Адыгэбзэ

ДАХ-ым и Хасащхьэм я зэ1ущ1э

ДАХ-м и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэр щэбэт кIуам Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, США-м, Адыгейм, КъШР-м, Краснодар крайм, Мэздэгу щIыналъэхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэу зэхуэсым кърагъэ­блэгъат КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ДАХ-м и тхьэмадэу щытахэу, иджы Iуэху зезыхьэхэм чэнджэщэгъуфIу ябгъэдэт Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий сымэ, нэгъуэщIхэри.

 Хасащхьэм и лэжьыгъэм зи гуащIэ хэзылъхьэну,  лъэпкъ Iуэхум игъэпIейтейуэ абы фIы хуэзыщIэну зи му­ра­ду гъуэгу кIыхь къызэпызычахэми хьэщIэ лъапIэхэми фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэу­тий.

ЗэIущIэр ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ирегъэкIуэкI. Абы къыбгъэдэсщ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.

 Апхуэдэуи КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ, Правительствэм деж Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я зэпыщIэ­ныгъэхэмкIэ щыIэ комиссэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм лэжьыгъэфI къайхъулIэну ехъуэхъуащ. Абы къыхигъэщащ хэкум къэзыгъэзэжыну мурад зыщIахэми, иджыпсту Сирием къиIэпхъукIыж ди къуэшхэми я Iуэху зыIутыр КъБР-м и Iэтащхьэм и гулъытэ щымыщIэу, Правительст­вэм и нэIэ щIэту зэрекIуэкIыр, СХьР-м щыщу лей зытехьахэм ящыщ зыкъом унагъуэу зэрагъэтIысыжар. Аргуэру унагъуэ 60-м щIигъум, Къанокъуэ Арсен иджыблагъэ ищIа унафэм ипкъ иткIэ, унэ къызэрыхуащэхунур. Абыхэм къалъыкъуэкI  гугъу­ехьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ Правительствэр дэIэпы­къуэгъу хъун хуеймэ, ДАХ-м хъыбар иригъащIэмэ, ехьэкI хэмылъу зэрызэфIагъэкIынур, ар КъБР-м и Iэтащхьэм япэ иригъэщ Iуэхухэм зэращыщыр къыхигъэщащ Къуэдзо­къуэм.

 Махуэм зэрылэжьэну яубзыхуа жыпхъэм псори арэзы техъуа нэужь, IX Конгрессыр зэрекIуэкIрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэм теухуа фильм къагъэлъэ­гъуащ. Абыхэм щытепсэлъыхьым, Сэхъу­рокъуэм къыхи­гъэ­щащ Iуэхум щыпэрыхьэм къалэн къыщащIахэмрэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым зэхилъхьа планымрэ зэфIэхыным иужь зэритар, лъэпкъ зэпыщIэны­гъэхэм, адыгэ Iуэхум, къэрал пщэрылъхэм, жылагъуэ зэхыхьэхэм я гуащIэ зэрыхалъхьэр, гулъытэншэу зыри зэрыбламыгъэкIыр дыщIи­гъуащ.

 

Къардэн Самир Иорданием и сенатор зэрыхъуамкIэ йохъуэхъу

Иужьрей илъэситIым адыгэхэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхум тепсэлъыхьынымкIэ къыщIадзащ Хасащхьэм хэтхэм я зэIущIэр. Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыхэхуа гугъуехьхэмрэ ахэр я адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжынымкIэ ялэжьхэмрэ теухуауэ япэу къэпсэлъащ СХьР-м щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Гугу Акрэм. Абы жиIащ гузэвэ­гъуэр къызэрыхъу лъандэрэ ядэIэпыкъуа, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми, Урысей Федерацэм исхэми, зэкъуэш хэгъуэгухэм я Iэтащхьэхэми Дамаск щылажьэ шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ зэрахуищIыр. КъБР-м и УнафэщIым, ДАХ-м и тхьэмадэм, КъБКъУ-м и ректорым хуабжьу зэрахуэарэзыр къыхигъэщащ, адэжь хэкум къэкIуэжахэм гуапэу зэрапежьам, унэ-лъапсэкIэ къызэгъэпэщыным зэрелIалIэм, щIалэгъуалэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным зэрегугъум, къуэш гумащIэу зэракъуэувам щхьэкIэ. Зи щхьэр мафIэм къыхэзыха адыгэхэм я Iуэхур нобэкIэ здынэсам арэзы къызэрищIыр, иджыри къэс хуащIар зэрызэхащIыкIар къыхигъэщащ Гугум.

