Бырс Реджаи и фэеплъу
Хъыбар гущIыхьэ къикIащ Тырку къэралыгъуэм. И ныбжьыр илъэс 66-м иту дунейм ехыжащ Тыркумрэ Урысеймрэ фIыуэ къыщацIыхуу щыта, адыгэ лъэпкъым и къуэ пэж, жылагъуэ лэжьакIуэ Бырс Реджаи.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэр яхуогузавэ Бырс Реджаи и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.
Бырс Реджаи 1959 гъэм мазаем и 10-м Тырку Республикэм къыщалъхуащ. Къыщыхъуари Къайсэр и Пынарбаш щIыналъэм хиубыдэ Пазарсу (Анзорей) жылэрщ.
I978 гъэм щегъэжьауэ Тыркум и хьэуа дзэм къулыкъу щищIащ. I993-2008 гъэхэм Къайсэр Кавказ щэнхабзэ хасэм щылэжьащ. Абы къыдэкIуэуи ЦIыхубэ-Республикэ партым хэтащ.
ИужькIэ илъэс зыбжанэкIэ Реджаи Анкара дэт Шэрджэс Хасэм щылэжьащ. 20I5-20I8 гъэхэм КАФФЕД-м и Хасащхьэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, абы и тхьэмадэм и япэ къуэдзэу, жыджэру Iуэху щызэрихьащ. Абы къищынэмыщIауэ, МэкъумэшыщIэхэм я профсоюзхэм я федерацэм, Кавказ хьэрычэтыщIэ клубым хэтащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр хуагъэфэщащ лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэлэжьа, абы и Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуэта Реджаи.
Езым хуэфэщэну къуитI къыщIэхъуащ. И анэдэлъхубзэм нэмыщI, тыркубзэрэ инджылызыбзэрэ ищIэт.
Нобэ апхуэдэ цIыху гуащIафIэ зэрытхэкIар ди дежкIэ гущIыхьэщ. Бырс Реджаи адыгэ псоми я гум илъынущ, цIыхуфIу, хэкупсэу, адыгэлIу зэрыпсэуам хуэдэу.
Алыхьым жэнэткIэ уигъэгуфIэ, ди къуэш лъапIэ Реджаи.
ДАХ-м и Хасащхьэ къыбгъэдэкIыу Cэхъурокъуэ Хьэутий