Гугу Акрэм: Урысейм и цIыхуу дыкъилъытэнырщ дызыщIэхъуэпсыр
Дызэрыт зэманым нэхъыщхьэ дыдэу адыгэхэр зи яужь итыр Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэнырщ, ахэр зыхэхуа гузэвэгъуэм къыхэша зэрыхъунырщ. Фэ зэрыфщIэщи, илъэс зыбжанэ и пэкIэ хьэрып къэралхэм зэщIэхъееныгъэ инхэр къыщыхъуауэ щытащ. Тунисым, Мысырым, Ливием, Йеменым щекIуэкIа зэрыхьзэрийр 2011 гъэм и гъатхэпэм Сирием нэсри, политикэ зэхъуэкIыныгъэхэм я телъхьэу уэрамхэм къыдыхьахэм Iуэхур граждан зауэм хуагъэкIуащ. Илъэсищым нэблэгъауэ Сирием щекIуэкI лъыгъажэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, хокIуадэ абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Дэнэ щыIэ адыгэми плъапIэу иIэр и адэжь хэкуращи, апхуэдэ зэфIэкIрэ Iэмалрэ къызыкъуихыу и бынхэр зэрызришэлIэжыным иужь итщ ди лъахэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал, республикэ унафэщIхэми, Дунейпсо Адыгэ Хасэми, «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэми, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми зэфIагъэкIар мащIэкъым.
НобэкIэ СХьР-м щыпсэу адыгэхэм я Iуэху зыIутым, я щхьэр мафIэм къыхахынымкIэ ягъуэт Iэмалхэм тедгъэпсэлъыхьыну ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ лэжьыгъэ IуэхукIэ КъБР-м къэкIуа, Сирием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Гугу Акрэм.
— Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэр Дамаск дэтщ, абы къудамих иIэщ. Къалащхьэм пэблагъэ районхэу Мардж-СулътIан, Къудсея, КъунейтIрэ, Хъомс, Хьэлэб, Джолан щыIэ Хасэхэр мэлажьэ. Хасащхьэм и тхьэмадэр илъэсиплIым зэ пхъэидзэкIэ хэтхыу аращ, адрей къудамэхэм я унафэщIу нэхъ зыхуэфащэхэр дэ тыдогъэувэ.
Сирием зауэ-банэр къыщымыхъей и пэ, дэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, цIыхухэм къахуэсэбэп Iуэху куэд зетхьэу щытащ. Унагъуэ 240-м нэс хуэмыщIауэ диIэти, мазэ къэс ахъшэ яхуедгъэхьырт, журнал къыдэдгъэкIырт, щIалэ, хъыджэбз 70 зыхэт къэфакIуэ гуп диIэт, бзылъхугъэхэм я Iуэху щызэрахуэ къудами лажьэрт. Апхуэдэу дахэу екIуэкIыурэ, зауэр къэхъеящ. Иджы псори дызэкъуэувауэ гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм защIэдгъакъуэу дыкъокIуэкI. НобэкIэ унагъуэ 4800-м нэс диIэщ я унэхэр къэуауэ, щыпсэууэ щыта щIыпIэхэр зэуапIэ губгъуэ хъуауэ. Абы папщIэ къэралым, цIыхухэм къыдат ахъшэр абыхэм ялъыдогъэIэс, ерыскъы, щыгъын къращэхуну. ИтIанэ ООН-м ахъшэфI къытхуригъэхьри, ари хуабжьу къытхуэсэбэпащ. Абы и фIыгъэкIэ зы сымаджэщым дыгурыIуауэ, уIэгъэ хъуа дэтхэнэ зы адыгэри пщIэншэу щагъэхъуж.
