Новости

Узэкъуэтмэ, улъэщщ!

Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щIышылэм и 23-м щекIуэкIащ    зэкъуэш республикищым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм я лэжьакIуэхэм я зи чэзу зэIущIэ. «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР) газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дербэ Тимур, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ сымэ тепсэлъыхьащ хэгъуэгуищым щылажьэ адыгэ редакцэхэм ягъэхьэзыр номер зэгуэтхэм, апхуэдэуи блэкIа илъэсым къыдагъэкIахэм хэплъэжри, 2015 гъэм зэрызэдэлэжьэну щIыкIэри яубзыхуащ.

ЗэIущIэм хэтащ «Адыгэ макъ» газе-тым илъэс куэдкIэ щылэжьа, АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чуякъуэ Инус, газетхэм я журналистхэр. Къызэхуэсахэм къыхагъэщащ лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номерхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, а Iуэхум дяпэкIи пащэну зэрамурадыр.

2014 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщапщытэжым нэхъыщхьэу ягъэбелджылащ илъэсыр щэнхабзэм хухэхауэ зэрыщытар къызэралъытар, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум зэрытетхыхьар, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр япэу зэрагъэлъэпIар, абы номер щхьэхуэ зэрыхухахар, нэгъуэщIхэри. Дызэрыхьа илъэсми Iуэхугъуэ куэд къазэрыпэщылъыр, абыхэми газетым и къыдэкIыгъуэ, напэкIуэцI щхьэхуэхэр яхухэхын зэрыхуейр къыхагъэщащ.

«Адыгэ псалъэ» 

НэщIэпыджэ Замирэ.

 Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

 

Related posts

Leave a Comment