтэу, махуэшхуэ къыддаIэтыну, адыгэхэр щыпсэу къэралхэм гъэ къэс екIуу щагъэлъэпIэну.
Сыт хуэдизу гъащIэм зэпэIэщIэ димыщIами, зы лъэпкъыу дызэрыщытыр, дызэрызэкъуэшыр, ди гуфIэгъуэр зэдэтIэту, ди гуныкъуэгъуэхэр зэдгъэзэхуэжу дыкъызэрызэдекIуэкIын хуейр иджыри зэ дигу къэзыгъэкIыж махуэ хъунущ ар.
НобэкIэ къалэн нэхъыщхьэу ди пащхьэ къитыр, дауи, Сирием щекIуэкI зауэм кърихужьа ди къуэшхэм тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъунырщ. Мыбдеж псом япэ къыхэгъэщыпхъэщ а Iуэхум ехьэлIауэ 2013 гъэм Дунейпсо Адыгэ Зэхуэс Налшык зэрыщедгъэкIуэкIар, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа лIыкIуэхэр ди гъусэу ди къуэшхэм дазэрыдэIэпыкъуну щIыкIэр зэрыдубзыхуар. А зэхуэсым ипкъ иткIэ, марафон къызэдгъэпэщри, ахъшэ зэхуэтхьэсауэ щытащ, ар СХьР-м едгъэхьри, хуэныкъуэхэм зыщIагъэкъуащ. НобэкIэ Урысейм къэIэпхъуэжащ цIыху I миным щIигъу. Ахэр Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм игъэтIысхьэнымкIэ, псэупIэ къахуэгъуэтынымкIэ лэжьыгъэ куэд едгъэкIуэкIащ, бзэр егъэщIэнымкIэ, я дэфэтэрхэр гугъуехьыншэу къыдахынымкIэ дадэIэпыкъуащ, цIыхухэм я мылъку зэхалъхьэкIэрэ унагъуэ 90-м щIигъу псэуалъэ къэхуэтщэхури дгъэтIысыжащ.
Ноби иухакъым гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм яхуэтщIэн хуей къалэнхэр. Ахэр я адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжыпэнымкIэ, Урысейм и цIыхуу илъытэу ди хэку иригъэсыжыным пыщIа дэфтэрхэр къадахыфын щхьэкIэ дэ къэрал унафэщIхэм, хабзэубзыху IэнатIэхэм захудогъазэ, зэгуэр мыбы ирахуа ди адэжьхэм я щIэблэр къиин пымылъу Урысейм къекIуэлIэжыну Iэмал иратын зэрыхуейр ди Iэтащхьэхэм къазэрыгурыдгъэIуэным догугъу.
КъызэщIэткъуэж пIалъэм къриубыдэу мыхьэнэшхуэ зиIа Iуэхухэм ящыщщ Сочэ екIуэкIа XXII Олимп джэгухэр. Абыхэм зыхуэгъэхьэзырыныр, екIуу хэтыныр, нэхъ гугъурати, Олимпиадэмрэ адыгэ Iуэхумрэ ятеухуауэ псалъэмакъ къэзыIэтахэм яхуэфащэ жэуап етыжыныр, щытыкIэм и пэжыпIэр цIыхубэм ягурыгъэIуэныр япэ идгъэщахэм ящыщщ. ИужькIэ псоми нэрылъагъу зэращыхъуащи, ди лъэпкъым и щIыхьри, и цIэри дахэу щаIэтащ дунейпсо зэхьэзэхуэм, икIи Олимп паркым ита Адыгэ унэм ди тхыдэри, ди псэукIэри, ди хабзэри зыхуэдэр къыщащIэну хунэсащ къэрал куэдым къикIа лIыщхьэхэм, спортсменхэм, зыплъыхьакIуэхэм, къызэрыгуэкI цIыхухэм. Дэри дгъэлъэгъуащ дызэрыс къэралым къиIэт Iуэхур дэтIыгъыныр ди пщэ къызэрыдэхуэр зэрытщымыгъупщэри, ар сыт щыгъуи зэрытхузэфIэкIынури, апхуэдэ дыдэуи Урысей Федерацэм, Краснодар крайм я унафэщIхэм зэхыдагъэхащ тенджыз ФIыцIэ Iуфэр адыгэхэм я хэкуу зэрыщытри, къэкIуэжыну хуейхэр къызэрыригъэблэгъэжри.
