Адыгэбзэ Новости

Адыгэм и щхьэр лъагэу щIилъагъужхэмрэ и зэфIэкI къимыхьхэмрэ

Фырэ Руслан, Сэхъурокъуэ Хьэутий, Жаным Руслан

ДАХ-м и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэр Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жыла­гъуэ лэжьакIуэхэр, хамэ къэралхэм, гъунэгъу хэгъуэгухэм щыщ ди лъэп­къэгъухэр.

Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий кърихьэлIахэр зэригъэцIыхуащ. АдэкIэ Хасащхьэм хэтхэр щызэхуэмыза пIалъэм къриубыдэу къэхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр, IуэхуфIхэр зыхуэдэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр щигъэгъуэзащ. Тырку Республикэм щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД) и тхьэмадэу щыта Шыгъэлыгъуэ Уэджит и пIэкIэ Хьэгъундокъуэ Яшар хахати, Iуэхум хуэIэижь хъуну ехъуэхъуахэщ. Хасащхьэм нэхъыжьыфIу хэт, Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир а пщэрылъыр къызэрыхуагъэнэжамкIэ, и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуамкIэ, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм сенатору зэ­ры­хагъэхьамкIэ ехъуэхъухэри, саугъэти хуагъэфэщащ. Къызэхуэсахэр хуэхъуэхъуащ я адэжь лъахэм – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм – и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну ягъэува КIуэкIуэ Юрий икIи къулыкъум узыншэу пэ­рытыну, щIыналъэм, абы ис лъэпкъхэм я сэбэп хъун Iуэху куэд зэрызэфIихын къару къыкъуэкIыну зэрагуапэр жаIащ. Ап­хуэдэуи фIыщIэ ин хуащIащ сыт щыгъуи жаIэр зэхихыу, гулъытэ къахуищIу, дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуу лэжьа, КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къа­нокъуэ Арсен.

 

Нэхущ Заурбий, хьэгъундокъуэ Яшар, Гугъэжь Джихьан

 

Япэу псалъэ иратащ КъБР-м и Пар­ла­ментым и УнафэщIым и къуэдзэ Жа­ным Руслан. Абы къыхигъэщащ зэхуэсышхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм зэрыщекIуэкIыр гуапэ зэрыщыхъур.

— Адыгэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, къэрал куэдым щикъухьахэр зэрыщIэнымкIэ, лъэпкъым и Iуэху дэкIынымкIэ ДАХ-м ищIэ лэжьыгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ, – жиIащ Жанымым. – Нобэ хуэдэ зэманым дыщIызэрымыIыгъын зы щхьэусыгъуи щыIэкъым, дызэкIэлъокIуэф, дызэрощIэф. ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ а Iэмалыр куэдкIэ нэхъ тынш, Iуэху щхьэпэхэр къыпэкIуэ хъуащи, ар хуабжьу си гуапэщ.

 

Къардэн Самир, Нэгуэр Зиуар, Жамбэч Зэхьир

Фэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху куэд къы­воIэт. Ахэр сэбэп хъунущ адыгэр зыхэсхэм яхэмышыпсыхьыжынымкIэ. Фэрэ дэрэ лъэныкъуэ зырызкIэ цIыху­бэм дахуэлажьэу аращи, сыт щыгъуи дызэрыщIэн, дызэрыIыгъын хуейщ. Фэ къафщтэ унафэхэр дэ къэрал хабзэм къидгъэтIасэурэ нэхъ тынш зэрыхъуным, апхуэдэуи лъэпкъым и гукъеуэр фубзыхумэ, ар республикэм, ­къэралым я пащхьэ итлъхьэурэ зэ­ры­пхыдгъэкIыным иужь дитынущ. Сэ мызэ-мытIэу сыкърохьэлIэ фи зэIущIэхэм, хуабжьу Iуэхугъуэ щхьэпэхэм фытопсэлъыхь, икIи фIыуэ къывгуроIуэ цIыху е гуп щхьэхуэ утыкум илъадэкIэ зыри зэрыхупхымыгъэкIынур, абы ипкъ иткIэ, дызэкъуэту дызэдэлажьэмэ, гъуэгум я нэхъ пэжым дызэрытетыфынур, ди Iуэхур зэредгъэфIэкIуэфынур си фIэщ мэхъу.

Хасащхьэм хэтхэм я лэжьыгъэм и пэщIэдзэу тепсэлъыхьыжащ Сочэ къалэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэр къызэгъэпэща зэрыхъуам, адыгэ IуэхумкIэ иIа мыхьэнэм, къыпэкIуэну зыщыгугъ сэбэпынагъым, нэгъуэщIхэми. Абы ипэ къихьэу хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ еплъащ Урысейм мы гъэм къыщыхъуа Iуэху иным, дахэм теухуа фильм кIэщI. Абы къыщыпсэлъащ Олимп Джэгухэм еплъахэр, къыщызэIуахым, щызэхуа­щIыжым хэтахэр, Сочэ и гъунэгъуу щыпсэу шапсыгъхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

АдэкIэ псалъэ иратащ Къардэн Самир:

— Иорданием ис адыгэ псоми къабгъэдэкIыу сэлам гуапэ фызох. Олимпиадэр щекIуэкIым сызэрыхэмытыфар сигу къеуащ, ауэ ди ФIыщIэ Хасэм къыбгъэдэкIыу лIыкIуэ гуп къэдгъакIуэри щыIащ. Сочэ щекIуэкIа псоми дыкIэлъыплъати, ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужащ. Адыгэхэм абы щагъэлъэгъуам дигъэгушхуащ, къэралым ди лъэпкъ цIыкIум къыхуищIа гулъытэр гуапэ тщыхъуащ. Адыгэр сыт щыгъуи, дэнэ щIыналъэ щымыпсэуми, зыхэсхэм фIыкIэ къахэщу, я къабзагъкIи, я IущагъкIи куэдым ефIэкIыу апхуэдэщи, ди щхьэр Iэтауэ иджыри абы дызэрытетынум дыхущIэвгъэкъу.

Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид:

— БлэкIа мазэ зытIущым дызыхэтамрэ тлъэгъуамрэ псалъэкIэ къэпIуэтэжыну гугъущ. Ди къэралыгъуэшхуэм щекIуэкIа Олимпиадэм Урысейм ис лъэпкъхэри нэгъуэщI щIыпIэ щыпсэухэри нэхъ гъунэгъу зэхуищIащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Адыгэхэм ящыщу дэ, шапсыгъхэм, нэхъ куууэ зыхэтщIащ къекIуэкIа Iуэхур. Волонтерми, хабзэр яхъумэми, къызэгъэпэщакIуэми, хьэрычэтыщIэми ди лъэпкъэгъухэр хуабжьу жыджэру хэтащ мы Iуэхум.

Къыхэзгъэщыну сызыхуейр зыщ: Олимп паркым ита Адыгэ унэм дахэу утыку къыщрахьащ адыгэм и щыIэкIэ-псэукIэри, и IэпэIэсагъри, щэнхабзэ лъа­гэ зэриIэри. «Кабардинка», «Ислъэмей», «Налмэс» къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэр зэи ящыгъупщэжыну къыщIэкIынкъым хамэ къэрал къикIахэм. Сэ сызэреплъымкIэ, игъащIэм адыгэм къыхуихуакъым мыпхуэдэ Iэмал – и гугъуехьхэр къэралпсо утыку ищIыну, и щыIэкIэр куэдым яхигъэIуэну.

Олимпиадэм нэхъ лъапIэу къыхэтхауэ слъытэр адыгэ лъэпкъым и цIэр жыжьэ зэрынэсарщ, и псэукIэр утыку къызэрырихьэфарщ.

КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар къыхигъэщащ къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэм я щэнхабзэр, хабзэр езым я хэкум зэрыщагъэлъэгъуам мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

Хасащхьэм хэт Бырсекъуэ Орфани езыр зыщыгуфIыкIхэм ящыщу дыщIигъуащ хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэ нэхъыбэ хэкум къагъакIуэурэ щрагъэджэныр Олимпиадэм фейдэуэ къазэрыхухэкIар.

Израилым щыIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэ Нэпсо Нихьэт къыхигъэщащ Олимп Джэгухэр Сочэ зэрыщекIуэкIам цIыхухэр зэреплъыр зэры­зэ­те­мыхуэр.

— Олимп Джэгухэр къыщызэрагъэ­пэщым сэри зы мазэкIэ сыхэлэжьыхьащ, – жиIащ Нихьэт. – Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, къэралым и щэнхабзэм ди лъэпкъым хуищI хэлъхьэныгъэр зэ­рагъэлъэгъуам сыщыгуфIыкIащ. ФIы­щIэ куэд хуэфащэщ Адыгэ унэр паркым изыщIыхьа Краснодар крайм и администрацэм. Зыри пэрыуэгъу къытхуэмыхъуу ди лъэпкъым и Iуэху зытетыр, ди тхыдэр, ди щэнхабзэр къыщIыхьэхэм яжетIащ, дгъэлъэгъуащ. УримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым медалхэр щат утыкушхуэхэм, мин бжыгъэкIэ цIыхухэр щызэхуэсым, «Кабардинка»-мрэ «Налмэсымрэ» къызэрыщыфам. Адыгэ щIалэхэми ди лъэпкъ ныпыр яIыгъыу къакIухьу зэ­рыдэтар си гуапэ хъуащ. Зы лъэпкъ закъуэщ унэ зиIар – ар адыгэращ. Унэр – метр зэбгъузэнатIэ 600, зытет щIыр метр зэбгъузэнатIэ 1500-рэ хъурт, абы адыгэ лIыжьхэр дэтт, щIалэгъуалэр щыкуэдт.

Сэ сызэреплъымкIэ, зауи бани ды­хэмыту, адыгэ пшынэ деуэу, адыгэ фащэр тщыгъыу ди Iуэху дэдгъэкIыжыну, ди тхыдэ къэтIуэтэжыну хуит дыхъуащ. Акъылрэ щхьэкIэ текIуэращ пашэхъур, армыхъумэ, Iэпщэм фIы къып­хуи­хьынукъым.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ зи гугъу ящI Iуэхур дахэу зэрекIуэкIари, адыгэм и щхьэр лъагэу Iэтауэ зэрыхэтари, ар екIуу къызэрагъэлъэгъуэжари. Абы къыхилъхьащ шапсыгъ журналист, сурэттех Ныбэ Анзоррэ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Къарей Элинэрэ траха сурэтхэм хъыбар кIэщIхэр кIэщIэту иту зы альбомышхуэ ДАХ-м къыдигъэкIыну зэрыфIэигъуэр. Ар ЩIымахуэ Олимп Джэгухэмрэ адыгэхэмрэ я джэлэсу лъэпкъым къы­хуэнэнущ.

 

Хъуажь Фахъри, нэпсо Нихьэт, Аслъэн Алий

 

 

 

 

 

 

 

Зыгъэзэжыну яхэтыр мащIэщ

 

Сирием щыпсэу адыгэхэм нобэ я Iуэху зыIутымрэ АР-м, КъБР-м, КъШР-м къэIэпхъуэжахэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэмрэ теухуауэ щыта етIуанэ IуэхумкIэ къэпсэлъащ Бырсекъуэ Орфан.

— Сирием щекIуэкI Iуэхур махуэ къэс нэхъ гузэвэгъуэ хъууэрэ макIуэ, – къыхигъэщащ абы. – ИджыпстукIэ адыгэу мини 8-м щIигъу икIащ СХьР-м. Тыркумрэ Иорданиемрэ мин щырыщ щыIэщ, Къэбэрдейм цIыху 600-мщIигъу къэкIуэжащ, Адыгейм 400 щыIэщ. Езы Дамаск унагъуэ мини 2-м нэблагъэ Iэпхъуауэ, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхэсщ.