Сирием шхын щхьэкIэ дыщылIэркъым. Нэхъ гугъуехьу дызыхэтыр мы зауэ-банэм адыгэхэр дыхалъэфэну ди ужь къызэрихьарщ. Ауэ адыгэхэр Iущу къыщIэкIри, зауэу уэрамым дэувакъым. Дэ зы цIыхуи къытхэткъым Iэщэ иIыгъыу къэралым пэщIэту. Ауэ цIыхуи 150-рэ хуэдиз адыгэу хэкIуэдащ, уIэгъэ ящIа щIалэхэри диIэщ. Мыбы сыщыIэху, ХасэмкIэ си къуэдзэр къэпсалъэри, иджыри щIалитI зэраукIар къызжиIащ. Махуэ дэкIыркъым апхуэдэ гузэвэгъуэ гуэр къытлъэмыIэсу.
Къыхэбгъэщмэ, Сирием зы адыгэ унагъуи исыжкъым щIэс псори ирикъужу. Е уIа, е укIа яIэщ, нэгъуэщI къэралхэр псэупIэ ящIащ. Iэпхъуахэр куэдщ. Адыгэ 1500-рэ хуэдиз Тыркум Iэпхъуащ, Америкэм, Германием, Иорданием кIуа щыIэхэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым – 600 хуэдиз, Адыгейм 400 къэIэпхъуэжащ.
Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм, а къэралым адыгэу исым я цIэкIэ сыхуейщ УФ-м и Президент Путин Владимир деж щегъэжьауэ федерал унафэщIхэм, ООН-м я лIыкIуэхэм, ди хэкум и тхьэмадэхэм, мы Iуэхум хэлIыфIыхьа псоми фIыщIэ яхуэсщIыну. Урысейр мыхъуамэ, Сирием кхъухьлъатэкIэ къеуэнурэ, мафIэ куу дыхыхьэнут, ар фIыуэ къагуроIуэ а къэралым и цIыхухэм икIи хуабжьу къыхуэарэзыщ. Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ ди деж къикIа ныбжьыщIэу 100-м щIигъу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къызэрищтам, абы ипкъ иткIэ, УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрми КъБКъУ-м и ректорми фIыщIэ яхузощI. Апхуэдэ дыдэу сабий 28-рэ Адыгейм и университетми щIагъэтIысхьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хэха хузощI си лъэпкъэгъухэм къабгъэдэкIыу. Зауэр къэмыхъей щIыкIэ, Путин Владимир и гъусэу Сирием нэкIуа гупым яхэтат ари, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм некIуалIэри къытхуэзащ, ахъшэфIи къыдитащ. АбыкIэ унэ къэтщэхури, Къанокъуэм и цIэкIэ школ къызэIутхащ. Дэ хьэрыпхэм дащыхэтым деж дызэрыадыгэр зэи дыбзыщIыркъым, дрогушхуэ, ауэ Къанокъуэ Арсен нытхыхьа иужь, ди щхьэр нэхъ лъапIэжу дигъэлъагъужащ, нэхъ хьэтыри къытхуащI хъуащ. Псалъэ гуапэ хужысIэну сыхуейщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутии, абы къытхуищIа гулъытэм ди щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэм куэд щигъэгъуэзащ, дыкъызыфIэмыIуэхуа зыри къэнакъым. Мыбдеж къыщыхэгъэщыпхъэщ хэкужьым къэкIуэжа ди къуэшхэм гуапэу зэрапыкъуэкIар, зыхуеину псори къызэрыхузэрагъэпэщар. Тыркум Iэпхъуахэр унэхэм щIагъэтIысхьащ, ахъшэкIи ерыскъыкIи ядэIэпыкъуащ, Иорданием кIуахэм ящыщу зы адыги шэтыр щIагъэтIысхьа- къым, Нью-Джерси штатым (США), щыIэ Адыгэ (ФIыщIэ) Хасэм ахъшэфI тхузэхуахьэсащ, Германием ис адыгэхэми я гулъытэ къытлъэIэсащ.