Адыгэм и тхыдэм хэт напэкIуэцI нэхъ гукъутэхэм ящыщщ илъэси 101-кIэ екIуэкIа Кавказ зауэжьыр. Лъэпкъыр зэкъуиуду дуней псом тезыкъухьа лъапсэрых зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум ехьэлIа дауэдапщэхэр 2014 гъэм щекIуэкIащ хэкужьми хамэ къэралхэми. Абы теухуа зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэдгъэпэщащ, балигъхэри сабийхэри хэтащ ди тхыдэ жыжьэр лъабжьэ зыхуэхъуа нэщхъеягъуэ пэкIухэм, ди лIыкIуэхэр щыIащ Истамбыл щекIуэкIа щыгъуэ-щIэж махуэм.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэр жэуаплыныгъэ ин пылъу зыпэрыт Iуэхухэм ящыщщ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зыIутым, абы и зыужьыкIэ хъунум, зыуэ щыт литературэбзэ къызэгъэпэщыным ехьэлIахэр. Лъэпкъыр щызыгъэIэж, хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу абы бгъэдэлъ бзэр хъумэным, ар адэкIи зэредгъэфIэкIуэным теухуа псалъэмакъ, зэIущIэ, конференцэ куэд екIуэкIащ блэкIа илъэсищми, абы ипэкIи. А Iуэхухэм иджыри къыпыдощэ, къищынэмыщIауэ, ДАХ-р хэтщ республикэм къыщызэрагъэпэщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэми, и нэIэ щIэтщ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр егъэджа зэрыхъури. Къапщтэмэ, иджыпсту къэрал 50-м щIигъум ипхъауэ псэу лIакъуэр зэпызыщIэ лъэмыжщ ди щIалэгъуалэр. Ахэр Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным, хамэ щIыналъэхэм щыпсэу школакIуэхэм адыгэбзэр зэраджын тхылъхэр яхуегъэхьыным, хэхэс сабийхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэгъэпсэхуным, нэгъуэщIхэми ди къарурэ зэфIэкIрэ етхьэлIэ зэпытщ.
Къапщтэмэ, ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщ лъандэрэ и нэIэ нэхъ зытригъэтын хуейхэм ящыщщ адыгэ щыпсэу щIыналъэхэр, хэгъуэгухэр, къэралхэр зэпыщIэныр, зэлъэгъэIэсыныр. А мурадыр диIэу дэ зыбжанэрэ дыщыIащ Ставрополь краймрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ щыпсэу мэздэгу адыгэхэм, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я деж. ДАХ-м и зэхуэсхэр щедгъэкIуэкIащ адыгэ нэхъыбэ зэрыс хэгъуэгухэм – Адыгеймрэ Къэрэшей Шэрджэсымрэ. Дэ зыщыдгъэгъупщэркъым ди лъэпкъым и процент 90-р хамэ щIыпIэхэм ипхъауэ зэрыщытыр, пыщIэныгъэхэр яхудиIэщ адыгэ щыпсэу къэрал псоми, хасэ къудамэхэр щолажьэ ди къуэш нэхъыбэ щыхэхэс щIыпIэхэм. Абыхэм къызэрагъэпэщ Iуэхухэми жыджэру дыхэтщ, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр зэрахъумэм дыщогуфIыкI, дрогушхуэ ди лъэпкъыцIэр фIыкIэ зыгъэIу цIыху цIэрыIуэхэм. Ди гуапэу дахуозэ, зыдогъэцIыху, адыгэм и жьэгур хамэ щIыпIэхэм щызыгъаблэ, лъэпкъ Iуэхум хуэмыщхьэх ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ, абыхэм я хъыбар хэкужьым щыдоIуатэ. Апхуэдэу ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ я лIыкIуэхэр зыбжанэрэ Тыркум, Израилым, Германием, Иорданием щыIащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Зэхуэсышхуэм и ипэ къихуэу, УФ-м и ТхакIуэм я союзым и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ УФ-мрэ я Къэрал Саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкърэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ си гъусэу Тыркум, Иорданием Израилым дыкIуэри, ди къуэшхэм а щIыналъэхэм щаIэ псэукIэр ди нэкIэ зэдгъэлъэгъуащ, абыхэм я гурыфIыгъуэхэмрэ гуныкъуэгъуэхэмрэ зэдгъэщIащ. Ди къуэшхэм дахыхьа нэужь, сэ къызгурыIуащ захуагъэр зи гъуазэ, акъыл зыбгъэдэлъ тхьэмадэфIхэр дызэриIэр. Я бзэр, хабзэр, тхыдэр хъумэным иIэ мыхьэнэр, адэжь хэку я щIыбагъ къызэрыдэтыр зыхэзыщIэ, лъэпкъ Iуэхум зэран къыхуэмыхъуIауэ ипэкIэ гъэкIуэтэным и телъхьэ нэхъыжьыфIхэм дагъэгушхуащ.
Дэтхэнэ зы адыгэри, щыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэрыщыгугъыр зыщ: дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэгъэуIунырщ, ди бзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ, ди лъэпкъэгъухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнырщ, хэкум къэкIуэжынымкIэ сэбэп хъунырщ. Дызэкъуэтмэ, дызэгурыIуэмэ, абы щыщ куэдыр зэрытхузэфIэкIынум шэч къытесхьэркъым.
Фок1адэм и 19, 2015 гъэ
Налшык къалэ