Новости

Адыгэ Диктант

ХъыбарегъащIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, гъатхэпэм и 6-м адыгэ зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIынущ «Адыгэ Диктант». ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ Хасэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гупыж зиIэхэр. Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щекIуэкIынущ:

 — Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм, сыхьэтыр 15.00 – м щIидзэу;

 — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и №501 (СГИ) пэшым, сыхьэтыр 15.00-м щIидзэу.

Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну фыкъыхудоджэ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэ мащIэ зыщIэ цIыхури. ИджыкIэ ар зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ: intercircass.org

    УпщIэ зиIэхэр 89286934817; 89289109975  телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.

 Положение о Тотальном диктанте

Related posts

Leave a Comment