— Интернетым къралъхьа хъыбархэм къызэрыхэщамкIэ, адыгэхэр нэхъыбэу зыдэсу щыта жылэхэр – Барекъэ, Бираджэм, Мардж-СулътIан, Хъэнэсир жыпIэми – иджыпсту щыIэжкъым, зэтракъутащ. Абы дэсахэр дэнэ кIуа?
— Дэ, Сирием ис адыгэхэр, сыт щыгъуи дызэпщIыхьыр адэжь хэкуращ, ди адэшхуэхэр дунейм ехыжащ ар я плъапIэу. Иджы Сирием гузэвэгъуэ къызэрыщыхъуам щхьэкIэ къыщIэпхъуэжу аркъудейкъым Iуэхур зытетыр. Пэжщ, дызыхэт мафIэм лъэмыжыр нэхъ бгъуфIэ ищIащ. Ауэ дэ куэд щIауэ Урысейм дрицIыхуу зыдолъытэж, аращ нэхъыбэм я гупэр занщIэу мыбыкIэ къыщIагъазэр. Тыркум, Америкэм, Германием кIуэ нэхърэ хэкум къэкIуэжмэ нэхъ яфIэфIщ ди къуэшхэм.
НобэкIэ къуажитху диIэщ зыри дэмысыжу – Барекъэ, Бираджэм, Мардж-СулътIан, Хъэнэсир, Хъомс (ар къалэщ). Абыхэми топкIэ еуэурэ унэхэр къагъэуащ, къэнаIами, яхъунщIауэ зыри щIэмылъыжу апхуэдэщ. Зауэр абы щынэсым, адыгэм а щIыпIэхэр ябгынэри, хэти Дамаск Iэпхъуащ, хэти хамэ къэралхэм кIуащ. Зы къуажэ закъуэм и щапхъэмкIэ къывгурызгъэIуэнщ Iуэхур зыIутыр. Мардж-СулътIан унагъуэ 700 хуэдиз дэсу щытащ, нэрыбгэ мини 3000 хъууэ. Япэ къуажэу адыгэхэр къызыдэкIыжар аращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы пэблагъэу дзэм и кхъухьлъатэ тIысыпIэр щытт. Иджыпсту абы цIыхухъу 200 хуэдиз къыдэнауэ аращ, яхуэпщэфIэн бзылъхугъэ зыбжанэ я гъусэу. Абыхэм къэнэжа унэхэр яхъумэ. Мардж-СулътIан щыщу унагъуэ 40 хуэдиз Иорданием кIуащ, унагъуи 3 Мысырым Iэпхъуащ, Тыркум унагъуэ – 35-рэ, Германием – унагъуи 10, Къэбэрдей-Балъкъэрым – унагъуи 8, Абхъазым унагъуи 5 щыIэхэщ. А жылэм дэса унагъуи 135-м я унэхэр къэуащ, нэрыбгэ 88-м хэкум къэкIуэжыну хуейуэ Хасэм хъыбар кърагъэщIащ. Абазэхэрэ шапсыгърэщ абы нэхъыбэу дэсар. Зы къуажэ закъуэщ сэ сызытепсэлъыхьар, адрейхэми аращ я Iуэху зыIутыр.
— Сирием укъикIыу Урысейм укъэкIуэнми ущыпсэуну укъэIэпхъуэжынми федеральнэ законхэм епха гугъуехь куэд пыщIащ. Сыт нобэ нэхъыбэу фыкъэзылъахъэр?
