Новости

«Адыгэ псалъэ» газетыр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ!

«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, и ветеран, и щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ!

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм къабгъэдэкIыуи, си щхьэкIи сынывохъуэхъу «Адыгэ псалъэ» газетыр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ!

Ди лъэпкъ газетым  купщIафIэу гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ. Урысейм  къыщыдэкI газетхэм  ящыщу нэхъ ныбжьышхуэ зиIэхэм язщ ар, здынэса лъагапIэри абы и щыхьэтщ.

ЛIэщIыгъуэм къриубыдэу,  газетым  и теплъэми и цIэми зыбжанэрэ зихъуэжащ, и редакцэми лэжьакIуэ куэд щызэблэкIащ, лъэхъэнэ зэмыщхьхэр гъэунэхупIэ хуэхъуащ. Лъэпкъ газетым къикIуа гъуэгуанэр къыгуэпх мыхъуну епхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым,  ди къэралым,  абы щыпсэухэм я тхыдэм. А зэманым къриубыдэу, ди лъэпкъыбзэмкIэ къыдэкI газет закъуэм нэгъэсауэ игъэзэщIащ цIыхухэм я деж хъыбар пэж нэхьэсын къалэн нэхъыщхьэр.

Илъэсищэ  хъуауэ «Адыгэ псалъэр» хуолажьэ анэдэлъхубзэм зегъэужьыным,  ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр хъумэным, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэмрэ егъэфIэкIуэным, жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ цIыхухэм еплъыкIэ пэж ябгъэдилъхьэным.

«Адыгэ псалъэм» гулъытэ хэха хуещI Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэми, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, хэхэс адыгэхэм дызэрепха щэнхабзэ, егъэджэныгъэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, хэкум къэзыгъэзэжахэр ди республикэм и цIыхубэ гъащIэмрэ щэнхабзэмрэ хэпщIэным.

«Адыгэ псалъэ» газетымрэ адыгэбзэкIэ къыдэкI «Адыгэ макъ» (Адыгэ Республикэ), «Черкес хэку» (Къэрэшей-Шэрджэс республикэ) газетхэмрэ, куэд щIауэ зэдолажьэ, зэныбжьэгъухэщ, тхыгъэхэмкIэ зэхъуажэурэ, къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр ягъэхьэзыр. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр щхьэпэ мэхъу Ищхъэрэ Кавказми Урысей къэралми щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуакум дэлъ лъэмыжыр нэхъ быдэ хъунымкIэ.

Газетым и зыужьыныгъэм, абы зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм цIыхуищэхэм я гуащIэ хэлъщ. Нобэрей редакцэм щылажьэхэм гунэсу я къалэнхэр ягъэзащIэ, газетыр зыхуей хуэзауэ и чэзум дунейм къытехьэн папщIэ, я къару еблэжыркъым.

 Шэч къытесхьэркъым «Адыгэ псалъэр» дяпэкIи пщIэ зыхуащI, Iулыдж зиIэ хъыбар зэIэпыхыпIэу къызэрынэнум.

 Апхуэдэу лъэпкъым хуэщхьэпэу, щIэджыкIакIуэхэм зэIэпахыу, газетыр  лIэщIыгъуэ  куэдкIэ щреIэ, ар зыгъэхьэзыр псоми узыншагъэ, гуфIэгъуэ, творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр Тхьэм къарит.

 ГуфIэгъуэ кIыхь ирехъу «Адыгэ псалъэ» газетым и илъэси 100-р!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ                                                                                                                                                                            СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий

 

 

Related posts

Leave a Comment