Тумэ Рэхьми: «Сыадыгэщ» жызыIэр куэдщ, ауэ бзэр зыщIэр мащIэщ
Тенджыз ФIыцIэм и адрыщI лъэныкъуэмкIэ къыщыс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ адэжь щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къакIуэ, адыгэ Iуэхум телажьэ, зи хэкур зрагъэбгына ди адэшхуэхэм я фэеплъым хуэпэж цIыхухэр. Тыркум къыщалъхуауэ щыпсэу, зи IэщIагъэкIэ адвокат, адыгэм и тхыдэм, и псэукIэм, и натIэ хъуам теухуауэ тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Тумэ Рэхьми Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжати «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъащ. Сыт щыгъуи ди гуапэщ лъэпкъым и къуэ пажэхэр, километр мин бжыгъэкIэ дызэпэIэщIэми, адэжь хэкум зи псэр быдэу пыщIа ди лъэпкъэгъухэр фэдгъэцIыхуну. Рэхьми и къежьапIэм пэщIэдзэ хуищIыр и адэшхуэм и адэр хэкум икIауэ зэрыщытарщ, абы къыдалъхуахэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэщ.
— 1867 гъэм си адэшхуэм и адэм хэгъуэгу унафэщIым тхылъ хущIилъхьат: «Си быныр си гъусэу Мэккэ сыкIуэу Бегъымбарым щхьэщэ хуэсщIэну, и кхъащхьэм Iэ дэслъэну хуит сыкъэщI», – жиIэу. А лъэIу тхылъыр сэ архивым къыщызгъуэтыжауэ сиIэщ. Исхьэкът си адэшхуэм и адэм зэреджэр, абы и щхьэгъусэр Борийхэ япхъут, пхъуитхурэ илъэс 12-м ит си адэшхуэмрэ яIэт абы щыгъуэ. ПхъуитIыр – Ащхъуэтхэ, зыр – УнащIэхэ, адрейр – Ендырхэ, етхуанэр Тохъухэ яшащ. Абыхэм я дэлъху закъуэ Исуф и къуэ Хьэлым срикъуэщ сэ, — къыддо-гуашэ Рэхьми.
Си анэм и цIэр Зухьрэщ. 1917 гъэм школыр къиухат абы. А лъэхъэнэм апхуэдэ щIэныгъэ зиIэ цIыхубз исакъым Тыркум, тыркубзэри хьэрыпыбзэри дэгъуэу ищIэрт. Ар шым тетIысхьэрт, къалэм кIуэрти, адыгэм сыт хуэдэ Iуэху яIэми яхузэфIигъэкIырт. Тыркум щыщу нэчыхь зимыIэ цIыхубз Мэккэм ягъакIуэу щытакъым. Ди анэращ япэ дыдэу Тыркум щыщу, нэчыхь имыIэу хьэжыщI кIуа фызыр. Еуэри, си анэр Тумэ Исмэхьил къигъэкIуэсащ. Абыхэм къуитIрэ зыпхъурэ къахэхъуауэ Исмэхьил яукIащ. Ди адэм щхьэгъусэ иIэт, ауэ сабий къащIэхъуатэкъыми, и щхьэгъусэр ирагъэкIыжри, и къуэшым и фызыр кърагъэшэжащ. Ди адэми щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ къыхуилъхуащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр Рэхьмэтщ, си къуэшыр Фикрищ. Фикри диным хуеджащ, ефэндышхуэщ.
— Бынунагъуэшхуэр сыт хуэдэ жылэ фыдэса?
— Мараш къалэм епха Гёксун щIыпIэм хиубыдэ жылэ цIыкIухэм ящыщщ Къаншуейр. Мис аращ дыкъыщалъхуари дыщапIари. Курыт школыр къэзуха нэужь, къалэшхуэм еджакIуэ сыкIуащ, зызгъэадыгэ щIалэу, си бзэр сщIэуэ, сызэрыадыгэм срипагэу. Зы гъэщIэгъуэн сыщрихьэлIащ абы. Ататюрк къэралыр зэриухуам къытхутепсэлъыхьу тхыдэмкIэ зы егъэджакIуэ гуэр диIэт. Ар зэгуэрым лекцэ къытхуеджэу жиIащ адыгэхэм лIыгъэ яхэмылъу, щхьэфIэчу. Ар щызэхэсхым, схуэмышэчу сыкъэгъащ.
— Сыт ущIэгъыр? – къызоупщI егъэджакIуэр.
— Сэ сыадыгэщ. Уэ адыгэхэр хэбутащ, – жысIащ.
