МЧА.Пройден еще один важный этап
Журнал «Архивы и общество» №23 посвящен деятельности Международной Черкесской Ассоциации за 2009-2012 годы.
Дэфтэр хъумап1эхэмрэ жылагъуэмрэ
Журналым и 23-нэ къыдэк1ыгъуэр иджыблагъэ дунейм къытехьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IX зэхуэсышхуэм ирихьэл1эу ди пащхьэ къралъхьа журналыр зэрыщыту зытеухуар ДАХ-р иужьрей илъэсищым зэрылэжьа щ1ык1эрщ, зэф1игъэк1а лэжьыгъэхэрщ, къищта унафэхэрщ.
Журналым пэублэ псалъэ хуэхъуащ 2009-2012 гъэхэм ДАХ-м и тхьэмадэу лэжьа Ажахъуэ Къанщобий къра1ыха интервьюр. Ар зэпкърыхауэ топсэлъыхь ДАХ-м и Хасащхьэмрэ Гъэзэщ1ак1уэ гупымрэ зэщ1ыгъуу ирагъэк1уэк1а, мыхьэнэшхуэ зи1э 1уэхухэм, адыгэ псоми я зэгухьэныгъэм и ф1ыщ1эк1э ди лъэпкъэгъухэм къайхъул1ахэм, хамэ къэралхэм щызэбгрыпхъа ди къуэшхэм ящыщу къэзыгъэзэжахэм, еджак1уэ къэк1уахэм я 1уэху зы1утым, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм щылажьэ къудамэхэм зэф1ах лэжьыгъэхэм, нэгъуэщ1хэми.
Журналым и япэ 1ыхьищым зэщхьэщыхауэ къыщыгъэлъэгъуащ блэк1а илъэсищым ДАХ-м къэрал 1уэхущ1ап1эхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм 1уэхук1э, лъэ1ук1э зэрызахуигъэза дэфтэрхэр, абыхэм я1а жэуапхэр, ди дежк1э мыхьэнэшхуэ зи1э махуэшхуэхэр, щыгъуэ, фэеплъ махуэхэр зэрырагъэк1уэк1ар, адыгэхэм ехьэл1а 1уэху зэхуэмыдэхэм УФ-м, КъБР-м я утыкушхуэхэм зэрыщытепсэлъыхьар, ц1ыху щхьэхуэхэм я 1уэху еплъык1эхэмрэ бгъэдыхьэк1эщ1эхэмрэ, нэгъуэщ1хэри.
Апхуэдэуи журналым ихуащ адыгэ псоми я зэхуэдэ литературэбзэ зэхэлъхьэным, ди лъэпкъым къыхуэк1уа лъэпсэрыхыр Урысей, хамэ къэрал политикэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам, Сочэ щек1уэк1ыну Олимп Джэгухэм адыгэ 1уэхур хэгъэхьэн зэрыхуейм ехьэл1ауэ УФ-м и Президентым зэрызыхуагъэзам теухуа тхыгъэ гъэщ1эгъуэнхэр. Блэк1а илъэсищым къриубыдэу хамэ къэрал зэмыл1эужьыгъуэхэм щылажьэ хасэ къудамэхэм ящ1ахэр щызэпкърыха дэфтэрхэр къыщыхьащ мы къыдэк1ыгъуэм.
Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы хэтхэмрэ я 1уэхущ1афэхэм нэхъ 1упщ1у ущызыгъэгъуазэ тхыгъэхэмк1э зэхэгъэуващ епл1анэ 1ыхьэр. Псалъэм къыдэк1уэу жып1эмэ, зриплъэж лъэхъэнэм къриубыдэу хасэм къыщыгъуа 1уэхугъуэ нэхъыщхьэхэм я хроникэр, къыдагъэк1а тхылъхэр, ДАХ-м и саугъэтхэмрэ дамыгъэ лъап1эхэмрэ зыхуэдэхэр итщ. Еджэ псоми яф1эгъэщ1эгъуэныну къыщ1эк1ынщ Хасащхьэм иригъэк1уэк1 лэжьыгъэр жылагъуэм къазэрыщыхъур къащ1эн мурадк1э зи 1эщ1агъэк1э, щ1эныгъэк1э, ныбжьк1э зэхуэмыдэ ц1ыху 200-м кърагъэ1уэта гупсысэхэр.
Зи ц1эр дунейм къытенэр мыл1а пэлъытэщ жа1э, блэк1а илъэсищыр къыщипщытэжым журналым гулъытэншэу къигъэнакъым «адыгэ дунейм» ц1эры1уэу хэта, зи лъэпкъэгъухэм папщ1э псэемыблэжу лэжьа тхыдэ щ1эныгъэхэм я доктор, профессор, Щ1ДАА-м и академик, УФ-м, КъБР-м щ1эныгъэхэмк1э щ1ыхь зи1э я лэжьак1уэ Думэн Хьэсэн, КъБР-м и ц1ыхубэ тхак1уэ, щ1эныгъэхэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ Нало Заур, филологие щ1эныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щ1эныгъэхэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ Ц1ып1ынэ Аслъэн сымэ.
Зи гугъу тщ1ы тхыгъэхэр адыгэбзэк1и, урысыбзэк1и, тыркубзэк1и, инджылызыбзэк1и итщ журналым, апхуэдэуи ирагъэк1уэк1а зэхуэсхэм, адыгэм и дунейм къыщыхъуа махуэ лъап1эхэм щытраха сурэтхэмк1э гъэщ1эрэщ1ащ.
Къэбарт Мирэ.
«Адыгэ псалъэ»