Хьэткъуэ Умарщ (Омер Сейфеддин) дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд
Хьэткъуэ Умар и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ абы и новеллэхэр 1920 гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ. Ахэр ягу зэрырихьым къыхэкIыу, адыгэ щIалэм и тхылъ щхьэхуэхэр Мэзкуу, Ленинград 1957, 1975, 1987, 1994 гъэхэм къыщыдокI. ТхылъиплIми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ.
Си цIыхугъэфI Печеневыр илъэс куэдкIэ Анкара щылэжьащ икIи тыркубзэр гъуэзэджэу ещIэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, – жеIэ абы. – Eзым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщыкIырт и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм нэхъ пэгъунэгъуу зэрыщытымкIэ. Сейфеддин и тхыгъэхэр хуэхейт хьэрып, къэжэр псалъэхэу тырку литературэбзэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ зэIызыгъэхьэм».
Хэт хъуну-тIэ зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр, дауэ къекIуэкIа абы и гъащIэр, и лэжьыгъэр?
Хьэткъуэ Умар и адэ Сэфудинт истамбылакIуэ ежьар. Тыркум нэса нэужь, ар зы щIыпIэм икIрэ адрейм Iэпхъуэу куэдрэ екIуэкIащ. Ауэ, икIэм-икIэжым, Мрамор тенджызым и Iуфэм пэмыжыжьэ Гёнен жылагъуэм дотIысхьэ. 1884 гъэм абы къыщалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну щIалэр.
Хьэткъуэм и гъащIэр литературэм пищIэну и пщIыхьэпIэми къыхэхуэртэкъым. Арати, и ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкIа мыхъуауэ, Умар Эдерне къалэм дэт дзэзешэ еджапIэм щIотIысхьэ. Ар къеухри адыгэ щIалэщIэр Истамбыл макIуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэу.
Хьэткъуэр щIотIысхьэ «Мектебе хьэрбийе» еджапIэ нэхъыщхьэм икIи абы офицеру къызэрыщIэкIыу, Измир ягъакIуэ. Умар а къалэм 1908 гъэм нэсыху щоIэ, ауэ тырку щIалэ буржуазие революцэр зэрызэфIэкIыу, абы къулыкъущIэ кърат – Македонием гъунапкъэ щихъумэну. ИлъэситI нэблагъэщ Умар абыи зэрыщыIар. Литературэм куэд щIауэ дихьэхырти, ар дзэм къыхокIыж.
1908 гъэм екIуэкIа революцэм иужькIэ Тыркум куэду къыщыдагъэкIыу щIадзэ сатирэ, гушыIэ журналхэр. Абыхэм традзэ усэхэр, хъыбархэр икъукIэ къащхьэщыкIырт япэрей классикэ сатирэм и щапхъэхэм. Тхыгъэхэм я нэхъыбэр пэджэжырт зэманым къигъэув къалэнхэм, литературэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм я зэныкъуэкъум. Абыхэм яхэтт пародиехэр, эпиграммэхэр. А зэманым щыIэ тырку сатирэм и гугъу щащIкIэ, япэу зи цIэ жаIэр Хьэткъуэ Умарт. Абы и тхыгъэ гъэпсыкIэм и лъабжьэщ псэ щабагъэ, гу пцIанагъэ макъамэхэр, Iущыгъэ зыхэлъ акъыл гъэтIысакIэ Iуэта гупсысэхэр, апхуэдэуи хъуэр, гушыIэ шэрыуэхэр.
Гу щабагъэкIэ псыхьа усыгъэхэм къадэкIуэу, Хьэткъуэм итхырт пхъашэу, дыджу гум ежалIэ ауанхэмкIэ гъэнщIа новеллэхэр.
Умар и ныбжьэгъу тхакIуэхэу Джэс Алъпрэ Жаныпэ Алийрэ щIыгъуу «Гёнч къалэмлер» журналыр къыдигъэкIыу щIедзэ. Адыгэ щIалэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр абы щытридзэрт.
1912 гъэм Хьэткъуэр аргуэру дзэм хохьэж, ауэ Балкан зауэм ар зэрыхэтар мащIэ дыдэщ. Умар гъэр ящIри, Алыджым мазипщIкIэ лъэхъуэщым щрагъэс, абы къызэрикIыжу Хьэткъуэм Истамбыл егъэзэж икIи етIуанэу дзэм къыхокIыж, зэи тримыгъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ. 1914 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм щехыжыну 1920 гъэм нэсыху абы Тырку щыхьэрым дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым литературэмкIэ щрегъаджэ.