ЕтIуанэ сыхьэтым къыщIыхьэри, адыгэхэм хуэдэ щымыIэу жиIэурэ псалъэрт. Аргуэру си нэщхъыр зэхэукIауэ сыздэщысым къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Узыхуейр зищIысыр сыт? Адыгэр доубри – уогъ, дыщотхъури – уогъ». Хуэфэщэн жэуап естыжащ абы, иужькIэ сыщыщIэупщIэм ар адыгэу къыщIэкIащ. Арат а лъэхъэнэм къэралым щыхабзэри, лъэпкъ цIыкIу къыхэкIам зищIысыр ибзыщIырт, си егъэджакIуэр дзэм хэтати, къаригъащIэ хъуххэнутэкъым зэрыадыгэр.
«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ Тумэ Рэхьми йопсалъэ.
ЕтIуанэу мыр къысщыщIащ: еджапIэм сыщIэтIысхьа къудейуэ, тыркубзэкIэ семыджэфу, библиотекэм сыкIуащ. Зы тырку хьэрф сцIыхуртэкъым. Библиотекэм зы лIыжь щIэтти, сыбгъэдохьэри адыгэбзэкIэ жызоIэ: «Адыгэхэм ятеухуауэ тхылъ къызэт».
ТыркубзэкIэ къыщIоупщIэж лIыжьыр. Сэ адыгэбзэкIэ жэуап изотыж аргуэру: «Адыгэхэм ятеухуа тхылъ къызэт». Сытми, лIыжьым зи Iуэху зесхуэр къыгурымыIуащэу, IуокIри, зы тхылъ иIыгъыу къегъэзэж: «Дэ адыгэхэм ятеухуа тхылъ диIэкъым, ауэ мы тхылъым «Кавказ» жиIэу тетщи, ухуеймэ, къащти еплъ». Тхылъыр къеIысхащ, ауэ щIагъуэу къызгурыIуакъым абы итхэр, илъэс 13-14-м ситу арат. ИужькIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр япэ дыдэу зытхыжа Беркъукъу Исмэхьил и IэдакъэщIэкIрат лIыжьым къызитар. КъызгурыIуар мащIэми, тхылъым седжащ. Мис абдеж щегъэжьауэ адыгэ Iуэхум сыдихьэхащ, абы и тхыдэр зэи IэщIыб сымыщIауэ иджыри къыздэсым содж, солэжь.
— УкъызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щIыбагъ къыдэлъа гуауэр нэхъуеиншэу зэбгъащIэу упсэуащ, уэри куэдым утетхыхьащ. Лъапсэрыхым ирихужьэу Тырку щIыналъэм ипхъа щыхъуа адыгэм и Iуэхур гузэвэгъуэт, икIагъэшхуэт абыхэм къащыщIар. Уэ бджа, бгъэунэхуа псом къахэпха гупсысэмкIэ укъыддэгуэшэну сыхуейт: сыт хуэдэу щыта хэхэс гъащIэр адыгэм дежкIэ, и гур щигъэтIылъа къыхуихуа ди лъэпкъым зэгуэр, хьэмэрэ гуныкъуэгъуэм ихь зэпыту псэуа?
— Ар кIыхьу къебгъэкIуэкIыфынущ. Ауэ нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, мыращ Iуэхур зытетыр е сэ сызэреплъыр. Адыгэр и хэкум щIикIам и щхьэусыгъуэр зыбжанэу зэтопщIыкI. Ирахуаи, къагъапцIэу ирашаи, зыфIэфIу зыбгынаи щыIэщ. Ауэ Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм и щIыгум нэхъыбэу щIашами щIэкIуами щхьэусыгъуэ хуэхъуар дин Iуэхуращ.
Адыгэм гугъуехь куэд ишэчащ. Зэ зым ягъэтIысу, итIанэ абдеж щрахужьэжрэ нэгъуэщI щIыпIэ тIысыпIэ ищIын хуей хъууэ. Гугъуехьыр и натIэу псэууэрэ, Ататюрк пашэ хъуа нэужь, Джумхьуриет (Республикэ) иухуэри, къэралыр зэрыпсэун хабзэ зэхалъхьащ. 1921 гъэм Конституцэ къащтащ, къэралым лъэпкъыу исыр къыщыгъэлъэгъуауэ. АрщхьэкIэ 1924 гъэм Конституцэр зэрахъуэкIри, Тыркум ису хъуар тыркуу ятхыу щIадзащ.
