Адыгэбзэ Турция

Бзэмрэ хабзэмрэ зы чысэ илъщ

Адыгэбзэм и махуэр гъатхэпэм и 14-м дахэу ягъэлъэпlащ Тырку къэралыгъуэм щыпсэу адыгэ-хэм.

  «Сэ сыадыгэщ» жызыlэ дэтхэнэми зы лъэбакъуэ езым зыхуичыжащ а махуэм – псэкlэ нэхъ хуит хъуащ. Мазэм щlигъуауэ цlыкlуи ини – адыгэу зызыбжыж псоми – Iуэхум зыхуагъэхьэзырырт, я нэгум щlэкlыну телъыджэм пэплъэу. Абыхэм я гуфlэкlэр ебгъэщхь хъунут хъыджэбз гъэфlам къыщалъхуа махуэм зэрызигъэщlэращlэм. Анэдэлъхубзэр зымыщlэхэри, къыгурыlуэми иримыпсэлъэфхэри, ирипсэлъэфми иримытхэфхэри зыщlэзыгъэгупсысыж щхьэусыгъуэ яlэт – Адыгэбзэм и махуэт. Бзэм щимахуэкlэ, лъэпкъым и махуэт. Зыкъомым я щхьэр къыпыхуауэ, «дилlыхьамэ нэхъыфlт, Хэкур дыбгына нэхърэ» жаlэрт. Къащыщlар къагуроlуэжри, фlыгъуэшхуэ зэрафlэкlуэдар псэкlэ зыхащlэ, къахуэнам зыкlэращlэ, кlэлъоlэбэ. Зэкlэ яхузэфlэкlынур арати, Тыркум щыlэ Адыгэ Хасэ псоми зэхуэсышхуэхэр щащlащ, зэрыхъукlи, абы адыгэбзэкlэ къыщыпсэлъахэщ. Анэдэлъхубзэм нобэ игъуэта щытыкlэм, хамэщlым уи бзэр, хабзэр, дуней еплъыкlэр – адыгагъэр щыпхъумэну зэрыгугъум щытепсэлъыхьащ япэ lыхьэм.

Усакlуэшхуэ Кlыщокъуэ Алим зэрыжиlауэ:

 Сыт батэкъутэр уэ бгъэшами,

Уи бзэр щыlэхукlэщ уи дунейр.

Бзэ симыlэжмэ си ахърэтым

Жэнэт сисынуи сыхуэмей.

 Мыхэр сыткlи зэпэщ хэкум щопсэу. Къэралым нэхъри зиужьыхукlэ, хамэщlым къикlа лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр яlэщlоху… Ар адыгэхэм я закъуэ къащыщlа гуэркъым, атlэ дуней псом щызекlуэ хабзэщ.

— Адэжь хабзэм елъэпауэр лей зэрихьэм пэуджэнщ, – жи усакlуэм. Бзэмрэ хабзэмрэ зэкlэрыпч мыхъуну къызэдокlуэ. Адыгэбзэр лъэпкъым и дежкlэ хабзэр зэрызэрахьэ lэмэпсымэщ. Мыхэр зэгъусэу къызэдигъэщlащ. Зэрытлъагъущи, зэгъусэуи мэужьыхыж. «Адыгэбзэ къызжиlащ», «адыгагъэ къыскlэлъызэрихьащ» псалъэхэр лъэпкъым и хьэл-щэн нэхъыщхьэр къэзыгъэлъагъуэт. «Адыгэбзэ къызжиIакъым» жиIамэ, зыгуэр гущIыхьэ щыхъуауэ арат. Адыгэр зэплъыр матэкlэ къыхуахьаратэкъым, атlэ псалъэкlэ къыжраlарат. Гум къинэри къыкlэлъызэрахьа адыгагъэрт. Адыгэм и хабзэ нэхъ иныр – адыгэбзэ жиlэнырт. Ар икlи хабзэт, икlи псалъэт, икlи тхьэлъэlут. Тхакlуэшхуэ Нало Заур «бзэр псалъэ къудейкъым, атlэ ар гупсысэкlэщ, дуней тетыкlэщ» жыхуиlар аращ.