Адрей къэралхэм ебгъапщэмэ, мыбы нэхъ мащIэ къыщIэкIуэр хэкур фIы­уэ ямылъагъуу аракъым, атIэ ахъшэшхуэ зэрытехуэрщ щхьэусыгъуэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, зы цIыхур Налшык къэкIуэн папщIэ доллар 1500 – 2000 токIуадэ, апхуэдэуи кхъухьлъатэхэр тэмэму зекIуэркъым, квотэр нэхъ мащIэ ящIауэ къызэрырамыгъэхьэжым и ­гугъу умыщIыххи.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжа цIыху 600-м щыщу 228-р, унагъуэ 67-р, санаторэхэм иджыри щIэсщ. Абы я Iуэхури дахэу ежьат, унэ къыхуащэхуну зэтраублат, яшэурэ къалъысар ирагъэлъэгъуат, ауэ КъБР-м и Iэтащхьэр зэрахъуэкIри, псори и пIэ къинэжащ. Лей зылъысахэр хуабжьу лъэIуащ абы­хэм я щхьэ кърикIуэнур зэдгъэщIэну, я Iуэху зэрыдагъэкIынум и хэкIыпIэхэр Хасащхьэм щаубзыхуну. Абыхэм фIыщIэ хуащI республикэм и цIыхухэм – зы махуи шхын, щыгъын, хущхъуэ хуэныкъуэу ягъэпсэуакъым. Ауэ къэралым, республикэм я пщэ дэмысу, езыхэм я щхьэ ягъэпсэужыфын щхьэкIэ псэупIэ тIэкIу зрагъэгъуэтыну я хъуэпсапIэщ.

 

Бырсекъуэ Орфан

Орфан и псалъэхэм и жэуапу КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Фырэ Руслан жиIащ Сирием къикIыжауэ КъБР-м щыпсэухэм я Iуэ­хур дагъэкIын папщIэ правительствэ комиссэ зэхашауэ зэрылажьэр, дяпэкIэ, КIуэкIуэ Юрий и унафэкIэ, комиссэм хэтхэм а цIыхухэм зыхуагъазэу хэкум къинэжу щыпсэуну зи мурадхэм зыщIагъэкъуэну зэраубзыхуар.

ДАХ-м Хэхэс адыгэхэр адэжь щIыналъэм къэшэжынымкIэ и комитетым и унафэщI ГубэщIыкI Владимир къыхигъэщащ зи гугъу ящIыр Хасэм и мызакъуэу, къэралми республикэми я дежкIэ гугъуу зэрыщытыр.

— Иджыпсту санаторэхэм щIэс унагъуэ 60-м щIигъум нэмыщI, адэ-мыдэкIэ фэтэр къащтауэ е къуэш, ныбжьэгъу къагъуэтауэ псэу куэд щыIэщ. Ар зи нэIэ щIэт ДАХ-м и къудамэр 15-рэ дызэхуэзащ, а цIыхухэр куэдрэ къетшалIэурэ я гуныкъуэгъуэмрэ Iуэху еплъыкIэмрэ зэдгъэщIащ.

Властыр ди дэIэпыкъуэгъуу къуажэхэм унэ зырыз къащыхуэтщэхуну дубзыхури тедгуэшат, тшэурэ едгъэ­лъэгъуат, арщхьэкIэ хэти къылъыса унэр фIэцIыкIуу, хэти а районым хуэ­мейуэ, Iуэхур кIыхьлIыхь хъури, икIэм-икIэжым къэхъуа зэхъуэкIыныгъэм и зэранкIэ псори къэнэжащ, – Iуэхур зэ­ры­щытым къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ГубэщIыкIым. – Ди республикэм къэкIуэжахэм я нэхъыбэр къэнэжыну хуейщ, зырызыххэщ зауэр иухмэ зыгъэзэжыну зи мурадыр. Ар къэлъытауэ хэкIыпIэ къэгъуэтын хуейщ.

Сэ къызэрыслъытэмкIэ, республикэ бюджетым имыIэ ахъшэр къэтлъы­хъуэу дызэхэскIэ Iуэхур кIуэтэнукъым. Абы ипкъ иткIэ, къуажэхэм я Iэтащхьэхэм захуэгъэзауэ, нэхъыжьхэр мыпсэужу, нэхъыщIэхэм унэ нэщIыр къагъанэу къалэм кIуауэ щыIэхэр зэгъэщIэн, абыхэм елъэIун хуейщ пIалъэкIэ зауэм кърихужьэжа ди лъэп-къэгъухэр щIагъэтIысхьэну. Е республикэм куэд исщ къулыкъу яIэу, мылъку­ ябгъэдэлъу. Абыхэм унэ зырыз къедгъэщэху щхьэ мыхъурэ? Си щхьэкIэ, апхуэдэ Iуэхур едгъэжьамэ, зы унэ­кIэ сэри сахэувэнут. Псоми зэхэту сом мелуан 25-рэ текIуэдэну къабжауэ аращ, зы унэм къуажэм сом мин 300 – 400 щы­хуэ­зэу аращ.

Бэгъущэ Iэдэм

Адыгэ Республикэм щыщыIэ щыты­кIэм къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Мей­къуапэ щылажьэ Хасэм и тхьэма­дэ Бэгъущэ Iэдэм.

— Ди республикэм цIыху 630-рэ хуэдиз къэкIуэжащ. Унагъуэ 17 адыгэ къуажэхэм яхэтIысхьауэ, къагъэсэбэпыну псори къуажэдэсхэмрэ гъунэгъу­хэмрэ я фIыгъэкIэ зэрагъэпэщауэ тэ­мэ­му мэпсэу, – жиIащ абы. – Уригушхуэну зы хэлъщ мы Iуэхум: щIалэу, пщащэу школым кIуахэм псынщIэу адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ зрагъэ­щIащ, къэIэпхъуэжахэм сабийхэр къахэхъуащ. Ауэ, пэжщ, гугъуехьу щыIэхэри куэд мэхъу. Илъэс зы-тIукIэ узэIэбэкIыжмэ, Адыгейм къэзыгъэзэжыну хуитхэм квотэу 2000 хуха­хыу щытащ. Сирием ди цIыхухэр къикIыжын зэрыщIадзэу, квотэр 450-рэ ящIащ. Мы гъэр къихьагъащIэу, аргуэру кIэрагъэхури, 300 къудей къагъэнауэ аращ. А 300-м хеубыдэ урысу, ермэлыуэ, нэгъуэщI лъэпкъым щыщу хэкум къихьэжхэри.

