Новости

ФильмыщIэ «Щамырзэхэ вагъуэ»

Иджыблагъэ щыгъуазэ фызэрытщIащи, Урысейпсо къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр (ВГТРК) къудамэм и унафэщI Къэзанш Людмилэ зи пашэ гупым Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ) теухуауэ Париж щытриха фильмыр ВГТРК-м и республикэ къудамэмкIэ япэу къагъэлъэгъуащ.

 КъыжыIапхъэщ Щамырзэ Моникэ теухуа фильм Къэзаншым игъэхьэзырыну 90 гъэхэм и хъуэпсапIэу зэрыщытар. Ар зи жэрдэмри Людмилэ Iуэху щхьэпэм тезыгъэгушхуари Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Хамэ къэралхэм ящыщ зым 1969 гъэм кIуауэ абы Щамырзэм и хъыбар щызэхихым адыгэхэр я хэкуэгъу цIыхубзым и зэфIэкIым щигъэгъуэзауэ щытащ. Щамырзэм теухуа тхылъымкIэ Мухьэмэд Къэзаншым хуэупсат, а бзылъхугъэ телъыджэм къафэм щиIэ зэфIэкI иным теухуа лэжьыгъэ игъэхьэзырмэ цIыхухэм щIэщыгъуэ зэращыхъунур жиIэри. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Къэзаншым чэнджэщ иритат Iэмал имыIэу абы и ужь ихьэну. Арати, фильмым и автор Къэзанш Людмилэ, продюсер Иуан Аллэ, режиссер Щокъарэ Мадинэ, оператор Тэхъу МуIэед сымэ Франджым мэлыжьыхьым кIуэри, лэжьыгъэр ягъэхьэзыращ.

Гупыр Черинэ Людмилэ зыцIыхуу щытахэм яIущIэри, и хьэл-щэнхэм, и зэфIэкIым трагъэпсэлъыхьащ.

— Людмилэ псым щес къазу уIуплъэрт, ар псэкIэ къафэрт, нурыр къыщхьэщихырт. И щэнкIи, и теплъэкIи дахэт, зэпIэзэрытт, илэжь псоми Iэдэбагъ хэлът. Абы псэкIэ псори зыхищIэрт, гу пцIанэт, хуабжьу дахэу утыку итт, пэжагъ хэлът, илэжь псоми абы ижь къыщIихурт, гъуазджэм ехьэлIауэ сыт и Iэдакъэ къыщIэкIами абы и теплъэ екIум и дамыгъэ телът, – жеIэ Париж и «Сен-Рок» члисэм и дин лэжьакIуэ Тьери де Лэпин.

Франджым и сурэттех Робер Эрик фильмым щыжеIэ теплъэ зэкIуж зиIэ, пщIэшхуэ къэзылэжьа, зи щхьэми нэгъуэщIхэми пщIэ хуэзыщIу щыта Щамырзэм и дахагъэм Iэнкун уищIу зэрыщытар, а къэфакIуэ гъуэзэджэм триха сурэтхэм нобэ уасэ зэрамыIэр.

