Зыми емыщхь Адыгэ махуэгъэпс– щIэнгъуазэ
Мы махуэхэм дунейм къытехьащ 2015 гъэм и Адыгэпсо махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Илъэс къэси хуэдэу, ар нэхъ щIэщыгъуэ, хъыбархэмкIэ нэхъ бей хъуащ. ЦIыхухэм гу зэрылъатащи, мыбы илъэсым и махуэ бжыгъэм урикIэлъыплъым и закъуэкъым, атIэ ди лъэпкъым ехьэлIа хабзэхэр, нэщэнэхэр, псалъэ шэрыуэхэр, чэнджэщхэр, псалъэжьхэр щызэхуэхьэсащ. Апхуэдэуи уи къаухьым зезыгъэужь, щIэныгъэм хэзыгъахъуэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд итщ гъуазджэм, литературэм, медицинэм, экономикэм, географием, щэнхабзэм, спортым ехьэлIауэ. ГъэщIэгъуэнщ бжыгъэхэм я бзэр, тхыдэм и напэкIуэцIхэм, цIыхухэм я зэфIэкIым теухуа Iыхьэхэри.
Махуэгъэпс-щIэнгъуазэр лъапIэ ещI цIыху цIэрыIуэхэмрэ ахэр къыщалъхуа махуэхэмрэ абы зэритым. Къэбэрдей-Балъ-къэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, хамэ къэралхэм щыщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа ди къуэш, шыпхъу куэдым уащрохьэлIэ махуэгъэпсым. Адрей илъэсхэм хуэмыдэу, 2015 гъэм къыдэкIам ихуащ шэрджэс мамлюкхэм къахэкIа сулътIанхэм, Уэсмэн, Урыс, Франджы пащтыхьыгъуэхэм къэрал къулыкъу щызезыхьа адыгэхэм, нобэрей КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Курых Азием, Европэм, Америкэм, Австралием зи зэфIэкIкIэ къыщалъыта ди лъэпкъэгъухэм я хъыбархэр. КъищынэмыщIауэ, тхыдэм къыхэна, ди республикэм, къэралым, дунейм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэмрэ цIыхухэм я нэгу щIэкIа телъыджэхэмрэ махуэгъэпсым щызэхуэ-хьэсащ.
Дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэм адыгэхэм щхьэкIэ жаIахэм, хэхэс шэрджэсхэм ящыщу зи цIэр жыжьэ нэсахэм, лъэпкъым и пщIэр зыIэта хэкурысхэм ятеухуауэ махуэгъэпсым ит тхыгъэ кIэщIхэм ар нэхъри купщIафIэ, зыми емыщхь ящI. Аращ абы щIэнгъуазэкIэ щIеджэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Уэрыш Нурхьэлийрэ.
Зи гугъу тщIы махуэгъэпс телъыджэр къыщывгъуэтынущ Налшык къалэ дэт «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейм (тел. 426271), «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и тыкуэным (тел. 426870), Къэбэрдей Адыгэ Хасэм (тел. 425619).
НэщIэпыджэ Замирэ.