— Сирием адыгэу мини 120-м нэблагъэ исщ, ахэр район зыб­жанэм игуэшащ. Зауэр къызэрыхъейрэ адыги 150-м щIигъу яукIащ, куэд уIэгъэ хъуауэ сымаджэщхэм щIэлъщ, – къыпищащ Акрэм и псалъэхэм. – Адыгэ къуажэхэр щыIэщ зы цIыху дэмысыжу (Барекъэ, Бираджэм, Мэрдж-СулътIан, Хъэнэсир, н.), ахэр гузэвэгъуэм зэбгрихуащ, нэхъыбэр Дамаск Iэпхъуащ, хамэ къэралхэр тIысыпIэ ящIащ. Куэдым я унэ-лъапсэхэр мафIэ лыгъейм хисхьащ, зи мылъкур зыщэжаи яхэтщ. ЩытыкIэ гугъу ит цIыхухэр нобэкIэ куэдщ. Сэ къыздэсхьащ иджыри къэкIуэжыну хуей цIыху гупым я цIэ-унэцIэр зэрыт тхылъыр. Абыхэм яхэтщ къызэрыкIуэжын ахъшэ зимыIэ, паспорт къудей зымыIыгъхэри. Лей къатохьэ Сирием щыпсэу адыгэхэм. Ахэр политикэ фIейм, Iуэху мыхъу­мы­щIэхэм хашэну иужь къихьащ. Ауэ адыгэр Iущу къыщIэ­кIащ, зытета гъуэгум текIакъым, я гупсысэкIэми епцIыжа­къым.

Дэ Урысейм ди гур хуэкъабзэщ, Сириемрэ Урысей Федерацэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ зэрытщIынум иужь дитщ. ДАХ-м и зи чэзу зэхуэсым ди гъуэгур нэхъ тынш, ди зэпыщIэныгъэхэм сэбэп нэхъ къызэрикIынум теухуа унафэ пыухыкIахэр къыщытщтэну къытщогугъ сэ сыкъызыхэкIа, бэлыхьышхуэ хэт ди къуэшхэр.

Гугу Акрэм щхьэхуэу къытеувыIащ зи щхьэр мафIэм хэлъ адыгэхэм я гугъуехьыр ящхьэщыхын, нобэ зыгъэпIейтейхэр зэфIэха хъун папщIэ зэфIэгъэкIыпхъэу къилъытэхэм. Абыхэм ящыщщ Сирием къикIыжу Урысейм къэкIуэжыну хуейхэм я визэр ДАХ-м иригъэхь къегъэблагъэ тхылъымкIэ нэхъ псынщIэу, ахъшэ куэд темыхуэу зэтраублэну; УФ-м игъакIуэ кхъухьлъатэхэм паспорт зымыIыгъыж адыгэхэр къашэжыну ягурыIуэныр; хэкум къэкIуэжахэм ящыщу илъэс ныкъуэ лъандэрэ зи тхылъ зэфIэмыкIахэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуныр, шэшэн, дагъыстэн, ингуш, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэри, Сирием зэрисым ипкъ иткIэ, я зэфIэкI зэхалъхьэу абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуныр; КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Краснодар крайм я Iэтащхьэхэр хэлIыфIыхьу Щам щыпсэу ди лъэпкъэ­гъухэр, УФ-м къэрал Iуэху ищIу, нэхъ еужьэрэкIыу къашэжыныр; Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжахэу санаторэ, турбазэ щIэсхэр щIымахуэр къэмыс щIыкIэ унэхэм ягъэIэпхъуэ­ныр; Сирием ирагъэхь ахъшэр цIыхухэм я цIэкIэ яутIыпщмэ, зэраIэрымыхьэм къыхэкIкIэ, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и цIэкIэ яутIыпщыныр.

 

Къущхьэ Исамрэ Къардэн Бэдыррэ

Нью-Джерси штатым (США) щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Мырзэ (Къущхьэ) Исам жиIащ Сирием гузэвэгъуэ щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм нэхъыбэ дыдэу ядэIэ­пы­къуфынур хэкум исхэр зэрыарар. «Иджыри къэс ящIари мащIэкъым, ауэ зи псэм гузэвэгъуэ телъхэм еу­жьэ­рэкIыу ядэ­Iэпы­къун хуейщ. КIуэтэху нэхъыбэ хэкIуэ­дэнуращ. Сэ къалэн псори хэкурысхэм фи пщэ дэслъхьэу аракъым, дэри сыт­кIи дэIэпыкъуэгъу дыхъунущ, ауэ унафэр къэщтэн хуейми, дэIэпыкъуныгъэр къызэгъэпэщыпхъэми, хэкурысхэращ нэхъ зэфIэкI зиIэнур», – пищащ Къущхьэм.

Исам и псалъэхэр диIыгъыу къэпсэлъащ Къардэн Бадыри (США), абы къыхигъэщащ лажьэ лъэпкъ ямыIэу, «джэды­лIэм здихьа бабыщу» ди адыгэ тIэкIур Сирием зэрыщы­кIуэ­дыр и гум зэрыщIыхьэр.

Къущхьэ Догъэн (Истамбыл) къытеувыIащ Сирием икIыу Тыркум кIуахэм я бжыгъэр мин 700-м зэрыфIэкIар, хэти мелуан хъуауэ зэрыжиIэр.

 

Бэгъущэ Iэдэм, КIэкIыхъу Мэжид, Шэрджэс Мухьэмэд

 

— Гузэвэгъуэ хэхуауэ Тыркум зи щхьэр къезыхьэлIэ дэтхэнэ цIыхури шатырым щIегъэтIысхьэ къэралым, гугъуехь лъэпкъ пымылъу. Дэ КАФФЕД-м адыгэ цIыху 1500-р унэхэм щIэд­гъэтIысхьащ, аргуэру иджыблагъэ унагъуэ 25-рэ шэтырхэм щIэсу къыкъуэкIати, ахэри зыхуей хуэдгъэзащ, – къыхи­гъэ­щащ Догъэн.

Хасащхьэм хэт ГуэбэщIыкI Владимир КъБР-м а Iуэхур зэрыщыщытым нэхъ убгъуауэ къытеувыIащ. Абы къыхигъэбелджылыкIащ унагъуэу тIысахэм я Iуэху хъарзынэу зэры­дэкIыр, джэди, къази, былыми зэраIэр, щыгъынкIи, IэнатIэкIи я нэхъыбэр зыхуей хуэзэу зэрыпсэур, къуажэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм хэгуэшауэ, я гъунэгъухэми ягурыIуэу, и щхьэ Iуэху зэ­рахуэжу адэжь щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм зэрыхэсыхьар.

ДАХ-м и япэ вице-президент, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр щIалэгъуалэм зэрыдэлажьэм. Абы къыхигъэщащ а Iуэхум теухуауэ иджып­сту нэхъыщхьэу япэ ирагъэщыр Сирием къикIыж ныбжьыщIэхэр еджапIэхэм щIэгъэтIысхьэныр зэрыарар. Абы къы­дэкIуэу щIалэгъуалэр нэхъ зэрыубыдын, зэгурыIуэн, хэ­хэс­хэмрэ хэкурысхэмрэ зэкъуэувэн папщIэ лэжьыгъэ куэд зэрырагъэкIуэкIыр къыхигъэщащ къэпсалъэм. Университетым зэрыщIагъэтIысхьэ, зэрыщрагъаджэ хабзэхэм щатепсэ­лъыхьым, Къэжэрым жиIащ къэрал унафэм ебэкъуэну зэры­хуимытыр, ауэ, Iэмал зэриIэкIэ, хамэ щIыпIэхэм къикIа ныб­жьыщIэхэм щIэныгъэ зэрагъэгъуэтынымкIэ ДАХ-ри КъБКъУ-ри сэбэп зэрыхъур.

