Новости

«Адэжь хъыбархэр»

«Адэжь хъыбархэр» фIэщыгъэм щIэту шэрджэс тхакIуэ Шэрджэс Алий и тхылъ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ дунейм къытехьащ. Адыгэ хъыбарыжьу 60-м щIигъу щызэхуэхьэса тхылъ Iувым акъылылъэкIэ уеджэмэ ущыуэну къыщIэкIынкъым.

Сыт щыIэ хъыбарыжьхэм нэхъыфIрэ губзыгъагъэ нэхъыбэ къызыхэпхрэ? Насыпышхуэщ апхуэдэ хъыбар дахэхэр пщIэнри абыхэмкIэ цIыхухэм уадэгуэшэнри. ТхылъыщIэм пэублэ псалъэ хуэзытха Уэхъутэ Александр къызэригъэлъагъуэмкIэ, Шэрджэс Алий и зэфIэкIыр куэдкIэ я фIыгъэщ къуажэм дэса нэхъыжьыфIхэм.

Бзэ дахэкIэ, щIэщыгъуэкIэ къэIуэта хъыбарыжьхэм хабзэр, гъэсэныгъэр, адыгагъэр я лъабжьэщ. Псы щIыIэ Iубыгъуэ пэлъытэу, защумыгъэнщIу уоджэ дэтхэнэми.

Къыхэгъэщыпхъэщ, тхылъыр къыдэкIыным УФ-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и академик Уэхъутэ Александр и гуащIэ зэрыхилъхьар.

Тхылъыр щIэджыкIакIуэм тынш щищIын папщIэ, тхакIуэм гурыIуэгъуейхэм я псалъалъэ и кIэм къыщехьыж.

Шэрджэс Алий и пэкIэ къыдигъэкIахэми хуэдэу, «Адэжь хъыбархэр» тхылъри цIыхухэм зэIэпахыу зэреджэнум шэч къытетхьэркъым.

 

Щомахуэ Залинэ.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment