Новости

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэшхуэр, фокIадэм и 20-р, догъэлъапIэ

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!

ИлъэсипщIым  щIигъуауэ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэшхуэр, фокIадэм и 20-р, догъэлъапIэ. А  махуэр 2014 гъэм КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ ягъэуващ икIи ар зыгъэпсэхугъуэ махуэу къащтащ.

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщIыр махуэгъэпсым зэрыхэувэрэ куэд щIакъым, ауэ дэ ди тхыдэр лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ икIи ар хуабжьу куущ, убгъуащ, къулейщ. Урысей къэралыгъуэм, дунейпсо цIыхубэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа  лъэпкъхэм ящыщщ адыгэхэр.

Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, сурэтыщI  Iэзэхэм,  лIыхъужьхэм  ди лъэпкъым и цIэр лъагэу яIэтащ.

Хамэ щIыпIэхэм щыпсэу адыгэхэм яхузэфIокIыр я бзэр, адыгагъэр, лъэпкъ хабзэхэр, щэнхабзэ фIыгъуэхэр яхъумэжыну.

ДяпэкIи, лъэпкъ тхыдэм хыхьэу къызэднэкIа напэкIуэцI гузэвэгъуэхэр зыщыдмыгъэгъупщэу, дунейр мытыншми, щIэблэр лъэпкъым, къэралым иригушхуэу, игъэлъапIэу   къэдхъэхъуну ди къалэнщ дэтхэнэ зыми.

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу сывохъуэхъу Адыгэм ди махуэщIымкIэ.  Унагъуэ къэс узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, ехъулIэныгъэ, насып диIэну! Ди пщэдейм папщIэ псэзэпылъхьэпIэ ит ди щIалэхэр хэщI димыIэу, узыншэу къекIуэлIэжыну Тхьэм жиIэ.

ИрефIакIуэ  адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыхухэр псори.  Иребыдэ лъэпкъыбэу зэхэт ди Хэкушхуэр, зэгурыIуэныгъэрэ мымырыгъэрэ щытепщэу.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм  и Тхьэмадэ

    Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

 

Related posts

Leave a Comment