Джылахъстэней щIыналъэм щыщ лIакъуэлIэш Щамырзэ Авенир ипхъу закъуэ Людмилэ Франджым къыщалъхуащ, къыщыхъуащ, ауэ къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэр зыщIишами ярейуэ, и лъэпкъэгъухэм я хьэл-щэнхэм ящыщ куэд, псом хуэмыдэу пагагъэр, уардагъэр хэлъащ. Людмилэ и адэ Авенири лIы хуэмыхутэкъым. Зыхэтхэм фIыкIэ къахэщырт. Ар урыс пащтыхьым и дзэм полковник къулыкъум нэсыху хэтащ, инженер IэщIагъэ иIащ. 1906 гъэм абы япэу къигупсысауэ щытащ шэ зыпхымыкI фащэ – бронежилет жыхуаIэр, хъыбарегъащIэу дзэм къыщагъэсэбэп хьэрэкIытIэри аращ зи IэрыкIыр. 1917 гъэм къэхъуа революцэм и ужькIэ Авенир Франджым Iэпхъуащ, абы щхьэгъусэ щыхуэхъуащ Фенет Стефан. Куэд дэмыкIыу абыхэм я унагъуэм хъыджэбз цIыкIу къихъуащ. Абы Моникэ фIащащ. Людмилэ цIэр абы нэхъ иужьыIуэкIэ игъуэтащ. Стефан гъуазджэм и лэжьакIуэт, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIырт. И щхьэгъусэ Авенир здигъэIэпыкъури, франджы литературэм и фIыпIэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ. Апхуэдэ унагъуэм ис сабийри гъуазджэм димыхьэхынкIэ, абы имытхьэкъункIэ Iэмал иIэтэкъым. Моникэ и адэм псэкIэ пэгъунэгъут, гъуазджэм лъагъуэ щыхухэзышари и адэрауэ къилъытэрт. Моникэ и ныбжьыр илъэситху фIэкIа мыхъуу балет утыкум ихьауэ зэрыщытар зыми щIимыгъэщIэгъуари арагъэнщ. Моникэ илъэс 15 щыхъум Чайковский Петр и «Лебединое озеро» балет цIэрыIуэм щигъэзэщIауэ щытащ уIэгъэ хъуа къыум и партиер. Ар апхуэдизкIэ дахэу, гумрэ псэмрэ дыхьэу къэфати, Iэгуауэшхуэ хуаIэтауэ щытащ. Апхуэдэ ныбжьым иту ар зэзыгъэхъулIэфа а зэманым зыри щыIакъым. Хъыджэбз цIыкIум и гъэсакIуэ Преображенская Ольгэ Моникэ и зэфIэкIхэм пасэу гу лъитэри, абы нэхъри зэрызригъэужьыным телэжьащ.

Зигури зи псэри къафэм итхьэкъуа пщащэм гу къылъитащ блэкIа лIэщIыгъуэм и балетым и вагъуэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ Лифар Серж. Ар Плейель и цIэр зезыхьэ театрым и балетмейстр цIэрыIуэт. Серж Моникэ къелъэIуащ и гъусэу «Ромеорэ Джульеттэрэ» балетым къыщыфэну. Моникэ и «Джульеттэр» иджыри къэс ялъэгъуам ефIэкIат. Франджым и «Гранд Опера», Москва и Театр Ин жыпIэми, Людмилэ театр цIэрыIуэ псоми и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ.

Къапщтэмэ, Москва ар щыщыIар 1958 гъэрщ. Моникэ апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, ар зэрагъэныбжьэгъуным хущIэкъурт политикхэр, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ хьэрычэтыщIэхэр.

«XX лIэщIыгъуэм Франджым и гъуазджэм и лIыхъужь нэхъыщхьэщ Черинэ Людмилэ», – жиIэгъат а зэманым Франджым и премьер-министру щыта Раффарен Жан-Пьер.

Людмилэ езым вагъуэу зэи зыкъилъытэжакъым, цIыхухэм захэзыIэтыкIхэм, зыкъызыфIэщIыжхэм ящыщакъым. Ар лажьэрт, театрым къыхуигъэщIауэ къилъытэрти.

Людмилэ и зэфIэкIым газетхэр кIэлъыплъырт икIи абы теухуа тхыгъэ, сурэт куэд къытехуэрт. Езы Щамырзэм ахэр иригъэблагъэу, пщIэ ин яхуищIу щытащ. «Фигаро» газетым и лэжьакIуэ Сервин Рене фильмым щыжеIэ Людмилэ и лэжьыгъэ зыбжанэм зэрыкIэлъыплъар, Монте-Карло, нэгъуэщI къалэ куэдым къызэрыщыфар, щыджэгуа фильмхэр, къигъэщIа образ хьэлэмэтхэр гукъинэж зэрыщыхъуар, абыхэм купщIэ зэраIэр. Рене фильмым игу къыщегъэкIыж и лэжьыгъэм пэжу зэрыбгъэдыхьэн хуейм теухуауэ Людмилэ къритауэ щыта чэнджэщ щхьэпэр къызэрыхуэсэбэпар.

