Новости

ЦIыху гуащIафIэхэм — фIыщIэ гуапэ!

Мы махуэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщ зыщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэт жылагъуэ
зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэм я зэIущIэр. Зэхуэсым кърихьэлIащ Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс Адыгэ хасэхэм, Европэм щылажьэ Адыгэ
Хасэхэм я Федерацэм, «Хэку» зэгухьэныгъэм я тхьэмадэхэр. ПэIудза щIыкIэм тету лэжьыгъэм хэтащ Израилым, Ставрополь, Шапсыгъым
щызэхэт Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр. ЗэIущIэм хэтащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэхэр, КАФФЕД-м, Абхъазым щызэхэт Хасэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм къеблэгъат КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ  и министр КIурашын Анзор.
ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къызэIуихри, мы зэхуэсыгъуэм зытепсэлъыхьыну къыхагъэщхьэхукIа Iуэхугъуэхэр утыку кърилъхьащ икIи ахэр зэпкърихащ. Абыхэм ящыщщт ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупымрэ  ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ 2025-2027 гъэхэм зэлэжьыну Iуэхугъуэхэр (планхэр) убзыхуныр.
ЕтIуанэ махуэм хьэщIэхэр хэтащ зэIущIэ гукъинэжым -«ЦIыху гуащIафIэхэм — фIыщIэ гуапэ!» фIэщыгъэцIэм щIэту. Къэбэрдей-Балъкъэрми, нэгъуэщI щ1ыпIэ кудми  фIыуэ къыщацIыху IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм къыщыхэпэжыкIа, жылагъуэ Iуэхум жыджэру хэт ди нэхъыжь Iумахуэхэмрэ щIалэгъуалэ дахэмрэ. Ахэр: ди нэхъыжьыфIхэу бизнесымкIэ институтым и ректор, философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс, композитор цlэрыlуэ Хьэlупэ Джэбраlил,медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, дохутыр цIэрыIуэ АфIэунэ Анатолэ, УФ-м щIыхь зиIэ и мелиоратор Мамхэгъ Алексей, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей ака­демием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и генеральнэ унафэщI Нэгъуей За­лымхъан, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дзэмыхь Къэсболэт нэгъуэщIхэри.
ДАХ-м къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ псоми иратащ.
Ди гуапэ хъуащ къекIуэлIахэм зэIущIэр ягум зэрыдыхьар, псалъэ дахэ куэдкIэ Iуэхур зи гукъэкI, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрызыхуагъэзар.
ЗэIущIэр  ирагъэкIуэкIащ Къэныкъуей Залинэрэ Табыщ Муратрэ. ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэм, уэрэджыIакIуэхэм, къэфакIуэхэм.
Мы Iуэхугъуэхэм теухуа тхыгъэхэр  «Адыгэ псалъэ»  газетым, ДАХ-м и сайтым  нэхъ убгъуауэ фыкъыщеджэ хъунущ.

Related posts

Leave a Comment