 

Аслъэн Алий, Нэпсо Нихьэт, Хэкужь Iэдэм.

Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ 2014 гъэм илъэси 150-рэ зэрырикъум ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я гугъу щи­щIым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къытеувыIащ мы Iуэхум ехьэлIауэ ягъэзэщIэну я мураду зэхалъхьа, Iуэхугъуэ 32-рэ хъу программэм къыщыгъэлъэ­гъуахэм ящыщу и ныкъуэм нэхърэ нэхъыбэр зэрызэфIэкIар, адрей щIыналъэхэм къыдащIыгъуахэр зэрагъэзащIэр.

— Япэрауэ, ДАХ-мрэ «Бум-Банкымрэ» Хъуэткъуэ Самир и «Адыгэм и тхыдэ кIэщIыр» къыдэкIыным хуэхьэзыр хъуащи, куэд мыщIэу дунейм къытехьэнущ. ДАХ-м къикIуа гъуэгуанэм теухуауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэ­хъыщ­хьэм и къуэдзэ Ширдий Маринэ и тхылъ илъэс ныкъуэ и пэкIэ къыдэкIащ. Къудащ Елбэздыкъуэ къызэралъхурэ илъэ­­си 100 зэрырикъум теухуауэ Iуэхугъуэ щхьэхуэр догъэ­хьэ­зыр, абы теухуа газет къыдэдгъэкIынущ, щыIэ тхылъри зэдгъэпэщыжу, щIэуэ къыдэдгъэкIыжыну ди мурадщ, – жиIащ Хьэ­фIы­цIэм. – КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Шапсыгъым щылажьэ Адыгэ Хасэхэр дызэхыхьэу мы Iуэхум теухуа бгъэхэIухэр, сурэтхэр, бюстхэр дгъэхьэзырыну ди мурадщ. Къи­щынэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ «Адыгэхэм я гуауэр дунейпсо гуа­уэщ» дэфтэрхэр зи лъабжьэ фильм техыным. Ди унафэщIхэр къыддэIэпыкъуурэ, хэкум и щIыналъэхэри хамэ къэралхэри къызэхэткIухьу, Урыс-Кавказ зауэм кърикIуар, абы зэбгри­дза шэрджэсхэм нобэ я псэу­кIэр, гупсысэкIэр къызыхэщ зы фильм тетхамэ, хуабжьу щхьэпэ хъунут. Лохвицкий Михаил и повестым къытращIыкIа «Уа­фэгъуагъуэ макъ» спектаклыр Фырэ Руслан игъэувауэ ди республикэми, Къэрэшей-Шэр­джэсми щагъэлъэгъуауэ щытащ, етIанэгъи ар ди театрым щагъэлъэгъуэныр къызэгъэпэщыпхъэу къыдо­лъытэ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм игъэхьэзыращ «Дэ куэд щIауэ шэрджэскIэ къыдоджэ» тхы­лъыр, адыгэхэм я къекIуэкIыкIам, я тхыдэм, хабзэм теу­хуа тхыгъэ, сурэт куэд дыдэ иту, ар и чэзум къыдэкIыну дыщогугъ. «Адыгэхэр – Балканхэм» зи фIэ­щы­гъэцIэ тхылъыр сурэт гъуэ­зэджэ куэд иту егъэхьэзыр Къущхьэ До­гъэн.

 

Унэж Кашиф, Iэдэмокъуэ Альберт, МэшхуэфI Нэждэт.

