Иордания

Бзэр ямыщIэж щхьэкIэ, адыгэн къанэркъым

ПщыхьэщIэ Симэ: Бзэр ямыщIэж щхьэкIэ, адыгэн къанэркъым

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэзыщIхэм ящыщщ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэр. Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжауэ щохьэщIэ Джэрмэншык щыщ ПщыхьэщIэ Симэ. Ар Иорданием щыпсэу Ансыкъуэхэ я щIалэ илъэс 22-рэ и пэкIэ дэкIуауэ Амман щопсэу. Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэщ. Ахьмэд курыт школыр къиухауэ университетым щоджэ, Симазэ мы гъэм иужьрей классыр къеух.

Симэ адыгэгу зыкIуэцIылъ, адыгэ Iуэхум жыджэру хэлэжьыхь бзылъхугъэ щыпкъэщ. Амман зэрыкIуэрэ абы щыIэ хасэхэм щекIуэкI лэжьыгъэм и гуащIэ хелъхьэ, къыдэкIуэтей щIэблэр адыгагъэм хуэгъэсэным, адыгэбзэр егъэщIэным иужь итщ. Иджыпстуи Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и зы къудамэм щолажьэ, абы къекIуалIэхэм адыгэбзэр ярегъэдж.

— Ди Хасэм и тхьэмадэр Хьэтх Иналщ, – жеIэ Симэ. – Абы Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп, Iуэху дахэ куэди кърехьэжьэ хэхэс адыгэхэм я бзэр яIэщIэмыхужыным, къызыхэкIар ящIэжу щIэблэр къыдэкIуэтеиным теухуауэ. КъищынэмыщIауэ, «Бгырыс бынхэр» зыфIища сабий къэфакIуэ ансамбль диIэщ, сыт хуэдэ утыкуми дахэу ихьэфрэ адыгэ щэнхабзэр екIуу ягъэлъэгъуэфу. Инал и жэрдэмкIэ, си лэжьэгъу Хъуажь Лейлэрэ сэрэ адыгэбзэмкIэ дерсхэр къызэдгъэпэщащ. Фэ зэрыфщIэщи, курыт школым кIуэ сабийхэмрэ лэжьапIэ IэнатIэм пэрыт балигъхэмрэ анэдэлъхубзэ грамматикэр зыхуей хуэзэу, зэман текIуадэу зрагъэщIэныр къохьэлъэкI. Абы ипкъ иткIэ, гъэкIэщIауэ, зэрызэпсэлъэн, тхылъ къызэреджэн бзэр ядгъэщIэн папщIэ дэ езым методикэ зэхэтлъхьэжащ. Ахэри къыздэсхьащ хэхэс адыгэхэм ятеухуа Iуэху куэд зи гуащIэ къыщIэкIа, абыхэм быдэу япыщIа, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд езгъэлъагъуну, сечэнджэщыну си гуращэу. Си Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ мурадхэмрэ щыхуэсIуатэм, къыздиIыгъащ икIи сытригъэгушхуащ.

— Мухьэмэд абы химыщIыкI щыIэу къыщIэкIынкъым, ипхъу Шыфэкъуж Данэ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэм адыгэбзэр щрегъэдж. ФызэрыцIыхурэ Данэрэ уэрэ?

— ДызэрыцIыхум къыщымынэу икIи дызэныбжьэгъущ. Уеблэмэ, а школым сэри илъэсиплIым щIигъукIэ сыщылэжьащ. Данэ игури и псэри етауэ бгъэдэтщ и лэжьыгъэм, сабийхэр къызэрыдихьэхын Iэмалхэр къигъэсэбэпрэ зэпкърыхауэ дерсыр я пащхьэ ирилъхьэу. ПэщIэдзэ классхэращ иригъаджэри, ар куэдкIэ нэхъ гугъуми, фIыуэ къалъагъуу, и лэжьыгъэм пщIэ къыхуащIу апхуэдэщ. Бзэм и закъуэкъым Данэ и гъэсэнхэм ябгъэдилъхьэр, атIэ хабзэми, щэнхабзэми, тхыдэми зэрыщигъэгъуэзэным, адыгэ шхыныгъуэхэри зэраригъэцIыхуным иужь итщ. Iэмал гъэщIэгъуэн куэд щызэхэухуэнащ абы и дерсхэм адыгэ сабийхэм адыгагъэ яхэлъу, адыгэгу якIуэцIылъу къигъэхъун папщIэ.

— Нэхъ ищхьэкIэ зи гугъу щыпщIа методикэр зыхуэдэм укъытхутепсэлъыхьамэ, ди гуапэт.

— Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ школым езым и программэмкIэ щезгъэджащ, итIанэ унэм къакIуэурэ адыгэбзэр зэзгъэщIаи щыIэщ. А лэжьыгъэм щызэзгъэгъуэта пIалъэм сэ къыхэсхащ хасэм къекIуалIэхэр зыхуеймрэ нэхъ тыншу бзэр къызэращтэнумрэ. Абы ипкъ иткIэ, иджы сыздэщыIэ Хасэм сабийхэри балигъхэри  зэрыщезгъэджэну Iэмалыр субзыхуу аращ. Иорданием щыпсэу, анэдэлъхубзэр зымыщIэ, зэман куэд зимыIэ адыгэхэм дерсхэр нэхъ тыншыху нэхъ къащтэ, аращи, сыхьэт бжыгъэ  мащIэм къриубыдэу  бзэр ядгъэщIэну дыхущIэкъуу аращ.