ьэткъуэм илъэс щэщIрэ хы-рэщ къигъэщIар. Абы щыщу тхэным къылъысар илъэсий къудейщ. Сыт хуэдэу щымытами, Умар иIа зэман мащIэр дамэр уэзыгъэшэщI, дэрэжэгъуэ къозыт лэжьы-гъэ куукIэ игъэнщIыфащ. Илъэ-сийм къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ хъыбари 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитIи къэнащ. Хьэткъуэм къытрыригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэжьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжанэ абы тыркубзэкIэ зэридзэкIащ, Гомер и «Одиссеери» хэту.
Адыгэ щIалэм и тхэкIэм дэплъей, ар литературэм зи егъэджакIуэу къыщызылъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ куэд КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэщ. Хьэткъуэ Умар и новеллэхэм, памфлетхэм тырку жылагъуэм и зэхэтыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ.
Хэбгъэзыхьмэ, къэралым щыIэ ухуэкIэр, тыркухэм я хьэл-щэныр, я псэукIэр щIэнэкIалъэ зэрищIым къыхэкIыу, тхакIуэр ягъэкъуаншэрт «угущIэгъуншэщ, псоми ущодыхьэшх» жаIэу. Къалэмыр зи Iэщэм зэхуэдэу ещIэ къалэми къуажэми я псэукIэр. Ар щодыхьэшх цIыху мыгъасэм, фэрыщIым, диным и лэжьакIуэхэм мыхъумыщIагъэу зэрахьэр къыщIегъэщ. УзыIэпишэу укъоджэ Хьэткъуэм и хъыбархэу «Телъыджэ», «Азэн джэ макъ», «Iулъхьэ», «Лэгъупыкъу», «МафIэдз», «Аргъуей», «Адакъэ», «Делэ», «Фон Садриштайн и щхьэгъусэр», «Динсыз» зыфIищахэм, «Эфруз-бей», «Хьэрэм» повестхэм, нэгъуэщI куэдми.
Тхыгъэ зыбжанэ абы триухуащ езым и гъащIэм и къекIуэкIыкIам, и лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэщ «ШытхъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «ПIыртIыкъыш», «Зэшхэр», «Фыгъуэнэд», «Бгырыпх» новеллэхэр. Абыхэм Умар щетх и адэ-анэм, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжьым теухуа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым папщIэ псалъэ гуапэ, гурыгъу-гурылъ дахэ куэд.
Хьэткъуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIыпIэшхуэ щаубыд адыгэ таурыхъхэм хэт Iэмалшы, жьакIуэ КъуийцIыкIу, егъэлеяуэ пцIыупс барон Мюнхгаузен сымэ уигу къэзыгъэкI Эфруз-бей щхьэщытхъум. Абы и IуэхущIафэхэм теухуа повестым 1908 гъэм екIуэкIа революцэм и зэманым щыIа пщы-уэркъ интеллигенцэр ауан ещI, зи щэнхабзэр зэзымыпэсыж Iужажэхэр, напитIхэр, фэрыщI акъмыкъхэр къыщIегъэщ.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Хьэткъуэр тэмэму бгъэдыхьащ политикэ Iуэху щытыкIэм. Пантюркистхэм я мурадхэм гушыIэ жанкIэ ар щыдыхьэшхащ икIи «Щхьэхуитыныгъэм и пщыхьэщхьэ» новеллэм зэрыпхъуакIуэ зауэр гум тебгъахуэ мыхъуну къыщигъэлъэгъуащ.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тырку тхакIуэшхуэ Хьэткъуэ Умар зыщыпсэу къэралым ис лъэпкъ псори нэхугъэм, щIэныгъэм хуишэным и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ; ахэр фIым, гулъытэм, зыужьыныгъэм къыхуэгъэушыным хузэфIэкI псори хилэжьыхьащ. Ауэ псом хуэмыдэ-жу адыгэ щIалэм и пщIэр зыгъэиныр езым иужькIэ къэхъуа тхакIуэхэм я лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ абы я псэкупсэ, социальнэ гъащIэмрэ нэхъ куууэ хэплъэ зэрищIарщ.
Хьэткъуэм – Омер Сейфеддин – и тхыгъэхэр къэнащ ноби игъащIэкIи я пщIэр мыкIуэдыжыну. Дунейм щехыжым зы гукъеуэ закъуэщ иIар абы: и адэжь Хэку и IэфIагъ зэрызыхимыщIарт, абы и къалэмыр зэрыхуимыгъэпсыфарт.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.