Том куэд хъу тхылъхэр, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд игъэхьэзыра «Черкесика» серием хигъэхьэнухэр, фэеплъ сын ягъэувынухэр, махуэгъэпсхэр, журналхэр, адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр къыдэгъэкIыныр, дунейпсо щIэныгъэ конференц  егъэкIуэкIын зэрыхуейр, нэгъуэщI куэди къигъэлъэгъуащ КъАХ-м и тхьэмадэм. А псом нэмыщI, ХьэфIыцIэм зи гугъу ищIахэм ящыщщ «Адыгэ хэхэсхэр» музейр къызэIухын зэрыхуейр. Илъэс 43-рэ лъандэрэ езым зэхуихьэса экспонат мин 20 хуэдиз хъу хьэпшыпхэр е щхьэхуэу, е Лъэпкъ музейм и зы пэш хухахыу къызэгъэпэщыныр и хъуэпсапIэщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм. Абы къыхигъэщащ ар езым и фэеп­лъу игъащIэкIэ адыгэхэм къагъэсэбэпу яIэну, музей хъуну зэ­рыхуейр.

Мухьэмэд и псалъэхэм къыпащэу Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум теухуауэ Къэрэшей-Шэр­джэс, Адыгэ республикэхэм, Шапсыгъ щIыналъэм щрагъэ­кIуэ­кIыну Iуэхугъуэхэм, зэфIагъэкIахэм тепсэлъыхьащ Шэрджэс Мухьэмэд, Бэгъущэ Iэдэм, КIэкIыхъу Мэжид сымэ.

Профессор Унэж Кашиф къыхигъэщащ мы Iуэхухэр адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм теухуауэ зэрыщытыр хэт и дежкIи зэрыгурыIуэгъуэр, ауэ, адыгэхэр щIыпIэ псо­ми къызэрыщамыцIыхум ипкъ иткIэ, 2014 гъэм Сочэ ще­гъэжьауэ Москва нэс, Урысейм и нэхъ къалэшхуэхэм шэр­джэсхэм я щэнхабзэм, гъуазджэм теухуа Iуэхугъуэхэр щрагъэ­кIуэкIыныр къабылу къызэрилъытэр.

 

Хъуажь Фахъри.

 

Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум иращIэкIыну дауэдапщэхэм хагъэхьэмэ фIэигъуэу, Хъуажь Фахъри къыхилъхьащ КъБР-м и Правительствэм и гупэм Къэзанокъуэ Жэбагъы и фэеплъ сын ягъэувын хуейуэ. Къи­щы­нэмыщIауэ, абы жиIащ Кавказ щIэныгъэ къэхутэныгъэ­хэм­кIэ фондым етIанэгъэ Тыркум дунейпсо конференц зэ­рыщригъэкIуэкIым ипкъ иткIэ, абы ягъэкIуэну щIэны­гъэлI­хэр, IэщIагъэлIхэр къыхэхын зэрыхуейр.

ДАХ-м Урысей Федерацэмрэ УФ-м и Олимп комитетымрэ я Iэтащхьэхэм зэрызахуигъэзам къарикIуахэм щытепсэлъыхьым, Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ Олимп Джэгухэр къыщызэIуахкIэ хэтыну лъэпкъхэм щIы Iыхьэхэр щыхуа­гуэшкIэ адыгэхэми къазэрылъысынур, ар дахэу, екIуу зэгъэпэща хъун, шэрджэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр, къекIуэкIыкIар, иджыри лъэпкъ уардэу дунейм зэрытетыр къыхэщу щытын папщIэ, щIыналъэ псоми зэгу­рыIуауэ зэдагъэхьэзырыныр нэхъ зэрыфIэтэмэмыр. «Иджыри къэс Iуэху хъарзынэ зэфIэкIащ, дяпэкIи ар зэрыдгъэ­кIуэ­тэнум, къызэрыхэдгъэхъуэнум иужь дитынущ. Iуэхур къыщежьам къызэрытхущытамрэ иджы къызэрыдбгъэдэт щIы­кIэмрэ зихъуэжащ. Мыр джатэ къихакIэ узыпэщIэувэн Iуэхукъым, атIэ зэгурыIуэныгъэкIэ зэфIэгъэкIын хуейуэ аращ», – дыщIигъуащ Сэхъурокъуэм.