 Сэ къызэрыслъытэмкIэ, махуэ къэс лъэпощхьэпо гуэрхэр къагупсыс. Ар Сирием къикIыж адыгэхэм я гъуэгур нэхъ гугъусыгъу ящIыным епхауэ арами сщIэркъым. Москва дыщыщIэупщIати, илъэсыр къихьа нэужь, квотэ бжыгъэр зэрахъуэкIыжыну хуимыту къыджаIащ, арщхьэкIэ адыгэ зэрыс республикищми яйр ягъэмэщIащ.

Украинэм къыщыхъуа зэрыхьзэрийм щхьэкIэ къэрал къулыкъущIэ псоми зыжьэу жаIащ ди цIыхухэр къитшы­жын, дадэIэпыкъун зэрыхуейр. Мелуан бжыгъэ исщ абы урысу. Абыхэм зы сыхьэтым къриубыдэу паспорт хуащIри къашэж. УФ-м и КонституцэмкIэ къэралым ис сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIа цIыхуми я хуитыныгъэхэр зэхуэдэу щытын хуейщ. Дэ тлъагъур сыт? Илъэсищ мэхъури ди лъэпкъэгъухэр щаукI щIыпIэм кърашыжыныр тхузэтеублэркъым. Ди хэкушхуэр – Урысейр – нэхъ ин, нэхъ лъэщ хъуну дэри дыхуейщ, а къэтшэжхэри аращ зыхуэлэжьэнур.

Бэгъущэ Iэдэм къыхилъхьащ ДАХ-м и зэIущIэм къыбгъэдэкIыу къэралым, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советми Къэрал Думэми я унафэщIхэм лъэIу тхылъкIэ зыхуагъэзэну, Украинэм ис ди хэкуэгъухэм къэралыр зэрадэIэпыкъум хуэдэу, Сирием ис ди къуэшхэми гулъытэ хуа­щIыну.

Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд къыхигъэщащ АР-мрэ КъБР-мрэ щыщыIэ щытыкIэм нэхърэ КъШР-м щекIуэкIыр зэрынэхъ гугъур, дэфтэр Iуэхум куэд къызэрилъахъэр. «Урысей хабзэм къемызэгъ къытхуэфщIэ жытIэу дэ зэи дылъэIуэнукъым. Ауэ ар ди деж къызэрыщызэпаудырщ ди гуныкъуэгъуэр: квотэр ягъэмэщIащ, «кIуэрыкIуэсэж» («беженец») статусыр къратыркъым. АуэщыхъукIи, КъШР-м нэзыунэтIахэм зы цIыхуи яхэткъым ягъэзэжыну хуейуэ, къанэу лъабжьэ зэрадзын Iуэхущ зэрахуэр», – жиIащ Мухьэмэд.

Къущхьэ Догъэн

«Пэрыт» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Хьэгъэжей Беслъэн къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ хэкум къэкIуэжахэм дэфтэр и лъэныкъуэкIэ трагъэлъ гугъуехь псоми уи щхьэр ипхыжын хуэдэу узэращIым, ауэ, итIани, зыгъэзэжыну хуей куэд мыбы щыIэхэм зэрахэмытым. «Унэ иратауэ хэкум щыпсэухэм уеплъмэ, я бгыр щIакъузауэ Iэщ зэрахуэ, хадэ ящIэ, ипхужами пхуикIыжынукъым. КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ зэрыщIэсыр къэзгъэсэбэпу жысIэну сыхуейт: КъБР-м щIым теухуа и хабзэм итщ дзэм хэтахэм е бын­унагъуэшхуэхэм щIы кIапэ епт хъуну. Абы ипкъ иткIэ, дзэм къулыкъу щищIауэ е бын куэд яIэу къэзыгъэзэжахэм яхэтхэм къуажэхэм щIы тIэкIу къы­щратыну унафэ къащтамэ, щIыхьэху защIэкIэ унагъуэу ягъэтIы­сы­жы­фыну Iэмал щыIэт», – жиIащ Хьэгъэжейм.

УФ-м и УФМС-м и къудамэу КъБР-м щылажьэм и IэщIагъэлI Iэрэмысэ Анзор жаIа псоми едэIуа нэужь, къэрал хабзэм къызэрезэгъымкIэ Iуэхур зыIутыр къигъэлъэгъуащ.

— ЦIыхур Урысейм къыщихьэкIэ, зэплъыр къызыхэкIа лъэпкъракъым, атIэ къыздикIа къэралращ. Иджыпсту Сирием урысрэ адыгэрэ къикIыу щытмэ, тIуми зэщхьу еплъынущ къэрал хабзэр. Iуэхур зэлъытар къэралитIым яку дэлъ зэгурыIуэныгъэращ, – жиIащ абы. – Сирием къикIхэр визэкIэ фIэкIа къихьэ хъуркъым ди къэралым, къи­щы­нэмыщIауэ, абы и пIалъэри кIэщIщ, пыщIа документхэри куэд мэхъу. Украинэм фыщытепсэлъыхькIэ, Кърымыр Урысейм и щIыналъэу къалъытэу зэ­рыщытар зыщывмыгъэгъупщэ, аращ абыхэм я паспортхэр нэхъ псынщIэу щIагъэхьэзырыр.

КъищынэмыщIауэ, Iэпхъуэшапхъуэм­ ехьэлIа законодательствэм нэгъабэ лъан­дэрэ зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ халъхьащ, ар зыгуэрым щхьэхуэу ехьэ­лIауэ щыткъым, атIэ Урысейм и Iэп­хъуэшапхъуэ политикэр нэхъ ткIий ящIауэ аращ. Псалъэм папщIэ, хабзэм къемызэгъыу къэралым итхэр къаубыда нэужь, илъэсихкIэ къихьэну хуимыту ирагъэкIыж. Хабзэ къекIуэкIыр тщIэн хуейщ, абы дебакъуэ зэрымыхъунури быдэу къыдгурыIуапхъэщ. Дэ ди лъэпкъыр бэлыхь хагъэту, адрейхэм ядэIэпыкъуу зэрыжаIэр пэжкъым, апхуэдэу жызыIэхэр Iуэхум щымыгъуа­зэхэращ.

