Новости

Гъэтхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къищта унафэ щхьэхуэм ипкъ иткIэ гъатхэпэм и 14-м а махуэр ягъэлъап1э адыгэу дунейм тетехэм.

Ди  хэкуэгъу лъапIэхэ!

Гурэ псэкIэ дывохъуэхъу нобэрей махуэ  дахэм папщIэ!

Иреф1ак1уэ анэдэлъхубзэм и даха­гъым, къабзагъым, абы и зэфIэкIыр нэхъ  ин ирехъу!

 

Адыгэбзэ

 Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж,

Си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ,

Дунейр уэрыншэм ныбгъуэхьэшт,

УзиIэу зыми семыфыгъуэ.

 УзиIэу зыми семыиж –

АбыкIи, си бзэ, уэрщ си щапхъэр:

Сэ уи беягъкIи сыбеижщ.

Адрейхэр сщIэнуи сыхуопабгъэр.

Уэрыншэм гъащIэр шхын мышут,

И IэфIи фIэIуи зыхэзмыщIэу,

Мо дыгъэ къепсыр щхьэкIуэ шут,

Абдж къызэрыкIуэт вагъуэ мыщIэр.

ЖызыIэ щыIэщ псалъэгъэху,

Уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ,

И псалъэ кIапсэр зэрихъэху,

УфIэмыIуэхуу, къопэбжьауэу.

Сэ зы дакъикъи семыдэIу

Абы я псалъэ мыжьэ-мывэм —

Къуршыпс ежэхыр хуэщIкъым дэгу

Абы зыгуэрым хидза мывэм.

Псыр тожри, мывэхэр къонэж,

Гъуэгу зэрытехьэрэ и псыпэр

ЗэринэкIар абы гъунэжщ

Мывэ пкIэлъейрэ щхьэдэхыпIэу.

Си адыгэбзэ, уэ улъэщщ,

Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ,

ЦIыхугу дэтхэнэри къотIэщI,

Уэ ущагъабзэкIэ Iэрыхуэу.

Зэм, си бзэ, уохъури уэ жьгъыру,

Адыгэ пшынэу уобзэрабзэ,

Зэм къызыкъуохри уи къарур,

ХеящIэ джатэу ар уогъабзэ.

Анэ быдзышэу уэ уIэфIщ,

УщыщхьэщыскIэ сабий гущэм,

Гухэлъ уэрэди жыбоIэф,

ЗэригъэдзэкIыу пщащэ гущIэр.

Уэ уафIэжьгъейми, къэбгъэщIащ

Зэрыдунейуэ зэджэ «Нартхэр»,

Гъэ минхэр, си бзэ, уэ бгъэщIащ

Иджыри мащIэкъым уи натIэр…

Си лъэпкъым щIэблэ къыщIэхъуам

Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу,

Я нэхъ тхьэмыщкIэ ар щыхъуам

УреIэ уэ, си адыгэбзэ!

 Бемырзэ Мухьэдин

 

 

Related posts

Leave a Comment