 Абы теухуауэ иIэ еплъыкIэр къыщигъэлъагъуэм, Хъуажь Фахъ­ри къыхилъхьащ «Нарт» эпосым и лIыхъужь нэхъыщхьэ Сосрыкъуэ мафIэр къахуихьу, ар цивилизацэм щIэдзапIэ зэры­хуэхъуам и нэщэнэу, Олимпиадэр къыщызэIуахкIэ, абы теу­­хуа теплъэгъуэ щагъэлъагъуэмэ хъарзынэу къызэрилъытэр.

Хамэ къэрал щыпсэууэ КъБКъУ-р къэзыухахэмрэ и ныбжьэ­гъухэмрэ я Ассоциацэ къызэгъэпэщыным пыщIауэ адыгэ лIыкIуэ гуп Краснодар крайм зэрыщыIам теухуауэ къэпсэ­лъащ Къэжэр Артур, апхуэдэуи Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Европэм, Израилым щыщ хьэщIэхэр УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрийрэ Краснодар крайм и губернатор Ткачев Александррэ Сочэ къалэм зэрыщыхуэзам теухуа видео фильмыр ягъэлъэгъуащ.

— Гугу Акрэм жиIауэ щытащ Сирием къыщекIуэкIыр, адыгэ­хэм къатехьэ лейр федеральнэ Iуэху хъуну хуейуэ. Мис мы зэIущIэр и щыхьэтщ адыгэ Iуэхур къэрал Iуэху зэрыхъуам, – жиIащ Артур. – Ди лIыкIуэ гупым къыхуэзар УФ-м и Президент Путин Владимир гъунэгъу дыдэу къыдэлажьэ цIыхуу зэ­рыщытым, ар, езым и цIэм и мызакъуэу, къэралым и Iэтащ­хьэм, Правительствэм къыбгъэдэкIыу зэрыпсэлъам мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Мы гупым я гъусэу зэIущIэм хэта КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий нобэкIэ нэхъ дызыгъэпIейтей упщIэ псоми жэуап ягъуэтауэ къелъытэ. Уеблэмэ, абы щыжаIахэр псалъэм къыщымынэу Iуэхум зэрыхуэкIуам и щыхьэту Козак Дмитрий и дэIэпыкъуэгъухэр, ректорым деж къэпсалъэри, къыжраIащ Сирием къикIхэм я визэ Iуэхур нэхъ тынш щIы­ным иужь зэрихьар, апхуэдэуи дыкъагъэгугъащ Ванкувер, Австралием Олимп Джэгухэр щыщекIуэкIам а щIы­налъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я Iуэхур къызэрыхэщам нэхърэ нэхъыбэу Урысейм щыпсэу адыгэхэм ятеухуар хэтыну. КъыщызэIуах, щызэхуащIыж махуэхэм утыку дызэритынум нэмыщI, махуэ къэс ди тхыдэр, ди хабзэр щыдгъэлъэгъуэну утыкухэр тхузэрагъэпэщынущ.

Сэ сызэреплъымкIэ, ди къаруи, щIэныгъи, зэмани нэхъыбэу зытегъэкIуэдэн хуейр мис а Iуэхугъуэр дахэу къызэ­рызэдгъэ­пэщынурщ. Апхуэдэуи Къарэмырзэ Барэсбий а зэ­IущIэм къыщиIэтащ хамэ къэрал къикIыу ди деж щеджэ ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм хухах тIысыпIэр нэхъыбэ щIыныр. АбыкIи дыкъагъэгугъащ.

  Олимп Джэгухэм я Iуэхур къызэрежьэрэ ар щекIуэкIыну щIыналъэм адыгэхэр зэрыщыпсэуар зэрыжамыIэрат нэхъ дыкъэзыгъэуIэбжьу хэлъари, иджы мы зэIущIэм щызэхэтхащ Сочэ щIыналъэр шэрджэсхэм яйуэ зэрыщытар, иджыри зэрыщыпсэур, апхуэдэуи Iуэхур ядэтIыгъыну зыкъытхуа­гъэ­защ.