— Япэ дыдэу дызыгъэгумэщIыр нэхъапэм «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм къегъэблагъэ тхылъ нытхуигъэхьурэ, абыкIэ дыкъэкIуэжыфу зэрыщытам кIэ зэригъуэтарщ. Ар къемызэгъыжу къалъытащ, къищынэмыщIауэ, хьэрычэт IуэхукIи, турист IуэхукIи укъакIуэ хъужыркъым. Иджы зы хэкIыпIэ закъуэщ щыIэр: мыбы щыпсэу гуэрым къэкIуэжынум иритын унэрэ ахъшэрэ зэриIэр иту къегъэблагъэ тхылъ нигъэхьынырщ. Нэхъыщхьэу дызыщIэлъэIур къегъэблагъэ тхылъ хуэмейуэ, ДАХ-м и тхылъкIэ визэ къыдату зэтраублэнырщ. Иджыпсту визэ къыдэтхын щыхъукIэ, зэман кIыхьрэ ахъшэшхуэрэ токIуадэ.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Урысейм нокIри, дэIэпыкъуэгъу нэзышэ кхъухьлъатэ куэд Сирием нолъатэ. Абыхэм къыщагъэзэжкIэ, посольствэм зыпащIэри, паспорт плъыжь зыIыгъхэр кърагъэтIысхьэ. Ди адыгэхэри Хасэм и тхылъымпIэкIэ абы къыздищтэжу щытамэ, дызыхэт гузэвэгъуэр куэдкIэ игъэмэщIэнут. Абхъазым кхъухьлъатищ нигъакIуэри, и цIыхухэр ишэжащ, тхылъи ахъши хуэмейуэ.
ЩыIэщ цIыху мыбы къэкIуэжыну хуейуэ, ауэ Iэмал имыгъуэту, ахъшэ IэщIэмылъу. Нобэ Урысейм укъэкIуэнумэ, гъуэгупщIэу доллар мин тохуэ, Сирием и ахъшэр къехуэхащи, ар цIыхум зы илъэсым къыхуэлэжь къудейщ. КъищынэмыщIауэ, къэзыгъэзэжахэм Урысейм зэрыщыпсэун тхылъ зэрагъэпэщыным ахъшэ куэди токIуадэ, зэман мымащIи ехь. Уеблэмэ, и тхылъыр зэфIэмыхьэурэ зэрыщыIэн хуей пIалъэр йокIри, нэкIуэжын хуей мэхъу.
Сирием щыIэ Хасэм къызэщIеубыдэ дагъыстэнри, осетинри, шэшэнри, адыгэри. АтIэ иджыри къыздэсым а республикэхэм щыщхэм я Iэр щхьэ ныхуамышийрэ абы щыпсэу хэхэсхэм? Абхъазым и цIыхухэр зэрызришэлIэжым ещхьу, адрей хэгъуэгухэри щызгъэтынут.
Адыгеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ закон дахэ къыдахат, хамэ къэралхэм къикIыжхэм я Iуэхур нэхъ тынш ящIыну. Ельцин Борис УФ-м и Iэтащхьэу щыщытам, Урысейм и посольствэу Сирием щыIэм визэр къуитырт, тыншу укъакIуэрт. Иджыри къыздэсым куэд къытхуищIащ Урысейм, ар Сирием зэрыгуэтым и фIыгъэ къыдэкIащ. Ауэ иджыри дыщIолъэIу езым и цIыхуу дыкъилъытэну. Косовэ кърашыжу Адыгейм къуажэ щхьэхуэу щагъэтIысыжахэм я Iуэхум хуэдэ зыгуэр къытхуагупсысамэ, абы нэхъ насып щыIэтэкъым. Мыр Iэтащхьэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я мылъку къудейкIэ зэрызэфIэмыкIынур къыдгуроIуэ, аращ Урысеишхуэм дызэхихыну дыщIыхуейр.
— Абыхэм ятеухуауэ лэжьыгъэ куэд ирегъэкIуэкI Дунейпсо Адыгэ Хасэм, нобэкIэ сыт къайхъулIа?