 

Илъэс бжыгъэ хъурей ирикъухэр

Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щызэпкърахым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ мы Iуэхум куэд щIауэ иужь зэритыр, ДАХ-м программэ щхьэхуэ зэригъэхьэзырар, ар КъБР-м и Правительствэм и пащхьэ иралъхьэу, накъыгъэм и 21-м республикэ псом щекIуэкIынухэр яубзыхун зэрыхуейр.

— Зи гугъу сщIы программэм хэт Iуэхугъуэ зыбжанэ зэфIэдгъэкIащ, – къыпищащ адэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Республикэм и къалэхэм, къуажэхэм дэт курыт школхэм Кавказ зауэм теу­хуа лекцэхэр щекIуэкIынущ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ конференц къыщызэрагъэ­пэщынущ хамэ къэрал щыщ щIэныгъэлIхэри кърихьэлIэу. Апхуэдэуи илъэси 100-кIэ екIуэкIа зауэжьым къытхуихьа гуауэмрэ абы и Iэужьымрэ теухуа нэтынхэр ягъэхьэзырынущ, газетхэм тхыгъэхэр къытрадзэнущ.

Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум папщIэ республикэ къызэгъэпэщакIуэ комитет зэрызэхашар, абы накъыгъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ 21-рэ хъуху екIуэкIынухэр зэрыщаубзыхур жиIащ Фырэ Руслан.

 

ГубэщIыкI Владимир

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дыщIигъуащ АР-м, КъШР-м, КъБР-м къыщыдэкI адыгэ газетхэм напэкIуэцI 24-рэ хъу зы номер ягъэхьэзырыну зэрамурадыр. Апхуэдэуи ХьэфIыцIэм и гугъу­ ищIащ а Iуэхум ехьэлIауэ къыдигъэкIыну тхылъ­хэм, альбомхэм, ягъэувыну фэ­еплъым, «Хэхэс адыгэхэр» гъэлъэ­гъуэныгъэм.

Къызэхуэсахэр адэкIэтепсэлъыхьащ 2014 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум. Абы папщIэ республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ я мурадхэр утыку кърихьащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Iуэхугъуэ 16-у зэхэт программэр КъБР-м, АР-м, КъШР-м ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм къызэдащтэмэ, псори екIуу­ къызэгъэпэщауэ, цIыхубэ уса­кIуэм и фэеплъым хуэфащэу зэре­кIуэ­кIы­нур жиIащ.

Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру, ЩIДАА-м и академикыу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ президенту щыта Къалмыкъ Юрэ къы­зэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ Шэрджэс Мухьэмэд жиIащ 2014 гъэр абы и цIэкIэ КъШР-м зэры­ща­гъэувар, илъэсым и пэщIэдзэм адыгэ къуажэ псоми абы теухуа Iуэхугъуэхэр зэрыщрагъэкIуэкIар, дяпэкIи куэд зэрамурадыр. КъищынэмыщIауэ, и гуапэ хъууэ къыхигъэщащ Къалмыкъым Саратов къыщызэIуихауэ щыта «Институт частного права» жыхуиIэм абы и цIэр зэрыфIащыжар, Къэрэшей-Шэрджэсым ис къэрэшейхэми, нэгъуейхэми, абазэхэми абы и фэеплъым теухуа зэIущIэхэр зэрырагъэкIуэкIыр.

 

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым…

Адыгэбзэр хэкурысхэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ я деж щыхъумэнымкIэ лъэпкъ программэм теухуауэ щыта Iыхьэм щытепсэлъыхьащ а программэм хагъэхьэжыпхъэу къалъытэхэмрэ бзэм и Iуэхур зэрегъэфIэкIуапхъэ Iэмалхэмрэ.

ДАХ-м и пщэ къыдэхуэ къалэн нэхъыщхьитIым щыщу зыр бзэр хъу­мэныр арауэ зэрыщытыр жиIащ МэшхуэфI Нэждэт.

— Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщ лъандэрэ къалэнитI нэхъыщхьэу иIэщ: зыр хэхэс адыгэхэм я хэкур егъэгъуэтыжынырщ, етIуанэр, адыгэр дэнэ щымыпсэуми, и анэдэлъхубзэр ихъумэжынымкIэ сэбэп хъунырщ, – жиIащ МэшхуэфIым. – Адыгэбзэр хъума хъуным щIэныгъэлI куэди, политик нэгъуни елэжьащ. Ауэ сэ къыхэзгъэщыну сызыхуейр зыщ: ди бзэр нэхъыфIу хъума хъун папщIэ, адыгэу дунейм тетыр зы бзэкIэ дытхэу, дызэпсалъэу зэтеублапхъэщ, абы папщIэ псом япэ игъэщыпхъэр ди алыфбейр зэщхь щIынырщ. Абы гугъуехь хэлъу къэслъытэркъым, нэхъ тыншу дызэгурыIуэу зэрыхъунум и фIыгъэр зыхэтщIэу щытын хуей къудейуэ аращ. Ди цIыхухэр гугъу ехьынукъым хуэм-хуэмурэ Iуэхур ­едгъажьэмэ. Адыгэ зэрыс, диалект зэмыщхьхэмкIэпсалъэ хэгъуэгухэм къыщыдэкI тхылъхэмкIэ дызэхъуажэмэ, ди газетхэм тхыгъэхэр бзэ зэмыщхьхэмкIэ къытеддзэмэ, цIыхубэр нэхъ псынщIэу есэнущ.

 

Шэрджэс Мухьэмэд

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ бзэм и Iуэхур къэрал къулыкъущIапIэхэм я деж щегъэжьауэ убзыхун зэрыхуейр. Бзэм теухуауэ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, Жылагъуэ палатэм, ДАХ-м, КъАХ-м зыбжанэрэ зэIущIэхэр щекIуэкIащ.

— Бзэр щыIэщ, мэлажьэ, ар зей лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъмэ, я унагъуэхэм щрипсалъэмэ, я сабийхэм ирагъащIэмэ, Iуэху иризэфIахыу къэрал IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпмэ, – къыхигъэщащ ХьэфIыцIэм. – Адыгэбзэр зыIэщIэхужахэр зэрымымащIэм дегъэгумэщI адэжь щIыналъэм ис адыгэхэри Хэкужьым пэIэщIэ хъуа­хэу щIыналъэ куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри.