Краснодар крайм щыIа гупым яхэта Къардэн Самир къыпищащ Артур и псалъэхэм:

— Адыгэм и быныр зыщIэхъуэпсыр а щIыр дэ дызэрейр нахуэу жаIэнрати, а махуэм ар зэхэтхащ. Сыт щыгъуи дихьэныр зэрафIэкъабылыр, Iэпхъуэжыну хуейхэми я гъуэгур зэрызэIухар къыхагъэщащ, – жиIащ Самир. – Сочэ Олимпиадэ щегъэкIуэкIыным пэщIэтхэм тегъэщIапIэ ящIыр я адэжьхэр щызэтраукIа щIыпIэм, абыхэм я хьэдэкъупщхьэхэр здыщIэлъым зэрыщыджэгунурати, абы и жэуапи зэхыдагъэхащ. Къыдэпсэлъа лIыщхьэхэм къыджаIащ апхуэдэ щIыпIэхэр къахутэу къызэраухъуреихьар, кхъэхэм я гъунэгъуу зыри зэ­ры­щамыщIыр. Олимпиадэр щекIуэкIкIи, иуха нэужьи абыхэм адыгэхэр ихьэну, я адэжьхэр ягу къагъэкIыжыну хуитщ. «Дэ адыгэхэр ди къуэшу долъытэ, дэнэ щыпсэуми, ди щхьэр лъагэу дагъэлъагъуж. Олимпиадэм хэтыну хуей щыIэмэ, сыткIи сэбэп дахуэхъунущ дэнэ щыпсэу адыгэхэми» – апхуэдэ псалъэхэм ди гухэр къыдрашеяуэ дыкъэкIуэжащ.

Самир и псалъэхэм КIэкIыхъу Мэжид дыщIигъуащ хы ФIыцIэм щыпсэу адыгэхэм я гур мы зэIущIэшхуэм зэрыхигъэ­хъуар, Козак Дмитрий фIыщIэ зэрыхуащIар. Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм къыхигъэщащ ДАХ-м къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъ Козакрэ Ткачеврэ хуагъэхьыныр зэрыфIэи­гъуэр.

Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ мы Iуэхум къарукIи, пщты­рагъкIи хэпщIыхьынышхуэ зэрыщымыIэр.

— Мыр акъылкIэ, губзыгъагъкIэ, шыIэныгъэкIэ узыбгъэдыхьэн хуей Iуэхущ. Япэрауэ, мыбы къыджаIамкIэ арэзы ды­хъуащи, фIыщIэ тхылъ яхуедгъэхьыныр къезэгъыу къызо­лъы­тэ; етIуанэрауэ, абы дыщIыдгъуми хъунущ а Iуэхум хэтлъхьэн хуейуэ къэтлъытэхэри. ФIым къимыхь Iейм къихьыркъым, жаIэ игъащIэми адыгэхэм. ДахэкIэ иужь дитмэ, согугъэ ди мурад къыдэхъулIэну, – къыхигъэщащ абы.

Адыгэбзэр Урысей Федерацэмрэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэмрэ я деж щыхъумэнымкIэ лъэпкъ программэ зэхэлъхьэным теухуауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ тхыгъэ­хэр зэхуахьэсу тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIыу программэм елэжьыну зэрамурадыр. КъищынэмыщIауэ, иджыблагъэ Анкара щекIуэкIа АдыгэбзэмкIэ етIуанэ дунейпсо щIэныгъэ конференцым къыщыхалъхьа Iуэхугъуэхэри а программэм хэ­лъы­тэн зэрыхуейр къыхигъэщащ. КАФФЕД-м къызэригъэ­пэща а конференцым къыщащта унафэхэр ДАХ-м хэтхэм я деж кърахьэлIэжащ Шыгъэлыгъуэ Уэджит, МэшхуэфI Нэждэт, Хъуажь Фахъри сымэ.

Адыгэ лъэпкъым и дунейпсо махуэ гъэувыным и IуэхукIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыпсалъэм жиIащ ар фокIадэм и ещанэ щэбэтым трагъэхуэныр зэрыфIэкъабылыр. Адыгэм щыгъуэ махуи, нэгъуэщI махуэ хэгъэнэхукIахэри иIэщ, ауэ щыгушхуэну, и хабзэр, щэнхабзэр щигъэлъэгъуэну, щIалэгъуалэм я щхьэр Iэтауэ щызэхыхьэну махуэ диIэн зэрыхуейм ипкъ иткIэ, бжьыхьэ махуэ дыщафэр къызэрыхахым арэзы техъуащ Хасащхьэм хэтхэр.