— Иджыри къэс къыдэхъулIамрэ ди щхьэр мафIэм къызэрыхэтхамрэ зи фIыщIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэращ. Аращ Урысейм, Сирием, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ унафэщIхэм, къэрал къулыкъущIэхэм я псалъэхэр ди деж къэзыхьэсар, ди гуныкъуэгъуэр абыхэм ялъэзыгъэIэсар. ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм я зэIущIэ Налшык щекIуэкIам япэ дыдэу къыщыпсэлъар сэрат, программэм нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэу ирагъэува Iуэхугъуэр Сирием щыпсэу адыгэхэм ядэIэпыкъунрати. Абы иджыри зы хъыбар гуапэ зэхэсхащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, санаторэхэм щIэс унагъуэ 60-м щIигъум унэ къыхуащэхунущ.
Пэжщ, я мылъку мащIэмкIэ къалэм фэтэр къыщызыщтахэри щыIэщ, ауэ санаторэхэм щIэсхэм я Iуэху зэфIагъэкIмэ, ахэри гулъытэншэ зэрамыщIынур гурыIуэгъуэщ.
Сирием къикIыжауэ Налшык дэсхэм я нэхъыбэр адэжь хэкум къэнэжу щыпсэуну хуейщ, зыгъэзэжын куэд яхэткъым.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжауэ щыпсэухэм дащыхуэзам жаIауэ згъэщIэгъуат: «Сыт хуэдиз лей зауэм къыттримыгъэхьами, ди уни ди мылъкуи тфIэкIуэдами, а зэрыхьзэрийр сэбэп къытхуэхъуащ игъащIэ лъандэрэ ди нэр къызыхуикI адэжь хэкум къэдгъэзэжынымкIэ, унагъуэу дыщетIысэхыжынымкIэ». Мыбы ущыIэху абыхэм уахуэзэну, илъэсым нэблэгъауэ щыпсэухэм я щыIэкIэр зэбгъэлъагъуну Iэмал уиIа?
— Сэ си лъэпкъэгъухэр къызэрыIэпхъуэжрэ сахохьэ, я Iуэху зытетыр зызогъащIэ. Мейкъуапи Къэбэрдей-Балъкъэрми унэ-лъапсэ яIэу щыпсэухэм нэхъ пасэми сахуэзащ, иджы дыдэ санаторэхэм сыщыIащ. Къуажэхэм унэ къыхуащэхуурэ дагъэтIысхьахэм я псэукIэр щыслъэгъуам си гур хигъэхъуащ. ПщIантIэм хадэшхуэхэр къыпыту апхуэдэщ, абы кIэртIоф, помидор, нащэ, къэбыстэ, шыбжий, нэгъуэщI хадэхэкIхэри щыхасат, джэд, Iэщхэр ягъэхъурт. Я Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ псэун Iуэху зэрахуэу къысщыхъуащ си лъэпкъэгъухэм. Мыбы ущымылажьэмэ, узэрымыпсэуфынур, зэпымыууэ зыми узэримыгъэшхэнур къагуроIуэ абыхэм. Я щхьэр зыщIаIун яIэныр арат нэхъыщхьэри, ар хуэмурэ къызэрагъэпэщ. АдэкIэ гугъуехь къыхэкIыну си гугъэкъым, хуэмурэ балигъхэри гъащIэм хэсыхьынущ, сабийхэри есэнущ.
— Хэкум къэзыгъэзэжахэм, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Адыгэ Республикэр псэупIэ зыщIыжахэм нэмыщI, нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуа зэрыщыIэми дыщыгъуазэщ, Сирием и цIыхуу Тыркум кIуахэр, псалъэм папщIэ, мелуаным нэблэгъауэ жаIэ. Абыхэм яхэт адыгэхэм я Iуэхур дауэ хъурэ?
— Мыбдежым занщIэу къыхэгъэщыпхъэщ Тыркум, Иорданием, Германием Iэпхъуа къомым ящыщу зы адыги шэтыр зэрыщIамыгъэтIысхьар. Ар зи фIыщIэр а къэралхэм щылажьэ Хасэхэрщ, ди лъэпкъэгъухэм къытхуащIа гулъытэрщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэри хуабжьу сэбэп къытхуэхъуащ абыкIэ. КъищынэмыщIауэ, Сирием икIыу мы къэралым Iэпхъуэхэм мазихкIэ щыпсэуну хуиту я паспортым занщIэу мыхъур къыхутрагъауэ.