Апхуэдэу ящIа нэужь, адыгэбзэкIэ упсалъэуи, «сыадыгэщ» жыпIэуи ядэртэкъым. Абы щыгъуэм сэ япэ классым сыкIуати, си анэдэлъхубзэрат сщIэр. Хуэмурэ тыркубзэр зэзгъащIэрт, ауэ адыгэбзэ къысфIыхэхуэрти, егъэджакIуэм тезыр къыстрилъхьэрт – пэшыр зэрагъэплъыр собэти, абы иралъхьэн пхъэр унэм сихужурэ къызигъэхьырт. Гъэмахуэ хъумэ, ди вакъэр щыдигъэхтырти, ди лъэгум къыщIэуэрт. Куэдрэ къыстехуащ ар.
Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ нобэрей ассимиляцэр къэзышар, лъэпкъыр зыхэсхэм яхэшыпсыхь щIэхъуар. Бзэр зымыщIэр, тыркум ират адыгэ хъыджэбзхэр куэд хъуащ.
Къуажэм дыдэсу, сыщIалэ цIыкIуу, ди адэшхуэм деж молэри, динымкIэ егъэджакIуэри къэкIуауэ зэхэсхат. Сэ шей яхущIэсхьэну сылъаIуэри, сыщIыхьащ нэхъыжьхэр зыщIэсым. Адыгэ хъыджэбз гуэр тырку щIалэм иратыну унафэ ящIу арат. Молэр псалъэрт: «Хэт сыт жиIэми зыри къикIыркъым, хэт хэт дэкIуэнуми къурIэным итщ, я натIэм къритхащ». Ар щызэхэсхым, зы псалъэ къызатыну сылъэIуащ: «Ярэби, Алыхьыр тыркуу пIэрэ»? – сыщIэупщIащ сэ. Ар щIыжысIари? Адыгэ къуажэ 17 ист абдежи, сэ сщIэуэ хъыджэбз 23-рэ тыркум иратат, ауэ зы тырку хъыджэбзи къуажэм къыдашатэкъым.
Нэхъ иужькIэ цIыхухэр еджащ, лэжьапIэ къагъуэтащ, къалэхэм Iэпхъуахэщ. Нобэ «сыадыгэщ» жызыIэр куэдщ, ауэ бзэр зыщIэр мащIэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр лIыгъэкIэ зэрыхагъэшыпсыхьам нэхърэ нэхъыбэу езыхэр интеграцэм ихьащ.
— Къэрал Iуэхуми, хабзэми куууэ хыбощIыкI, куэд бджащ. КIэщIу жэуап къетыт: адыгэхэр я хэкум зэрырахуам лъэпкъгъэкIуэдкIэ (геноцид) уеджэ хъуну?
— ПсалъитхукIэ зэзгъэзэхуащ мы Iуэхум сызэреплъыр. Адыгэр зытекIуэдар сыт жысIэри сызэупщIыжащ сэр-сэру: зэгурымыIуэныгъэ, щIэныгъэншагъэ, урыс лъагъумыхъуныгъэ, уэсмэн лъагъуныгъэ, къагурымыIуэ муслъымэныгъэ. ЯгъэкIуэдащ адыгэр мис абыхэм. Дэр-дэруи дызэгурыIуакъым, къэралри къыдгурыIуакъым. Ди хабзэри и кIэм нэсу къыдгурыIуэжыртэкъым дэ. Хабзэ жыпIэмэ, Iэнэм щызэрахьэрауэ, жэнэзы хуэIухуэщIэрауэ, хьэщIэ гъэхьэщIэкIэрауэ ягугъэщ языныкъуэхэм. Хабзэм псори итт, ауэ къагурыIуакъым.
— Уэ абыхэм ятеухуа тхылъ узэриIэм сыщыгъуазэщ. НэгъуэщI сытым утетхыхьа, конференцхэм жыджэру ухэтщ, сытым теухуауэ укъэпсалъэрэ?
— Истамбыл дэт Хасэм и тхьэмадэу илъэсипщIкIэ сылэжьащ. Абы щыгъуэми, иджыри зиужь ситыр лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIынырщ, абы и пэжыр къыщIэгъэщынырщ, ди псэукIэм хъуауэ хэлъымрэ мыхъумыщIэмрэ зэпкърыхынырщ. Кавказым, тхыдэм, Кавказ зауэм, абы и къежьэкIамрэ щхьэусыгъуэмрэ, нэгъуэщI куэдми сытетхыхьащ, тхылъ щхьэхуэхэр дунейм къытехьащ. Ахэр сэбэп мэхъу хэхэс адыгэхэм къащIэхъуэ щIэблэм я блэкIар ящIэнымкIэ, я гупсысэр унэтIынымкIэ, ди тхыдэм еплъыкIэ гуэр хуаIэнымкIэ.