ДАХ-м и япэ президент Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ дызыхуэкIуэ щIышылэ мазэм и 1-м илъэс 80 зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и вице-президент Шэрджэс Мухьэмэд. Абы къыхигъэщащ а Iуэхур къы­зэ­гъэпэщынымкIэ комиссэ хахыну КъШР-м и Правительствэм зэрызыхуагъэзар. А программэм хагъэхьэну я мурадщ КъШР-м щыIэ Юридическэ институтым, Черкесск къалэм и зы уэрамым Къалмыкъ Юрэ и цIэр фIэщыныр, фэеплъ сын хуагъэувыныр. «Къалмыкъ Юрэ и цIэкIэ еджэныгъэхэр библиотекэхэм къызэрагъэпэщ. Ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкIынущ апхуэдэ еджэныгъэхэр. Абы ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм лъэIу тхылъ къы­хуед­гъэхьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым щIэныгъэ-практикэ конференц къыщызэрагъэпэщыну. Догугъэ Къалмыкъым и цIэкIэ Москва щыIэ фондми ди Iуэхухэр къыддиIыгъыну», – жиIащ Мухьэмэд.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыпсалъэм къыхигъэщащ «Черкесика» серием хэту къыдэкIа, Къалмыкъ Юрэ теухуа тхы­лъым ит тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ нэхъыбэ ящIу, трамыдза и гукъэкIыжхэри хэту иджыри зы тхылъ къызэрыдагъэкIынур.

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и къэрал саугъэтым и лауреат КIы­що­къуэ Алим къызэралъхурэ 2014 гъэм илъэси 100 зэрыри­къум щытепсэлъыхьым, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ДАХ-р, КъАХ-р я гъусэу Iуэхугъуэ пыухыкIахэр ирагъэкIуэкIыну зэрамурадыр. Абы хэтынущ КIыщокъуэм и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъипщI хуэдиз  къызэрыдагъэкIынури. Къи­щынэмыщIа­уэ, 2014 гъэр дуней псом КIыщокъуэ Алим и илъэсу гъэувыныр ДАХ-м къыхилъхьэныр зэрыфIэигъуэр жиIащ Мухьэмэд. Абы арэзы техъуащ Хасащхьэм хэтхэр.

 ДАХ-м и мылъку зегъэкIуэкIэмрэ Уставым къыщыгъэлъэ­гъуахэр зэригъэзащIэмрэ къэпщытэным кърикIуахэм тепсэлъыхьащ Къуэдзокъуэ Анатолэ.

Иджыблагъэ Мейкъуапэ щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ-2013» дунейпсо зэпеуэр къызэрызэрагъэпэщар, абы адыгэ щIэблэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, пщащэ губзыгъэхэр, Iэдэбхэр, акъыл жанхэр дызэриIэр къыхигъэщащ зэпеуэм и къэпщы­такIуэ гупым яхэта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и ныб­жьыр 2013 гъэм илъэс 80 зэрырикъум ипкъ иткIэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхилъхьащ мы къэфакIуэ гупым ДАХ-м къыбгъэдэкIыу «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» («На­цио­нальное достояние адыгского народа») цIэр фIащыну. «Къэралым и тыгъэ, цIэ лъапIэ псори зиIэ, зи илъэс 80-р зы­гъэлъапIэ ансамб­лым апхуэдэ гулъытэ лъыдгъэсыныр къезэгъыу къызолъытэ», – пищащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым цIэ лъапIэр хуэгъэфэщэным теухуауэ Мухьэмэд къыхилъхьа Iуэхум псори арэзы техъуэри, апхуэдэ Iуэху екIур и кIэухыу ДАХ-м и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэр зэхуащIыжащ.

Шыгъэлыгъуэ Уэджид.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Сирием къикIыжа ди къуэшхэм яхэтщ.

 НэщIэпыджэ Замирэ,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт,

«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI.

Related posts

Leave a Comment