Адыгэбзэ

ИлъэсыщIэм зыхуагъэхьэзыр

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Нэхущ Iэдэм

Дыгъуасэ Налшык щызэхэтащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и зи чэзу зэIущIэ. ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Тхьэзэплъ Хьэсэн зэIущIэр къызэIуихри, абы кърихьэлIахэр щигъэ­гъуэзащ 2014 гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъ Iуэхухэм.

  АдэкIэ зэIущIэм хъыбар гуапэкIэ къыпащащ. Адыгэ Iуэхум, къэрал пщэрылъхэм, лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм, жылагъуэ зэхыхьэхэм и гуащIэ зэрыхилъхьэм къыхэкIыу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, экономикэ щIэ­ныгъэхэм я доктор Сэхъурокъуэ Хьэутий академием и действительнэ члену хагъэхьащ. ЩIДАА-м и президент Нэхущ Iэдэм абы ехъуэхъури дипломыр иритыжащ.

 — Си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ апхуэдэ цIэ лъапIэ къызэрысхуэвгъэфэщам, – жиIащ Сэхъурокъуэм. – Сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ фэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ Адыгэ академием лъэпкъым зиужьынымкIэ къалэнышхуэ зэригъэзащIэр икIи ар адэкIи ефIэкIуэну си гуапэщ.

 Къапэщылъ Iуэхухэмрэ ахэр зэрызэфIагъэкIынухэмрэ я гугъу ящIу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Нэхущ Iэдэм, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, акаде­микхэу Къалэжьокъуэ Хьэсэн, Къалэ Хьэжбарэ, Щома­хуэ Лев, Хъаний Мирон, БакIуу Хъанджэрий, акаде­мием и президиумым хэтхэу Нэхущ Викторие, Сэбаншы Жаннэ сымэ.

 «Адыгэ псалъэ»

Табыщ Динарэ

 

Related posts

Leave a Comment