Щамырзэм и гур зыхьэхуар езым хуэдэу гъуазджэр зи псэм хэлъ къэфакIуэ Iэзэ Эдмонд Одранщ. Ауэ, унагъуэ насыпым зыщимыгъэнщIауэ, и щхьэгъусэм куэдрэ дэмыпсэуауэ, абы гузэвэгъуэ ин игъэвын хуей хъуащ. Эдмонд машинэм иукIащ. Гузэвэгъуэр хьэлъэу зыхэзыщIа Щамырзэм абы щыгъуэ псалъэ быдэ итат афIэкIа утыку имыхьэну. ФIыщэу илъагъу, и гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуауэ щыта къафэр Людмилэ апхуэдэу IэщIыб ищIын хуей хъуащ. Ауэ псэ дахэ, къулей зиIэ, зи зэманыр зэпэлъытауэ, IуэхушхуэхэмкIэ гъэнщIауэ къэгъуэгурыкIуа цIыхубзым и дежкIэ нэхъ гугъужт зыри имыщIэу щысыныр. Абдежым бзылъхугъэм кинематографием зрет, сценарийхэр етх, езы Людмили фильм зыбжанэм щоджэгу. Апхуэдэхэщ, «Вакъэ плъыжь цIыкIуитIыр», «АмкIыщ», «Гофман и таурыхъхэр», «Геруэль щыщу хьэщыкъ зэхуэхъуахэр», нэгъуэщIхэри. КъыжыIапхъэщ, абыхэм ящыщ теплъэгъуэхэр фильмым зэрыхагъэхьар.

Черинэ хэлъхьэныгъэфI хуищIащ сурэт щIыным, скульптурэм, къафэм, литературэм, кинематографием. Париж Ищхъэрэ вокзалым, Евротоннелым кIуэ мафIэгур зытекIым и гупэм, Людмилэ ищIа скульптурэ иныр щыщагъэувым абы зыкърагъэхьэлIауэ щытащ Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм, Франджым и премьер-министр Жак Ширак, нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэм.

Апхуэдиз зэфIэкI зиIэ бзылъхугъэр зыхунэмысар зы закъуэщ – ар анэ хъуакъым. А гуныкъуэгъуэрауэ хуагъэфащэ Людмилэ и скульптурэ нэхъ хьэлэмэт дыдэм – «Европэм игу» зыфIищам, анэмрэ и сабиймрэ IэплIэ зэрашэкIауэ щыплъагъум, лъабжьэ хуэхъуар – езыр зыхунэмыса, имылъэгъуа сабийр, къимыгъэсэбэпа хуабагъэр, гурыщIэр. Абы къытращIыкIам егъэдахэ адыгэ бзылъхугъэ гъуэзэджэ, зи дахагъэмрэ зэфIэкIымкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Щамырзэ Людмилэ и кхъащхьэр. Париж и курыкупсэм хуэзэ Мон-мартр хьэблэм дэтщ а кхъэр.

«Европэм игу» скульптурэр Страсбург щыIэщ, Европарламентым и бжэIупэм Iутщ, Европэм и нэщэнэу ябж. Людмилэ къыхуагъэфэщат къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ ЩIыхь зиIэ легионым и орденыр, Париж къалэм и дыщэ медалыр, Леонардо да Винчи и дыщэ медалыр, балетым, кином и фестиваль куэдым я саугъэтхэр.

Урысейпсо къэрал телерадиокомпанием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм фIыщIэ хуещI фильмыр ягъэхьэзырынымкIэ къадэIэпыкъуахэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЖьэкIэмыхъу Маринэ, Дымхэ Мухьэмэдрэ Еленэрэ.

«Адыгэ псалъэ»

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

Related posts

Leave a Comment