Анэдэлъхубзэр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным, ди бынхэм яIурылъыным, къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым йогупсыс лъэпкъыр щыIэнымкIэ бзэм иIэ мыхьэнэр къызыгурыIуэ дэтхэнэ адыгэри. Бзэр хъумэным пыщIа гугъуехьхэм я нэхъыбэр къызыхэкIыр зы щIыналъэ дызэримысыжырщ.

 Къэбгъэлъагъуэмэ, зи щIыналъэхэм (Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым) щыпсэуж адыгэхэри анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ гугъу дохь,­ ар къэралыбзэу кавказ республикэхэм щыщытми, къэралым гулъытэ къыхуищIми. Нэхъыщхьэу къыхэгъэщыпхъэр къыдэкIуэтей щIэблэм бзэр яIурылъу къэгъэхъунырщ. Абы ипкъ иткIэ, школым кIуагъащIэ сабийм 4-нэ класс ­хъуху предмет псори адыгэбзэкIэ ирагъэджу зэтеублэнырт хэкIыпIэр, ауэ ар къэрал унафэу щытын хуейщ, итIанэщ псоми щагъэзэщIэнур.

Адыгэ алыфбейм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ жыпIэмэ, бзэр джэгуалъэкъым. Абы и хабзэхэр зэхэпкъутэн и пэкIэ, лэжьыгъэшхуэ ебгъэкIуэкIын хуейщ. Абы елэжьыпхъэхэри бзэ щIэныгъэлIхэрщ, армыхъумэ дохутырхэр, инженерхэр е ухуакIуэхэракъым. ЗэхъуэкIыныгъэ хэплъхьэпэну щытми, ар хуэмурэ бзэм хэгъэзэгъэн хуейщ, армыхъумэ зы жэщ-зы махуэм зэфIэкIыну Iуэхукъым. Ап­хуэдэ жэрдэм утыку къипхьэн и пэ куэд зэпэпшэчын хуейщ.

Ди япэ итахэм тхуахъума бзэр нобэ дэ Iумпэм тщIымэ, ар зыIэщIэдгъэхумэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуауэ аращи, апхуэдэ къэмыхъуным дэтхэнэ зыри дыхуэлэжьэн хуейщ. Псом хуэмыдэу абыкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ ди егъэджакIуэхэм. И сабиигъуэм (илъэс 12 ирикъуху) цIыхум зригъэщIар зэи IэщIэхужынукъым. ЩIэблэм адыгэбзэр фIыуэ иригъэлъагъумэ, абы пыIуимыгъэщту дригъэхьэхмэ, егъэджакIуэм лъэпкъым къалэнышхуэ хуигъэзэщIауэ къыдолъытэ. Псом япэрауэ, ар унагъуэм илъын хуейщ.

— КъищынэмыщIауэ, телевиденэр къару лъэщщ, – къыпищащ адэкIэ Мухьэмэд. – Зы тхылъ къеджэ нэхърэ телевизоркIэ зы нэтын еплъыну нэхъ къащтэ щыхъуакIэ, дэри абы зытедухуэн ­хуейщ. А каналыр зэрылэжьэн хуейм­ и щапхъэ гъунэжу щыIэщ. Адыгэ хабзэр, бзыпхъэр щIэблэм езыгъащIэ тхылъхэми дыхуейщ. ИнтернетымкIэ, телевизорымкIэ адыгэбзэ дерсхэр егъэкIуэкIыпхъэщ («1 КъБР» каналым щаублащ) дэнэкIэ щыIэ адыгэми бзэр иджыфын, зригъэщIэфын папщIэ.

Уэрамхэм, IуэхущIапIэхэм, къалэхэм, къуажэхэм я фIэщыгъэ­цIэхэр ди республикэхэм щызекIуэ къэралыбзэхэмкIэ тетхауэ щрырет. Апхуэдэ щIыкIэкIэ бзэм и пщIэри нэхъ къыдоIэт! ДяпэкIи бзэр егъэфIэкIуэн, гъэкъэбзэн хуейщ. Сыт хуэдиз хамэ псалъэ къэдгъэсэбэпрэ, ди бзэмкIэ абыхэм я мыхьэнэхэр къызэрыбгъэлъэгъуэн диIэу? Девгъэплъыт: бжыгъэхэр, махуэцIэхэр,  мазэцIэхэр адыгэбзэкIэ жытIэу пIэрэ? АтIэми, «Адыгэ псалъэм» иужьрей илъэс 15-м адыгэбзэм хигъэхьэжащ псалъэ 300-мщIигъу. УищхьэмпщIэхуумыщIыжмэ, хэт къыпхуэзыщIынур? Уи бзэмкIэ къыпхуэIуэтэну гупсысэр хамэбзэкIэ щхьэ жыпIэн хуей?

Бзэр зыIурымылъыж лъэпкъым лъэпкъкIэ уеджэ хъужынукъым. Дыхуэвгъэсакъ ди бзэм, – жиIащ Мухьэмэд.

 Къэралыбзэу щыт адыгэбзэм нобэ иIэн хуей пщIэм, къэрал унафэм хэлъын хуейуэ къилъытэхэм зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и унафэщI Табыщ Мурат.

— Адыгэбзэр къэралыбзэу щIыналъищым – Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм – щыгъэуващ. Бзэм зиужьынумэ, и хуитыныгъэхэм зебгъэубгъунумэ, зэ еплъыгъуэкIэ, ­гъуэгу хъарзынэ убзыхуащ, – жиIащ Мурат. – АрщхьэкIэ, дяпэкIэ къэкIуэну илъэс 50-м къриубыдэу кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэ бзэ­хэм ЮНЕСКО-м адыгэбзэри яхибжащ. КIуэтэху адыгэбзэр нэхъ щIоужьыхэ, гуащIэмащIэ мэхъу – ар пэжщ. Бзэм нэхъ узыфэ бзаджэу пкърытынур ар IэщIыб ящIауэ иримыпсэлъэж, нэмыплъ ират щыхъум дежщ. Узыфэр щыхэтIасэкIи, зыкъыхуэмыгъэщIэрэщIэжу къонэ. Бзэр кIуэдыпIэ изышэри аращ.