Дерсхэм пщIэ щIату щытынущ. Зы мазэм динар 20-р къайхьэлъэкIынукъым цIыхухэм, ауэ ахъшэ щыщIатакIэ, сыхьэт бжыгъэр нэхъ дамыгъэхуу къекIуэлIэнущ. Дэ мазэм къеIытхыну пщIэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ зы сыхьэткIэ егъэджакIуэр къызэрыбдэлажьэр.

Сабийхэмрэ  балигъхэмрэ щхьэхуэу едгъэджэнущ. ЦIыкIухэм яйр джэгукIэм нэхъ хуэгъэкIуауэ, нэхъ кIэщIу, тыншу щытынущ. Балигъхэм я дерсхэр нэхъ купщIафIэу зэхэлъынущ.

— Симэ, илъэс 20-м щIигъукIэ хэхэс адыгэхэмрэ хьэрыпхэмрэ яхэса уэ, дауэ уеплърэ абыхэм я зэхущытыкIэм, Иорданием ди лъэпкъэгъухэм щаIэ пщIэм, ахэр а къэралым къызэрыщызэтенам?

— Бзэр фIыуэ ямыщIэж щхьэкIэ, адыгэн къанэркъым абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Сэ сащыхыхьам згъэщIэгъуауэ щытащ адыгэ шхыныгъуэхэр япщэфIу, адыгэ джэгухэр зэхашэу, адыгэм къигъэсэбэпу щыта, я адэжьхэм къащIэна хьэпшыпхэр я унэ щахъумэу зэрыщытыр. Си щхьэгъусэр мыбы  къэкIуауэ дызэрыцIыхуауэ арат. ЩIыпIэр зэрыжыжьэр къызэхьэлъэкIами, адыгэхэм сазэрыхыхьам псори сщигъэгъупщэжащ. КъищынэмыщIауэ, сэ схуэдэ адыгэ нысэ  куэд  щопсэу абы.

Адыгэ унагъуэхэм япхъухэр хьэрып щIалэ зэрырамытыным, хамэ лъэпкъ щыщ нысэ къызэрамышэным иужь итхэщ. Арагъэнщ  ахэр нэхъыбэу къызэтезыгъэнар. Пэжщ, бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, ауэ хабзэм, щэнхабзэм, тхыдэм, шхыныгъуэхэм ехьэлIауэ ящIэу щыта лъэпкъ ягъэкIуэдакъым.

Хьэрыпхэм пщIэшхуэ къыхуащI адыгэхэм. Уеблэмэ, апхуэдизкIэ яфIэкъабзэлъабзэщ, яфIэцIыху хъарзынэщи, я щIалэхэм адыгэ яшэныр, я пщащэхэр къадэкIуэныр я гуапэщ. Дэнэ къэрал ущыпсэуми, узыхэсхэм задебгъэкIун хуейщ, шыIэныгъэ пхэлъу, къэрал хабзэр плъытэу. Апхуэдэу зэрыщытрагъэнщ адыгэр фIыуэ къыщIалъагъури.

— Уэ сэ укъызэрысцIыхуар журналист IэщIагъэм упэрытущ. «Нарт-TV»-м ущылэжьащ, иджы адыгэ радиоми Iуэху щыбощIэ.

— Дахэу къежьат «Нарт-TV» телевиденэр, дунейр зэщIэлъигъэIэсат. Нэгъуей Нартт ар япэу къызэIузыхар. Ауэ абы щылэжьэн, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI унафэщI, лэжьакIуэ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, махэ хъуащ. Мыхьэнэшхуэ иIащ абы: хэхэс адыгэхэм я гъащIэр къэдгъэлъагъуэрт, абыхэм къахуэсэбэпын нэтынхэр хэкумкIэ итшырти, цIыхубэм я пащхьэ къитхьэрт. Ауэ иджыпсту зэрылэжьэн мылъку зэрахуримыкъум, Iуэхур тэмэму зэрызэкIэлъамыгъэкIуэфым къыхэкIыу, нэтынхэр къытрагъэзэжурэ къагъэлъэгъуэжу аращ.

Амман адыгэбзэкIэ псалъэ радио къызэрыщызэрагъэпэщрэ зы илъэс ирикъуакъым. Махуэм зы сыхьэт къэралым яхухихауэ, адыгэбзэкIэ къыщопсалъэ, е хьэрыпыбзэкIэ адыгэ Iуэхум щытопсэлъыхь. Ар, дауи, мащIэщ, ауэ сэбэпынагъышхуэ пылъщ. Радиор щылажьэ сыхьэтым унагъуэм исхэр бгъэдотIысхьэри, Iэмал имыIэу йодаIуэ, машинэ исхэм нэгъуэщI щIыпIэ ямыгъапкIэу кърагъауэ. Ар хуабжьу си гуапэ мэхъу.

Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд сэрэ дызэдолажьэри, ар – хьэрыпыбзэкIэ, сэ адыгэбзэкIэ дыкъопсалъэ. Адыгэбзэ зыщIэхэм сэ сакъыгуроIуэ, зымыщIэхэм папщIэ Мухьэмэд зэредзэкI. Амман щыпсэу IэщIагъэлI, хьэрычэтыщIэ, ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа, щапхъэ зытехыпхъэ цIыхухэр  къедгъэблагъэурэ къыдогъэпсалъэ, адыгэбзэ зыщIэхэр мащIэкъыми, ди бзэмкIэ мэпсалъэ, зымыщIэхэр хьэрыпыбзэм тетщ. КъищынэмыщIауэ тхыдэм, щэнхабзэм, лъэпкъ хабзэхэм, псэукIэм, литературэм теухуа нэтынхэр догъэхьэзыр.

Епсэлъар Шыпш  Даянэщ.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment