Новости

Тыркум щылажьэ Кавказ хасэхэм я федерацэм хэтхэм яхуэгъэзауэ

Ди ныбжьэгъу лъап1эхэ!

Мы махуэхэм фэри дэри хуабжьу дигъэп1ейтеящ Тыркум къик1ыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэк1уэжауэ щеджэ, щылажьэ, щыпсэу ди къуэшхэм я щы1эк1э-псэук1эр, я дэфтэрхэр къэрал къулыкъущ1ап1эхэм къызэрапщытам.

Тыркум и Хьэуа Къарухэм Урысей Федерацэм и дзэ кхъухьлъатэр къызэрыраудыхам къыхэк1ыу, 1эпхъуэшапхъуэ 1уэхухэмк1э федеральнэ къулыкъущ1ап1эу КъБР-м щы1эм унафэ къы1эрыхьащ Тыркум и ц1ыхуу республикэм, къэралым исхэм я дэфтэрхэр къапщытэн хуейуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэу щыпсэу ц1ыху 200-м ящыщу 26-м я тхылъхэр мытэмэму къыщ1эк1ри,  1эпхъуэшапхъуэ 1уэхухэмк1э федеральнэ къулыкъущ1ап1эу КъБР-м щы1эм ирагъэблэгъащ.

Абы игъэщта ди къуэшхэм фэрэ дэрэ зыкъытхуагъэзащ, 1уэхум и хэк1ып1э хъунур зэгъусэу зэхэдгъэк1ыну. Ф1ыщ1э ин фхуэфащэщ, псалъэ лейхэр жыдмы1эу, щхьэ закъуэу утыку ихьэ къытхэмык1ыу  зэгъусэу 1уэхум иужь дызэрихьамк1э. КАФФЕД-м  и лъэныкъуэк1и зыри къыфтенакъым, фи 1э къихь фщ1ащ. Дэри иужь дитщ къежьа 1уэхур тэмэму и к1эм нэсу зэрызэф1этхынум. Интернетымк1и, ДАХ-м и сайтымк1и, «Адыгэ псалъэ» газетымк1и хъыбар къызэрыфлъэ1эсащи, дэ Тыркум къик1ыжауэ адэжь щ1ыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм дахуэзащ, республикэ унафэщ1ми, къэрал къулыкъущ1ап1эхэми далъэ1эсащ, КъБР-м и Жалыгъуэ палатэми мы 1уэхум дыщытепсэлъыхьащ. Къытлъыкъуэк1а лъэпощхьэпом и хэк1ып1э хъунур зэдгъащ1эри, абы иужь итыну гупи хэтхауэ, ди нэ1э щ1эту йок1уэк1. Иджыпсту зи тхылъхэм ныкъусаныгъэ и1эу къалъыта ц1ыху зыбжанэм я 1уэхур судым зэхегъэк1, уэчыли къахуэтщтащ.

Си щхьэк1и, ДАХ-м хэтхэми къабгъэдэк1ыу иджыри зэ ф1ыщ1э фхузощ1 къаугъэм гъуэгу имыгъуэту зэф1эгъэк1ынымк1э сэбэп фыхъуну жэрдэм зэрыфщ1ам щхьэк1э. КАФФЕД-р ДАХ-м и къудамэ нэхъ инщ, абы и л1ык1уэхэм я псалъэм сыт щыгъуи пщ1э и1эщ, апхуэдэ дыдэуи адыгэ лъэпкъым и нэхъыбэр щыпсэу къэралыр Тыркуращи, дэ мыхьэнэшхуэ идот Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ я зэхущытык1эр емык1эк1уэным, ар п1алъэ к1эщ1ым къриубыдэу зэтеувэжыным.

Зэманым къызэригъэлъэгъуащи, дэ нэгъуэщ1 лъэпкъхэм  захуэдгъазэурэ дытхьэусыхэк1э, нэгъуэщ1 къэралхэм адыгэ 1уэхур щыдгъэк1уэтэну иужь дихьэк1э къыдэхъул1эну1акъым. Зызыхуэдгъэзапхъэхэмрэ зи 1уэху къытхэлъ къулыкъущ1ап1эхэмрэ дадэлажьэмэщ ди пащхьэ къиувэ лъэпощхьэпохэр къыщызэднэк1ыфынур. Ар ф1ыуэ къыдгуры1уауэ щытын хуейщ дэнэ къэрал щыпсэу адыгэми.    «Узэкъуэтмэ, улъэщщ», же1э адыгэм. Сэ быдэу си ф1эщ мэхъу дызэгуры1уэу, и чэзум дызэрыщ1эу дызэдэлажьэмэ, лъэпкъ 1уэхур ипэк1э зэрык1уэтэнур.

Сэхъурокъуэ Хьэутий,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ. 

Related posts

Leave a Comment