Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым
«Ди бзэр ди псэщ», – жаIэ адыгэхэм. Тхыбзэри аращ. Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэзэджэ КIыщокъуэ Алим адыгэбзэр дэтхэнэ ди цIыхуми и гъуэгу къежьапIэу, ди лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэцIыху дамэу, адыгэр дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ, ди напщIэм телъ лъапIэныгъэу къыщIилъытар.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 160-м щIигъуащ адыгэхэм тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Абы и щIэдзапIэу ялъытэ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыщыдигъэкIа зэманыр: 1853 гъэм и гъатхэпэм и 14-р. Ар и тегъэщIапIэу, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм – Дунейпсо Адыгэ Хасэм – 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и ма-хуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн пап-щIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, шэч хэмылъу.
Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ лъэпкъ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и лэжьыгъэм пащащ Бырсейм и ужь ита ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм. 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэкIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм хуагъэкIуэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ.
1923 гъэм и пэщIэдзэм Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэ алфавитыр дяпэкIэ латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А лэжьыгъэм яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Абы и алфавитым цIыхубэр щыгъэгъуэзэн мурадыр яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэрд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущыщIэхэр хилъхьэжри, Хъураным 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ.
Хъуран Батий зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм илъэс бжыгъэкIэ яхуэлэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ. Мы зэманым псалъэмакъ гуэрхэр йокIуэкI ди алыфбейм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ. ЩIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр, адыгэбзэр щIэблэм езыгъэдж, абы ирилажьэ IэщIагъэлIхэр, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум иригузавэ нэгъуэщIхэри хущIокъу ар ирагъэфIэкIуэну адыгэ псоми зэдай, ди зэхуэдэ хьэрфылъэ зэхалъхьэну. ЗэкIэ Iуэхур зыми теубыда хъуакъым, ауэ къэунэхуащ ар нэхъ тыншу сабийхэм зэребгъэдж хъуну методикэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм я нэхъыфIхэм гъуэгу етын хуейщ.
Адыгэбзэр хъумэным елэжьыр щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я закъуэкъым – абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр КъБР-м и Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ щрагъаджэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ.
Дуней псом щызэлъащIыса Интернетми нобэ щыдиIэщ адыгэ сайтхэр. Ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газет закъуэми, «Адыгэ псалъэм», адыгэбзэкIэ укъыщеджэфынущ, ущыпсэу щIыналъэрэ къэралрэ емылъытауэ. ФIыгъуэшхуэщ таурыхъ цIэрыIуэхэм ящыщ куэдым хэт, ди сабийхэм фIыуэ ялъагъу лIыхъужь-хэри адыгэбзэкIэ «зэрагъэпсэлъар», нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэу щытми, лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэ ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэтщ. Абы и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щып-сэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъы-жьым иратхащ.
Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ.
«Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи Iэмырым солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр зыдэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну», – адыгэбзэр и псэм щыщ Iыхьэу зэрыщытыр гум къиIукI апхуэдэ псалъэхэмкIэ къигъэлъэгъуауэ щытащ адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ. Лъэпкъым хуэгъэпса апхуэдэ хъуэпсапIэ дэтхэнэ адыгэми дигу илъын хуейщ, бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунур тщIэжу.
ЖЫЛАСЭ Маритэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым
егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.