Къыхэгъэщыпхъэу къызолъытэ, щIэпхъуэжауэ шэтырхэм щIэсхэми, хабзэм къемызэгъыу къэрал гъунапкъэр зэпызычхэми ди къуэшхэр зэращымыщыр. Сирием зы адыги икIыжакъым зигъэпщкIуу, и паспортыр имыгъэлъа- гъуэу.
— Иджыри хэкум къэIэпхъуэжыну хуей дэс Дамаск?
— Апхуэдэр куэдщ, Iэджэм я нэр къокI къэкIуэжыну. Ауэ, фэри зэрыфщIэщи, мылъкуншэу нэгъуэщI къэрал зэрыунагъуэу уIэпхъуэным утегушхуэркъым. Мыбы къэкIуэжхэм я Iуэху нэхъ псынщIэу дэкIыу, унэхэр ягъуэту щытамэ, дауи, нэхъ тегушхуэнут. Къызэрыхэзгъэщащи, мы къэкIуэжхэм къэралыр, республикэр къадэмыIэпыкъумэ, езыхэм зыри яIэщIэлъкъым, зы тхьэмахуи щIэгъэкъуэныншэу псэуфынукъым.
— Мазэ зыбжанэ и пэкIэ Налшык щекIуэкIащ «Псори дызэкъуэвгъэуви, ди лъэпкъэгъухэм дадэвгъэIэпыкъу» къыхуеджэныгъэм щIэт телемарафон. Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телевиденэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща а псапащIэ Iуэхум щызэхуахьэса ахъшэр дауэ яIэрыхьа хъуну зи щхьэр мафIэм хэлъ ди лъэпкъэгъухэм, сытым нэхъ трагъэкIуэдэну?
— А Iуэху дахэр екIуэкIа нэужь, ДАХ-м факс нысхуиутIыпщауэ щытащ, къыхэкIа ахъшэ бжыгъэмрэ ар дэ нызэрытхуагъэхьынумрэ иту. А тхылъымпIэр сIыгъыу, Сирием щылажьэ Хасэхэр зи нэIэ щIэт министрым деж сыкIуащ. Хамэ къэралхэм къикIыурэ Хасэхэм къаIэрыхьэ ахъшэм къэралыр кIэлъоплъ. Министрым къызжиIащ Урысейм къикIынум къиин къызэрыхэмыкIынур. Ауэ а факсым и гъусэу тхылъ зэгъэпэща згъэхьэзырын хуейти, зэман кIэщIым ар зэфIэзгъэкIри, министерствэм щIэслъхьащ. Сыт а ахъшэмкIэ тщIэнур жыпIэмэ, гузэвэгъуэ хэт адыгэ унагъуэхэм яхуэдгуэшыну аращ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, нэгъуэщI щIыпIэ къикIыу къытIэрыхьа ахъшэхэм я нэхъыбэр ерыскъымрэ хущхъуэмрэ текIуэдащ. Ди къуэшхэр зыдэс жылэхэм, хьэрып-адыгэкIэ зэхэдмыдзу, я ныбэр мыныкъуэн папщIэ, ерыскъыр ялъыдогъэIэс. Ауэ езы ахъшэр гуэшын хуеймэ, адыгэхэм фIэкIа еттыркъым.
