Новости

Лъэпкъым къыпэщыт зи чэзу Iуэхухэм щытопсэлъыхь

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу илъэс зэIущIэр дыгъуасэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.

АБЫ ХЭЛЭЖЬЫХЬАЩ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щы­лажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэм­рэ лIыкIуэхэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Ад­министрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и уна­фэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэным­рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьым и советым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.

Хасащхьэм и зэIущIэм щытепсэлъы­хьащ лъэпкъым къыпэщыт зи чэзу Iуэхухэм, Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъу­хэу къэIэп­хъуэжахэм я Iуэху зыIутымрэ абыхэм зэрадэIэпыкъумрэ, Тыркум, Израилым къыщызэрагъэпэща фестивалхэр зэре­кIуэкIам, абыхэм Хасэшхуэм и лIы­кIуэхэр зэрыхэтам, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIэблэр ди республикэм зэрыщыIам, нэгъуэщIхэми.

Хасащхьэм и зэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

 

 

Related posts

Leave a Comment