— Уи унагъуэкIэ нэхъ гъунэгъуу укъэтцIыхуну сыхуейт, Рэхьми…
— Си щхьэгъусэр абхъаз бзылъхугъэщ. Зи лъэпкъ, зи лъахэ фIыуэ зылъагъу щыIэмэ, ар етIуанэщ. Хэкупсэщ хуабжьу. Езыр профессорщ, университетым щолажьэ.
Махьинуррэ сэрэ бын дгъуэтакъым. Ауэ абы и дэлъхум лIы иукIыу лъэхъуэщым щихуэм, илъэси 3-м иту хъыджэбз цIыкIу къыхуэнати, дэ къэтшащ тпIыну.
ДэкIуэн хуей щыхъум, «псэлъыхъу пхуэхъур си деж къэгъакIуэ» жысIащ. Адыгэ фIэкIа естынутэкъым. Зэгуэрым къэкIуащ зы щIалэ, адыгэу жиIэу, ауэ и фэмкIэ зэрытыркур къэсщIащ. ЩIалэр згъэшынэри зыкъезгъэумысащ икIи афIэкIа хъыджэбзым къыбгъэдэмыхьэну унафэ хуэсщIри сутIыпщыжащ. Абы иужь абхъазыпщ гуэрым къытехъукIа щIалэм лъыхъу къигъэкIуащ. АрщхьэкIэ, си мурадым сытетти, згъэщIэхъуащ. Бурджы (си пхъум) еджэн къиухри, лэжьэн щIидза нэужь, зы къэбэрдей щIалэ зригъэцIыхуащ. Абы и хъыбар щызэхэсхым, «си деж кърекIуэ» жысIащ. Уи фIэщ хъункъым, ауэ щIалэр ди унэ къыщыщIэбэкъуам и зыIыгъыкIэкIэ, и теплъэкIэ зэрыадыгэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
— Дэнэ ущыщ? – сеупщIащ тыркубзэкIэ.
— Уэлэхьи, Узун-Яйла сыщыщым, сыкъэбэрдейм, Мэрзейхэ сращIалэм, – къызитащ жэуап адыгэбзэ къабзэкIэ.
ЩIалэм сепсалъэри, сигу ирихьащ, и адэкъуэшхэр лъыхъу къигъэкIуэну хуит сщIащ. Адыгэ пщащэ н эсу згъэсат хъыджэбзыр, адыгэ унагъуэ ихьэну сыхуейт. Езыри си жьауэм щIэкIакъым, жысIэм къедэIуащ, къыхихари игу дыхьэ щIалэщ. Бурджы адыгэ анэ гумащIэ хъуащ, пхъу гумащIэуи къысхущIэкIауэ дызэхуэгуапэу дызэкIэлъокIуэ. Сигу хэзыгъахъуэри? А зи гугъу сщIы хъыджэбзым зэтIолъхуэныкъуэу пхъуитI иIэщ – Гужанрэ Нэжанрэ. Гужан зымахуэ къэтIысауэ къызжеIэ: «Уэ адыгэ хъыджэбзыр зэрыщытыр пщIэрэ?».
— ЩIагъуэу сщIэркъыми, кхъыIэ, къызжеIэ.
— Адыгэ хъыджэбзыр ину Iэгу еуэркъым, уэрамым щрикIуэкIэ лъэбакъуэхъуу бакъуэркъым, тутын ефэркъым, ину псалъэркъым.
— НэгъуэщI сыт хуэдэ хьэл хэлъ? – сыщIоупщIэ.
— Иджыри зы щыIэщ, ауэ бжесIэнукъым.
— Ди яку къыдэнэжынщ, щэхуу къызжеIэ, – щыжысIэм, си тхьэкIумэм къекIуэталIэри: «Адыгэ хъыджэбзыр адыгэ щIалэ дэкIуэн хуейщ», – жиIащ. Мис апхуэдэу адыгэпсэ яIу-ту игъэсащ ахэр Бурджы. А цIыкIухэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, пшынэ йоуэ. Зыр пшынэ щеуэкIэ, адрейм сэ сыкъыдофэ.
-Тхьэм куэдрэ уакIэлъигъэплъ гъащIэм и IэфIыр зыхозыгъэщIахэм!
Епсэлъар
НэщIэпыджэ Замирэщ.