ДАХ-м тхузэхуихьэса ахъшэр дгуэшын папщIэ, дэ ди нэIэ щIэт хасэ къудамэхэм сэ къалэн ящысщIри, район зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэу зи унэ къэуауэ псэупIэ зимыIэжхэм, зи хьэпшып кIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр къысхуагъэхьащ. Зы хьэрыпи хэдгъэхьакъым, апхуэдэуи зи унэ щIэсыж, куэдми-мащIэми, зэрыпсэун тIэкIу къызыIэрыхьэ адыги хэткъым. Зыхуэдгуэшынур хуэныкъуэхэращ. А унэцIэхэр зэхуэсхьэсри, министрми Iэ щIезгъэдзащ. Ахъшэр зыIэрыхьэнухэм я цIэ-унэцIэхэри, щыпсэууэ щыта щIыпIэри, иджыпсту здэщыIэри тхауэ ДАХ-м къыхуэсхьащ.
Зауэр къызэрыхъейрэ, хамэ къэралхэм къикIыурэ къытIэрыхьа ахъшэу сом мелуан 15 хуэдиз дгуэшащ. Езы къэралми къыдет, хьэрыпхэри хъарзынэу къыддоIэпыкъу. Ахэр къызэрытIэрыхьэр банккIэщ, абы къэралыр кIэлъоплъ, аращи, унагъуэр зэрыхуэмыщIам, абы щIэс цIыху бжыгъэм ятещIыхьауэ етту аращ. Къэралым дзыхь къытхуищIауэ тыншу долажьэри, гугъуехь дыхэткъым абы и лъэныкъуэкIэ.
— Иджыблагъэ хамэ къэралхэм щыщ ди лъэпкъэгъухэри яхэту Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ лIыкIуэ гуп Краснодар крайм щыIущIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрийрэ Краснодар крайм и губернатор Ткачев Александррэ. Уэри узыхэта а зэIущIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху куэд къыщаIэтащ, ар Сочэ щекIуэкIыну Олимп Джэгухэрауэ ирехъу, Сирием бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхурауэ щрет. УнафэщIхэм къывжа- Iам, фэ фызыщIэупщIам кърата жэуапхэм мащIэу укъытхутепсэлъыхьыжыну сыхуейт.
— «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэзыухауэ хамэ къэрал щыпсэухэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэм и ныбжьэгъухэмрэ я ассоциацэ» зэгухьэныгъэм дыхагъэхьащ Сирием щыщ цIыху 12. Дэри, Иорданием къикIахэри, хэкурысхэри университетым и юбилейм дыхэтри, адэкIэ ягъэпса программэм ипкъ иткIэ, Краснодар крайм, Сочэ къалэ дашащ. Псом япэ жысIэну сыхуейщ шапсыгъхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэрызэдгъэлъэгъуар, я Iуэху зыIутыр къызэрытщIар. Къалэу дызыдыхьахэм – Краснодар, Сочэ, Адлер, нэгъуэщIхэми – я тхьэмадэхэр, дэс адыгэхэр, я къэфакIуэ гупхэр дахэу, гуапэу къытпежьэу.
Сочэ щытлъэгъуащ Олимп Джэгухэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэр, абы зэрызыхуагъэхьэзырыр. Абы иужькIэ екIуэкIа зэIущIэм зыхуэдгъэхьэзырат, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм упщIэ куэд худиIэт. АрщхьэкIэ, Козак Дмитрий и фIэхъус псалъэм иужькIэ, занщIэу зыкъытхуигъазэу къыджиIахэм зы упщIи къытхуагъэнакъым, ди гум илъ псоми я жэуапыр зэхэтхащ. Абы жиIахэм ящыщу си гуапэ дыдэ хъуахэм сыкъытеувыIэнщи: «Мы щIыналъэр фи адэжьхэм я хэкущ, сыт щыгъуи фыкъэкIуэнуи, фыщыпсэуну фыкъэIэпхъуэжынуи ди гуапэщ. Фэрэ дэрэ дызэкъуэту, къэралым и мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ дыхэлIыфIыхьу дыпсэун хуейщ», – жиIащ къулыкъущIэм. Нэхъ дызыгъэпIейтейхэм щытепсэлъыхьым, Иорданиемрэ Сириемрэ я визэхэр трахыну мурад зэраIар, ауэ Сирием къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэхэм папщIэ ар тIэкIу ягъэIэпхъуэн хуей зэрыхъур, Иорданием и Iуэхур куэд мыщIэу зэрызэфIэкIынур къыхигъэщащ. АбыкIэ сигу мызагъэу, итIани Сирием и Iуэхум сытепсэлъыхьати, къэралыр мамыр хъужмэ, пIалъэ къыхамыгъэкIыу апхуэдэ унафэ къызэращтэнур жиIащ.