Мыпхуэдэ гуныкъуэгъуэ зиIэр адыгэм я закъуэкъым, лъэпкъ куэд дыдэ мы IэнатIэм еувэлIауэ Iутщ. ГурыIуэгъуэщ, дунейр цIыкIу зэрыхъуам, зэхыхьэ-зэхэкIыр зэребэкIым, къалэдэс псэукIэм куэд дыдэм зэрызратам мы псор къызэришэр. Нобэ бзэм шынагъуэ къезытым узэрыпэувыфыну щыIэр зы Iэмалщ, а Iэмалри щIэныгъэ зэгъэгъуэтынращ.

НыбжьыщIэм щIэныгъэ хэхыпIэу иIэр унагъуэмрэ еджапIэмрэщ. Унагъуэм сабийм гъэсэныгъэрэ щэн дахэрэ бгъэдилъхьэну и пщэрылъу щытмэ, еджапIэм щIэныгъэ ирет, и гупсысэкIэм, и дуней лъагъукIэм, и гулъытэм зрегъэужь, зрегъэубгъу, абы елъытауи адэкIэ IэщIагъэ зрегъэгъуэтри, псэуныгъэм зрет. Мыбдеж нэхъ тепкъузэмэ, цIыхум и пщэдейр зыкъомкIэ еджапIэм зэрепхар къыхыумыгъэщу хъуркъым, атIэми еджапIэм зы цIыху мыхъуу щIыхьэр цIыхуищэ бжыгъэ, цIыху мин бжыгъэщи, лъэпкъым и къэкIуэнури абы и IэмыщIэ илъ мэхъу.

Абы и лъэныкъуэкIэ хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэщ «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» жыхуиIэ законым и проекту иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр зэлэжьыр дифI, ди щхьэпэ зыхэлъ хуэзэным.

Мурат къызэхуэсахэм я пащхьэ зэпкърыхауэ ирилъхьащ законым щыгъэбелджыла Iуэху бгъэдыхьэкIэри, езыхэм абы халъхьэну зыхуейхэри.

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ Хъуажь Фахъри жиIащ анэдэлъхубзэм сабийм дежкIэ мыхьэнэшхуэзэриIэр, компьютерыр программэкIэ зэрылажьэм хуэдэу, сабийри абы зэрыхуэныкъуэр.

— Лъэпкъыр лъэпкъыу щытын щхьэкIэ и анэдэлъхубзэр и къэралыбзэу щытын хуейщ, – жиIащ Фахъри. – А тIур зэхуэмызэмэ, сабийм и щхьэм къэкI гупсысэр бзэ шэрыуэкIэ къиIуэтэфынукъым. Псалъэм папщIэ, нэхъ псынщIэу зызыужь къэралхэм – Инджылызым, Урысей дыдэрауи ирехъу, тхакIуэшхуэхэр, щIэныгъэлI лъэрызехьэхэр къащIыхэкIыр я къэралыбзэмрэ я анэдэлъхубзэмрэ зэтохуэри аращ. Дэри апхуэдэу дымыхъуауэ зэфIэкIышхуэ диIэнукъым.

Ди бзэр макъ зэщIэжьыуэ куэд зыхэт, нэхъ гугъуу ялъытэ, ауэ нэхъ бзэ бейхэм ящыщщ. АбыкIэ псы­хьа щхьэкуцIым зримыгъэщIэфын дунейм теткъым. Есэпри, физикэри, химиери адыгэбзэкIэ нэхъ псынщIэу къащтэнущ ди сабийхэм. Ар си щхьэкIэ згъэунэхуащ. Курыт школым кIуэн щыщIэздзам зы псалъи тыркубзэкIэ сщIэртэкъым, итIани тыркум зы сыхьэткIэ зригъащIэм сэ сыхьэт ныкъуэ тезгъэкIуадэу арат, иджыри, хьэрыпыбзэкIэ сыщыпсалъэкIэ, нэгъуэщI лъэпкъ сыщыщу сыкъащIэркъым. Ар къызыхэкIыр ди анэдэлъхубзэр зэрыбейращ. Ар ди сабийхэм къагурыдгъэIуэн хуейщ, Iумпэм ямыщIын папщIэ. Адыгэбзэр щыдгъэIэну дыхуеймэ, гъуэгуитI диIэщ: ди Iэтащхьэм си лъэп­къыр лъэпкъ сщIынущ жиIэу, Парламентым адыгэбзэкIэ щыпсалъэу, къэрал хабзэхэр адыгэбзэкIэ къащтэу щытын хуейщ, ар мыхъунумэ, къуажэхэм адыгэ Хасэхэр щызэфIэдвгъэгъэувэжи, тхьэмахуэ къэс зэхуэсурэ бзэм и гъуэгур пхедвгъэгъэш. Арыншауэ ди бзэр тхуэгъэпсэункIэ хэкIыпIэ щы­Iэу слъагъуркъым.

Калифорнием (США) и лIыкIуэу Хасащхьэм хэт Шыкъ Мухьэмэд-Хьид жиIащ сабийм бзэр нэхъ псынщIэу къищтэнымкIэ иджырей технологиещIэхэр сэбэп зэрыхъунур, абы тегъэщIауэ Iэмалхэр къы­зэгъэпэщын зэрыхуейр.

Тыркум щыщыIэ щытыкIэм и гугъущищIым, Къущхьэ Догъан къыхигъэщащ телевиденэм адыгэбзэм кърата зэманым къэбэрдеибзэкIэ фIэкIа зэрыщымыпсалъэр ягу нэмысу къызэрыщIэкIар, иджы сабийхэр зэрырагъэджэну зэхалъ­хьа алыфбейм и зы напэм и лъэныкъуэр – къэбэрдей, адрейр адыгей диалекткIэ зэратхар. Мыр гъуэгуанэ гугъущ икIи кIыхьщ. Зы бзэкIэ дывгъатхэ жытIэрэ дежьэмэ, езы лъэпкъыр занщIэу къытпэ­щIэувэжынущ. Абы нэхърэ нэхъыфIщ диалект зэмыщхькIэ псалъэхэр дызэхъуажэурэ, Iуэхум хэкIыпIэ къыхуэдгъуэтмэ.

