Адыгэ ныпым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу, си лъэпкъэгъухэ!
Мы гъэм мэлыжьыхьым и 25-м илъэс пщыкIущ ирокъу Адыгэ ныпым и махуэр адыгэу дунейм тетым зэрагъэлъапIэрэ. 2010 гъэм ар къихилъхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Лъэпкъ къэс езым иIэжщ и къежьапIэ, и тхыдэ, ирехъу ар хабзэм, щэнхабзэм е гъэсэныгъэм ехьэлIауэ. А фIыгъуэ мылъытэу лъэпкъыр зэтезыIыгъэр тхъумэжыну ди къалэнщ дэтхэнэ зыми. ЛIэщIыгъуитIым нэблэгъауэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ и ныпыр. Иужьрей илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Гъэ къэси цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэу, адыгэхэр зыщыпсэу щIыпIэхэм я музейхэм, библиотекэхэм, курыт еджапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм Iуэху гъэщIэгъуэн куэд щрагъэкIуэкI. Адыгэ ныпым ехьэлIа а…
Дальше