АдэкIэ УФ-м и университетхэм хамэ къэралхэм щыщу щрагъаджэхэм я гугъу щищIым Козак къытеувыIащ, иджыри къэс зы илъэсым цIыху мини 10 къащтэу щытамэ, дяпэкIэ а бжыгъэр мин 15-м зэрынагъэсынум, абы щыгъуэми адыгэхэм гулъытэ хэха зэрыхуащIынум.
ДыкъэкIуэжа нэужь, Интернетым куэд къратхауэ седжащ, Сочэ щекIуэкIы- ну Олимп Джэгухэмрэ адыгэхэмрэ ятеухуауэ. КъулыкъущIэхэм къыджаIащ а Iуэхури дахэу, зэгурыIуауэ зэрырагъэкIуэкIынур, Сочэ дэт кхъэхэр къызэрахухьар, абы пэблагъэу ухуэныгъэ зэрыщемыкIуэкIыр, нэгъуэщIхэри. Си нэкIэ слъэгъуар зыщ: абы щыпсэу шапсыгъхэр арэзыщ унафэщIхэм къыхуащI гулъытэмкIэ, я псэукIэр ефIэкIуащ, я щIалэгъуалэр лэжьэнми еджэнми хозагъэ, я гъуэгухэр дахэщ.
Дэ ди адэжьхэр хэкум ирахуащ, дэ Джоланым дыкъикIыжащ, аргуэру ещанэ зауэ дыхэхуащ. ДяпэкIэ нэхъ дывгъэгупсысэ, мамыру дызэдэвгъэпсэу. Дэ дызыщIэхъуэпсыр Урысейр нэфIкIэ къыдэплъу ди хэку дыкъригъэхьэжынращ. Дэри дыдэIэпыкъуу, едгъэфIакIуэу, мамыру дыпсэуну дыарэзыщ.
— Зи гугъу тщIы Iуэхум иужь итхэм зрагъэхъулIахэм ятепщIыхьмэ, апхуэдэуи Урысейр СХьР-м зэрыдэщIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр и лъэпкъэгъухэм зэракъуэтыр къэплъытэмэ, фIым ущегъэгугъ…
— Узахуэщ. УФ-м и унафэщIхэри, адыгэ зэрыс республикэхэм я Iэтащхьэхэри къызэрытхущытым ди гур хегъахъуэ. Иджыри къэс хэкIыпIэм и гъуэгум мэлъыхъуэ, Iуэхур нэхъ тынш зэращIыным иужь итщ, зэфIагъэкIыну дыкъызэрагъэгугъахэри мащIэкъым. Мис ахэр, псалъэм къыщымынэу, пэж хъутэмэ, ди Iуэху къикIат. дэнэ щыпсэу адыгэми апхуэдэ гузэвэгъуэ къылъыкъуэмыкIыну солъаIуэ, апхуэдэ щхьэусыгъуэ имыIэу хэкум къэкIуэжыным Тхьэм къулей хуищI адыгэр. Пакистаным, Индием, Афганистаным къикIыурэ Урысейм къэIэпхъуэхэм дащыщкъым дэ. Урысеишхуэм дрицIыхуу дыкъилъытэнырщ хэхэс адыгэр дызыщIэхъуэпсыр.
Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
«Адыгэ псалъэ»