 

Iэрэмысэ Анзор, КIэкIыхъу Мэжид, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд

 

 

Хэкужьым щегъэджэныр лъэмыжщ

 

Хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр пщIэн­шэу хэкум щегъэджэным теухуа­уэ къэпсэлъащ Хасащхьэм хэт,КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур.

— КъБКъУ-м Тыркум, Сирием, Иорданием къикIауэ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэу 294-рэ щоджэ. Иджыпсту сабий 31-рэ къэкIуауэ зэреджэну бзэр – урысыбзэр – зрагъащIэ, – жиIащ Артур. – Хамэ къэ­рал къикIыу ди деж зэрыщеджэ хабзэм зэкIэ зыкIи зихъуэжакъым.

Илъэс къэс 100 нэхърэ нэхъ мащIэ мыхъуу, дяпэкIи къыщIэдгъэтIысхьэну ди мурадщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хамэ къэралхэм мелуан бжыгъэкIэ адыгэр щыIэу, ди деж мащIэ фIэкIа къэмыкIуэныр къезэгъыркъым. Зы илъэсым цIыху 500 – 600 КъБКъУ-м щIэсу зэтеублауэ щытмэ, хъарзынэщ.

КъищынэмыщIауэ, зы Iуэхугъуэм­ сыкъытеувыIэну сыхуейт. Ар Тыркум, Иорданием, Сирием дыщыкIуахэм къыхэзгъэщауэ щытащ. Бзэм, тхыдэм хуеджэн щIалэгъуалэ нэхъыбэ къагъэкIуэну зэ­рысфIэигъуэрщ зи гугъу сщIыр. Ди бзэр Урысейм и хэгъуэгухэм я закъуэкъым здэщыIэр, атIэ хамэ къэралхэм щызэрахьэри, ар зы­хъумэнухэр дгъэхьэзырыныр ди къалэнщ. БзэмкIэ щIэныгъэлIхэр бгъэхьэзырыным илъэси 9 – 10 токIуадэ. Абы илъэситху и пэкIэ щIэддзауэ щытамэ, гъуэгум и ныкъуэр ткIуауэ щытынут. Урысейм ис адыгэм и тхыдэм дыщыгъуазэкIэ, ди лъэпкъ тхыдэр тщIэуэ жытIэ ­хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и нэхъыбэр къэрал куэдым щызэбгрыпхъащ.

Къуэдзокъуэ Анатолэ къыхигъэщащ мыбы къэкIуэныр, щеджэныр, щыпсэуныр къэрал хабзэмкIэ нэхъ ткIий зэрыхъуар. Абы ипкъ иткIэ, Хасэ тхьэмадэхэм чэнджэщ яритащ адэ-анэхэм зыхуа­гъазэу хэкумкIэ еджакIуэ къа­кIуэхэр зыхуэсакъыжын, зыкIэлъыплъыжын, хабзэр къызэпызыудрэ гъэсэныгъэ зыбгъэдэмылърэ яхэт зэрымыхъунур гура­гъэIуэну.

— Адыгэ хэхэсхэр адэжь хэкум пыщIэжынымкIэ Iэмал нэхъыщхьэу щыIэр ди щIалэгъуалэр мыбы зэрыщедгъаджэращи, ар къызэтедгъэувыIэ хъунукъым. Гъэ къэс нэхъыбэ къэдгъэкIуэн хуейщ, – жиIащ Хьэгъундокъуэ Яшар.

«Хэку» зэгухьэныгъэм ди лъэп­къэгъухэм я щIэблэр къызэришэм, абы хэлъ гугъуехьхэм, щыIэ хэкIыпIэхэм теухуауэ къэпсэлъащ а зэгухьэныгъэм и унафэщI НэкIацэ Владимир. Абы къыхигъэщащзиужь ит Iуэхухэр нэхъ тыншу дэкIын папщIэ Москва щыIэ ди сенаторхэм нэхъыбэрэ захуэгъэзэн зэ­рыхуейр.

Адыгэхэм я Дунейпсо махуэр 2014 гъэм фокIадэм и 20-м Урысей Федерацэмрэ адыгэ щыпсэу нэгъуэщI къэралхэмрэ зэрыщагъэ­лъэпIэным теухуауэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ программэр зэхалъхьэрэ КъБР-м и Правительствэм и пащхьэ иралъхьэмэ, зыри пэрыуэгъу къахуэмыхъуу зэрырагъэкIуэкIыфынур. Апхуэдэуи КъШР-ми, АР-ми, Москваи, хамэ къэ­ралхэми а махуэр дахэу, Iэтауэ ­щагъэлъэпIэн зэрыхуейр дыщIигъуащ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд проект пыухыкIа къыхилъхьащ а махуэр зэрагъэлъэпIэнур, абы ирихьэлIэу зэфIагъэкIын хуейхэр иту. ИкIи жиIащ Адыгэхэм я Дунейпсо махуэр республикищми я Парламентхэм къегъэщтэн, ар щагъэлъапIэкIэ къэралыр мылъкукIэ якъуэувэу зэтеублэныр зэрыфIэигъуэр. «Мыр дуней псом къыщыдэкI тхылъхэм, махуэгъэпсхэм ит махуэу ар гъэувыныр псоми ди зэ­хуэдэ къалэнщ, абы папщIэ дэфтэрхэр дгъэхьэзырын, зызыхуэгъэзапхъэ IуэхущIапIэхэм запытщIэн ­хуейщ», – дыщIигъуащ ХьэфIыцIэм.

Хасащхьэм къыщащта унафэхэм, къыщыхалъхьа Iуэху­гъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ лъэпкъ Iуэхур дэкIын папщIэ. Ахэр псори гъэ­зэщIа зэрыхъуам, адэкIэ къапэщылъхэм щытепсэлъыхьыну зэIущIэр мэкъуауэгъуэм и 7-м ирагъэкIуэкIыну зэраухылIащ.

Ныбэжь Таисэрэ НэщIэпыджэ Замиррэ

 

Къуэдзокъуэ Анатолэ, Шыкъ Мухьэмэд-Хьид, НэкIацэ Владимир

 

 

 

 

 

 

 

 

 

«Адыгэ псалъэ»

НэщIэпыджэ Замирэ.

СурэтхэрКъарей Элинэ трихащ.

Related posts

Leave a Comment