Кlыщокъуэ Алим и зы тхыгъэм мыпхуэдэу щыжеlэ: «Анэдэлъхубзэмрэ адыгэ хабзэмрэ хьэдзитlу зы нэм ис хуэдэщ, апхуэдизкlэ зэкlэрыпщlащи. Нтlэ, хабзэмрэ нэмысымрэ lэщlыб тщlамэ, зыгуэрым къытпиубыду тщlакъым, мащlэ-мащlэурэ тlэщlэкlауэ аращ».

Уи анэдэлъхубзэкlэ упсэлъэныр, угупсысэныр, утхэныр нэхъ къулеягъэшхуэхэм ящыщ хъуащ иджыпсту. Зэрыхэкlуэдэжыр псэкlэ зыхащlэ пэтми, зэманыр езыр и гъуэгу тетыжщи, къызэтеувыlи къызэплъэкlи иlэкъым. Сыт пщlэн? Хэхэс псоми я зэхэтыкlэ-псэукlэр апхуэдэщ. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкlэ заlыгъащ хамэщl къызыхуиуха адыгэхэм. Абыхэм я нэгу щlэкlам адыгэу укъызэтринэнутэкъым, Хэкум здраха адыгэ хабзэ ткlийр мыхъуатэмэ – аращ къезыгъэлар. Напэр псом япэу, зыхэтым фlыкlэ къахэщу, зэрыс къэралыгъуэхэм пщlэ къыщыхуащlу адыгэр хамэщlхэм щызыгъэпсэуар нэхъыжьхэм илъэс минхэм къызэпраха адыгагъэрщ. «Хьэрэмым щхьэкlэ уэттышхуэ щыlэтэкъым, ауэ «емыкlущ» жаlамэ, дебакъуэртэкъым», – жаlэрт Тыркум щыпсэу адыгэ щlалэхэм. УигъэгуфIэрт зэхуэсым ныбжьыщIэ куэд къызэрекIуэлIам. ЕкIуэкIым кIэлъыплъ къудей мыхъуу, ахэр езыхэри Iуэхум хэтт.

Мударей Хасэмрэ Истамбыл Хасэмрэ Адыгэбзэм и махуэр хуагъэлъэпIат щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ. Нэхъыжь псалъэ жаIэри, щIалэгъуалэм утыкур хуит хуащIащ. Уи анэдэлъхубзэрэ уи хабзэрэ зэ пIэщIэкIамэ, зыIэрыгъэхьэжыгъуафIэкъым. Ар къагурыIуэрт щIалэгъуалэм. Нэхъыщхьэращи, абыхэм къызыхэкIа лъэпкъыр ящIэжырт, адыгэпсэ яIутт, я теплъэм зэрыадыгэр къигъэлъагъуэрт. Фащэ екIу зыщыгъ ныбжьыщIэхэм уэрэдрэ къафэкIэ утыкур ягъэдахэрт. Сыту фIыт екIуу къызэрыфэм хуэдэу анэдэлъхубзэри яхуэгъэшэрыуэтэмэ! «Лъэпкъым и хабзэм зэрихьэр набдзэу адыгэ джэгурщ» – абы щыжаIа уэрэдым хэта псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, хамэщIхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм иджыпсту «сыадыгэщ» жаIэмэ, къэфэнрауэ къыщIэкIынущ кърагъэкIыр.

Iуэхум хэтахэм ягу дыхьащ илъэс 16 фIэкIа зимыныбжь пшынауэ Джэмыкъуэ Тамбий и зэфIэкIыр. Сирием къыщалъхуа, абы зауэр къыщыхъея нэужь Тыркур псэупIэ зыхуэхъуа адыгэ щIалэм егъэлеяуэ ехъулIэныгъэ-

шхуэхэр иIэщ. Абы теухуа тхыгъэ «Адыгэ псалъэм» тетащи, къытезгъэзэжынкъым. Ауэ жиIар фхуэсIуэтэжынщ: «Бзэр си адэ-анэм сагъэщIащи, сэ абыхэм фIыщIэшхуэ яхузощI, ауэ си ныбжьым адыгэбзэкIэ сызэпсэлъэн зэрахэмытыр сигу къоуэ».

 

Бакъ Зерэ.

adyghepsale.ru

 

Related posts

Leave a Comment